Си Хэку щынэхъ щIыIэ махуэ закъуэ ХамэщI гъатхищэ нэхърэ нэхъ къэсщтэнщ

Кавказым, «ищхъэрэм и куэбжэм», зэман жыжьэхэм щыщIэдзауэ цIыхухэр къыхуоIэ. Ахэр зыIэпашэрт хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ гъэнщIа щIыналъэм, хъупIэ къулейхэм, хьэуа къабзэм, салъкъын гуапэхэм…
«Псытепхъэ бгъуэтынукъым бгыхэм я бгыж Кавказым, псыпыху Iэлхэр къуршыщхьэм къыщелъэ щIыпIэм, унэмысауэ. Вагъуэ дыдэхэм я лъабжьэм къыщожьэ бгы задэхэр», - Хьисэ бегъымбарыр къалъхуным и пэкIэ 479 гъэм Эсхил щитхыгъащ и «Прометей кIэраIулIам».
Пасэрей алыджхэм я псысэхэми къыхощыж дыщэ кIадэр - къулеигъэм, насыпым я хэкIыпIэр - къэзылъыхъуэу щыта аргонавтхэр Кавказым къэкIуауэ зэрыщытар. Абыхэм яхэтащ Геракл лIыхъужьыр - Зевс къызэригъэпцIам щхьэкIэ Iуащхьэмахуэ кIэраIулIауэ щыта Прометей хуит къэзыщIыжар. КъызэраIуэтэжымкIэ, Прометей мафIэ лъапIэр къидыгъужри, цIыхухэр кIуэдыпIэм къришыжащ.
Хьисэ къалъхуным и пэкIэ еплIанэ лIэщIыгъуэм Кавказ Курыхыр, иджыпсту Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр здэщыIэр, къызэхикIухьауэ щытащ пасэрей алыджхэм я еджагъэшхуэ цIэрыIуэ Аристотель. «КъуэкIыпIэм хуэкIуэу зызыукъуэдий къуршыжь псоми нэхърэ Кавказыбгхэр нэхъ хьэлэмэтщ я инагъкIи, я лъагагъкIи», - итхыгъащ абы.
Пэж дыдэу, иныжь абрагъуэхэм зэтралъхьа фIэкI умыщIэну, Кавказыбгхэм километр 1500-кIэ заукъуэдий, тенджыз ФIыцIэм къыщыщIэдзауэ Хъэзэр тенджызым нэсу. Хъэзэрым и картэ тэрэз япэ дыдэу зыщIари Петр Езанэм и дэIэпыкъуэгъуу щыта, щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъа адыгэлI цIэрыIуэ Черкасскэ Бэч и къуэ Александрщ.
Къазбэч (метр 5033), Дыхь-То (5203), Щхьэрэ (5063), Къуштэн-То (5151), Жангъы-То (5049) Iуащхьэхэм я щхьэ тхъуахэр уафэ къащхъуэм хуаIэт. Ауэ псом нэхърэ нэхъ уардэр метр 5642-рэ зи лъагагъ Iуащхьэмахуэ щхьэ дыкъуакъуэрщ - бгыхэм, мэзхэм, уэсхэм я «пщыгъэр» зыIэщIэлъырщ.
Зи щхьэр къетхъуха Iуащхьэмахуэ-дадэм фIыуэ ещIэж илъэс мин бжыгъэкIэ бгырысхэр зауэм хэзымыгъэкIахэр – кимерийхэр, боспорхэр, скифхэр, щэрмэтхэр, хъэзэрхэр, гуннхэр, аланхэр, къэжэрхэр, монголхэр, тыркухэр, тэтэрхэр. ЕщIэж Кавказым щыпсэухэр я бжьым щIагъэувэн мурадкIэ лъы куэд иракIутами, ахэр къызэрамыгъэшыфар. А къэзэуатщIакIуэхэм ящыщ куэдыр ижь-ижьыж лъандэрэ мы щIыпIэм щыпсэу лъэпкъхэм яхэшыпсыхьыжри, езы бгырысхэм ящыщ хъужащ нобэ.
Кавказым и лъэпкъ мащIэхэр я нэхъ бий бзаджэми бгыхэм щахъумэрт, абыхэм удын ирадзын папщIэ ахэр сыт щыгъуи дэIэпыкъуэгъу хъурт.
Къэжэр тхыдэтх Шериф-ад-Дин Йезди и «ТекIуэныгъэ тхылъым» узбек дзэзешэ Темырлан щытепсэлъыхькIэ, мыпхуэдэу етх: «Урысхэмрэ къыпчакъхэмрэ ятеухуауэ эмирым игу зэгъа нэужь, и дзэм щIыгъуу абы IуащхьэмахуэкIэ иунэтIащ»… Ауэ тепщэ лъэбышэ ябгэм мыбдеж и пхъэр къыщикIакъым – бгырыс хъыжьэхэм я сэшхуэр нэхъ гуащIэу къыщIэкIащ. А бгырысхэр тенджыз ФIыцIэм и ищхъэрабгъу лъэныкъуэм, Псыжь Iуфэ къиIэпхъукIри мыбы къэкIуат – ахэр синдхэм, мэуэтхэм, зихьхэм икIи керкетхэм я лIэужьт.
Кавказым щыпсэу адыгэ лъэпкъхэм я гъащIэмрэ я хьэл-щэнхэмрэ теухуауэ куэд ятхащ алыдж тхакIуэхэу Геродот, Птолемей, къэхутакIуэхэу тырку Челеби, хьэрып Масуди, Генуе щыщ Интериано, Венецием къикIа Барбаро сымэ…
Iуащхьэмахуэ ещIэж адыгэхэм япэ дыдэ яухуа къэралыгъуэр – Синдикэр, Кавказым и Ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ Анапэ, Тамань, ЦIэмэз щIыпIэхэр зыIыгъар. Ди эрэм и пэкIэ еплIанэ-ещанэ лIэщIыгъуэхэм мыбы мэкъумэш щIэным зыщиужьат. Синдхэм я щIыналъэр къулейт, нэхъыбэу зэлэжьыр хьэцэпэцэрт, псом хуэмыдэу гуэдзырт. Къэралым щыпсэухэр зрикъун къалэжьыж къудейм къыщымынэу, Синдикэм гъавэкIэ сату дищIырт Алыджым. Абы щыхьэт тохъуэ мывэ блынхэм къытена сурэтхэр, пасэрей тхакIуэхэм я тхыгъэхэр, псом хуэмыдэу Демосфен и IэдакъэщIэкIхэр. Хьэцэпэцэхэм нэмыщI, мыбы щелэжьырт пхъэщхьэмыщхьэм, санэм. Абы теухуауэ тхыгъэ къигъэнащ алыдж географ цIэрыIуэ Страбон.
ИужькIэ Боспор къэралыгъуэм и IэмыщIэм ихуа Синдикэм Iэщ гъэхъунми зыщиубгъуат. Синдхэм зэрахуэрт жэм, хыв, мэл, бжэн. Зыужьыныгъэшхуэ игъуэтат IэпщIэлъапщIэнми. Хьэкъущыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр ятIагъуэм къыхащIыкIырт, гъущIым, гъуаплъэм, жэзым елэжьырт. Iэщэ щIынми зыщиубгъуат Синдикэм. Адыгэ сэшхуэр, къамэр щIыпIэ куэдым щыцIэрыIуэт.
Ахъшэ жьгъей къыщIэгъэкIыныр IэщIагъэ хэхауэ ябжырт. Синдхэмрэ мэуэтхэмрэ я кхъащхьэхэм къыщагъуэтыжа хьэпшыпхэр дыщэхэкIт къызыхэщIыкIар икIи ахэр IэщIагъэшхуэ зиIэхэм зэраIэдакъэщIэкIыр нэрылъагъут.
Iуащхьэмахуэ ещIэж кIэсэгухэм я пелуан Ридадэрэ тмутэрэкъаныпщ Мстиславрэ утыкушхуэм къарукIэ зэрыщызэрыгъэунэхуар. А зэман жыжьэм лъандэрэ, епщIанэ лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ, урысхэмрэ адыгэхэмрэ я шыгъупIастэ зэIулъщ; Чернигов тмутэрэкъаныпщхэм я дзэм адыгэхэм къулыкъу щащIэрт, абыхэм ирагъэкIуэкI зауэхэм лIыгъэ щызэрахьэрт.
Езыхэм я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу, урысхэм ящIыгъуу адыгэхэр хамэщI къикIахэм мызэ-мытIэу ебэнащ. Абы и щыхьэтщ 964, 966 гъэхэр. А илъэсхэм урыс, шэрджэс шууейхэр зэщIыгъуу хъэзэрхэм езэуащ. Зэгъусэу ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэхэм ахэр нэхъри зэгъунэгъу ищIащ я гупсысэкIэ, мурадкIэ; лъыкIэ яIэ зэпыщIэныгъэхэри нэхъ куу хъуащ.
XVI лIэщIыгъуэм къэбэрдеипщхэм Урысейм къулыкъу щащIэу щIадзэ икIи псоми цIэ лъапIэхэр, Черкес унэцIэхэр къыфIащ. «Черкесыпщхэр, Кавказ Iэлым къикIахэр, зэман зэхуэмыдэхэм Урысейм Iэпхъуащ: урысыпщхэм, боярхэм япхъухэр щхьэгъусэ ящIкIэрэ, абыхэм я диным ихьэрт, бояр дамыгъэхэр, нэгъуэщI цIэ лъапIэхэр зэрахьэу къулыкъу ящIэрт, щытхъурэ щIыхькIэ зыщIагъанэрт, я цIэхэм урыс тхыдэм увыпIэшхуэхэр щрагъэубыдырт…», - 1841 гъэм апхуэдэу щитхыгъащ Долгоруков П. В. и «Урысей лъэпкъ тхылъым».
1557 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм Идар Темрыкъуэпщым ипхъу Гуащэнэ, чыристан диным щихьэм Марие цIэуэ зыфIащыжар, Урысей пащтыхь Иван ЕплIанэм докIуэ. А Iуэхум нэхъри игъэбыдащ адыгэхэмрэ урысхэмрэ куэд щIауэ къадэгъуэгурыкIуэ я зэныбжьэгъугъэр.
ХVIII лIэщIыгъуэм и 20 - 30-нэ гъэхэр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ IэджэкIэ гъэнщIат. 1720 гъэм и гъатхэм кърым хъан СэIэдэт-Джэрий цIыху мин плIыщIым щIигъу хъу и дзэм Къэбэрдейм и гъунапкъэхэр къиувыхьащ икIи псалъэмакъ къыхамыгъэкIыу Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и унафэм щIэтыну, 1708 гъэм Къэнжалыщхьэ деж хьэбэсабэу щызэхакъута Къаплъэн-Джэрий хъаным ираха лейм папщIэ щIалэ, пщащэ миниплI ятын хуейуэ унафэ ещI. Шу мин 15 - 20 нэхъыбэ зымыгъэшэсыфыну лъэпкъым и дежкIэ ар къалэн хьэлъэт. Лъэпкъым и къуэ нэхъ Iущхэм ящыщ зым – Къэзанокъуэ Жэбагъы – и чэнджэщкIэ Къэбэрдейр шынагъуэм къыIэщIэкIащ.
Кърым хъанхэм я бийуэ бэнэныгъэ езыгъэкIуэкIа, адыгэхэм я Iэтащхьэ Къетыкъуэ Аслъэнбэчщ Къэзанокъуэм и псалъэ Iущхэр Iэщэ жану зыгъэбзар. ЗауэлI мин бжыгъэхэр хигъэкIуадэри, СэIэдэт-Джэрий щIэпхъуэжащ.
Къэбэрдейм кърым хъанхэр, тыркухэр аргуэру къытемыуэн папщIэ, 1722 гъэм фокIадэ мазэм и 3-м, Хъэзэр тенджызым и Iуфэхэр урыс пащтыхьым къыщызэхикIухьам, Къетыкъуэпщыр езым и чэнджэщэгъу Къэзанокъуэр щIыгъуу Пётр Езанэм Дагъыстаным, Сулак деж, щыхуэзащ. ЗэрызэгурыIуам и щыхьэту, къэбэрдей шу гупыр щежьэж махуэм, фокIадэм и 23-м, Аслъэнбэчыпщым кърат Урысейр Къэбэрдейм къызэрыщхьэщыжынур игъэбыдэу щыхьэт тхылъитI.
КъыкIэлъыкIуэ Iуэхухэм зыхъумэжакIуэхэр ирихулIат 1723 гъэм и гъатхэпэ мазэм Пётр Езанэм деж Бытырбыху лIыкIуэ ягъэкIуэну. Ежьахэм яхэтт Къэзанокъуэ Жэбагъы, Тамбий Жанмэмэт, Къундет Кургъуокъуэ сымэ. Абыхэм я пщэм къалэнышхуэ дэлът: зэхагъэкIын хуейт Сулак щызэращIылIа зэгурыIуэныгъэм Урысейр зэрыхуэпэжыр, къатеуэIамэ, ар къазэрыщхьэщыжыну щIыкIэр. ЛIыкIуэхэм хъыбарыфI къахьащ. АбыкIэ фIыщIэ лей зыбгъэдэлъар Къэзанокъуэ Жэбагъыт.
Iуащхьэмахуэ ещIэж нэгъуэщI адыгэлIи - ХьэтIохъущокъуэ Исмел-псыгъуэ, урысыдзэм полковникыу хэтар, Измаил быдапIэр къыщащтэм Очаков и лIыхъужь хъуар, Суворовым и гъусар, Георгий жорым и IV нагъыщэр зезыхьар. 1787 - 1791 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Тырку зауэм абы лIыгъэ щызэрихьащ, Днестр дэкIуэу Тыркумрэ Урысеймрэ я гъунапкъэхэр убзыхуным теухуа зэгурыIуэныгъэм хэтащ.
Екатеринэ ЕтIуанэр щIэкъуащ Кавказым щригъэкIуэкI IуэхухэмкIэ ХьэтIохъущокъуэр щIэгъэкъуэн къищIыну. Ауэ абы и хьэгъэщагъэхэр Исмел-псыгъуэ диIыгъакъым, урыс пащтыхьым иригъэкIуэкI лъэпкъ дэкъузэныгъэм и бийт ар, экономикэ, сату, политикэ я лъэныкъуэкIэ Урысеймрэ Кавказымрэ я зэпыщIэныгъэхэр, урыс лъэпкъышхуэм хуаIэ ныбжьэгъугъэр нэхъри гъэбыдэн хуейуэ къилъытэрт.
Исмел-псыгъуэ, Къэбэрдейм и лIы щэджащэр, Кавказым хуэуса Лермонтов Михаил и поэмэ цIэрыIуэ «Измаил-бейр» зытриухуа адыгэлIыр, диным итхьэкъуа гъэпцIакIуэхэм 1812 гъэм гъуанэдэууэ яукIащ.
Европэми Азиеми и гъуэгухэр Кавказым щызэхыхьэжырт. Мыбы щызэхэпхырт бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр, мыбы щыплъагъунут дин зэхуэмыдэхэм ятхьэкъуахэр, хабзэкIэ, хьэл-щэнкIэ зэмыщхьхэр - Польшэмрэ Шотландиемрэ къикIа миссионерхэр, Византиемрэ Алыджымрэ я сатуущIхэр, Тыркумрэ Кърымымрэ къикIа дин хэпщакIуэхэр, Аравием, Генуем, Франджым, Инджылызым щыщ зыплъыхьакIуэхэр.
ХамэщI къикIахэм я нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщт франджы тхакIуэшхуэ Александр Дюма-адэр, 1858 – 1859 гъэхэм Кавказым къыщызыкIухьар. Пушкиным, Лермонтовым, Толстой, Горький сымэ хуэдэу, мы хэкур зэрытелъыджащэр абы егъэлеяуэ гъэщIэгъуэн щыхъуауэ щытащ.
ПхузэфIэмыкIыу уи гум къокIыж Дюма и псалъэхэр: «Дыгъэр аргуэру къыкъуэкIыжащ, иужьрей пшагъуэ гуэрэнхэр кIуэдыжащ. Къазбэч къыщыщIэдзауэ Iуащхьэмахуэ нэс зызыукъуэдий Кавказыбгхэм я дахагъэ псори къыщIэщыжащ.
А хьэлэмэтыщэм дызыIэпишэри, зы заулкIэ дэ сыным хуэдэу дызэфIэтащ; тлъагъур ещхьтэкъым Альпхэми, Пиринеи, нэгъуэщI гурхэми; къыпфIэщIырт ар зыхуэдэ дыдэр зи нэгу къыщIэзыгъэувэфын щымыIэу.
Ар Кавказырт…».
Iуащхьэмахуэ куэдрэ пэплъащ и щыгу цIыхулъэ щыувыным. А зэманыр къыщысар 1829 гъэрщ. Абы и щыгум япэу дэкIащ Урысей Академием и экспедицэм и гъуэгугъэлъагъуэу щыта адыгэлI Хьэшыр Чылар, Iуащхьэмахуэ и къуэ нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщ зыр. Ди бгыжьхэм игъащIэкIэ ар ящыгъупщэнкъым: бадзэуэгъуэм и 22-м сыхьэтыр 11-м бгыхэм я тхьэмадэм и ищхъэрэ лъагапIэм Чылар щыхитIащ и Iэхъуэ башыр икIи мывэкIэ къигъэтIылъыхьыжри къехыжащ. Бгым дэкIыным абы тригъэкIуэдар сыхьэтийт.
1829 гъэм япэ дыдэу Iуащхьэмахуэ зэрыдэкIам папщIэ гъущI IыхьэшхуитIым къыхагъэжыкIащ мыпхуэдэ псалъэхэр: «Фут 16.330-рэ зи лъагагъ щыгум япэу дэкIыфар адыгэ Чыларщ. Мы гъущI къызэрыгуэкIым щIэблэм я деж нрырехьэсыж зи щыгур къамыгъэIурыщIэфыну къалъытэу щыта Iуащхьэмахуэ япэу гъуэгу пхызышам и цIэр».
Хьэшырхэ я къуэм хуэдэ гуэр хъунщ зытеухуар куржыпщ Ираклий ЕтIуанэм и чэнджэщэгъуу щыта дохутыр, дипломат, Саксонием щыщ Рейнеггс Яков итхар: «Шэрджэсхэр е, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зи гугъу тщIы къэбэрдейхэр, зэIэщIэлъхэщ, цIыху бланэхэщ, быдэхэщ, лIыгъэ зыхэлъхэщ, ешыркъым, IэкIуэлъакIуэхэщ, хъыжьэхэщ, щышуми щылъэсми Iэщэр дэгъуэу ягъабзэ».
Урысеймрэ абы ис лъэпкъхэмрэ я къэкIуэнур зыхуэдэм гу лъитауэ, иужькIэ Гроув Ф. и тхылъ «Кавказ щIыIэм» щитхыжыгъат Iуащхьэмахуэ и щыгум щитам зэгупсысар: «Европэмрэ Азиемрэ я гъунапкъэм ситу, си щхьэм къизэрыхьауэ езгъапщэрт нэхъ пасэм зыужьыныгъэ зыгъуэтахэр мы щIэуэ къэунэхуа къэрал лъэщым, зи къэкIуэнур зэрыдахэм цIыхухэм гу лъатэу щIадза къудейм».
Гроув ипэжкIэ а къэкIуэну лъэхъэнэм тетхыхьащ Пушкин А.С. и зэманыгъуэм псэуа икIи абы и цIыхугъэу щыта адыгэ щIэныгъэлI, еджагъэшхуэ, усакIуэ Нэгумэ Шорэ. Нэгумэм жиIэгъащ: «Къэсынщ бгырыс щхьэзыфIэфIым и гум гурыщIэ телъыджэр, гъащIэр зыгъэнэхур - щIэныгъэр - фIыуэ илъагъу щыхъуну зэманыр. Дэ псоми щIэныгъэм, тхылъым, тхыгъэм зыщеттыну сыхьэтри къэсынщ…».
А зэманыр къызэрысрэ илъэс 90-м нэблэгъащ.

… Илъэс тхущIрэ хырэ ипэкIэ и адэжь Хэкум - Къэбэрдейм - къигъэзэжат Iуащхьэмахуэ фIэкIуэда и бынхэм ящыщ зым - МахуэлI Рэмэзан. Сэ а тхьэмадэм, зи ныбжьыр илъэс 80-м нэблэгъам, мызэ-мытIэу сыIущIащ, хъыбар дахэ куэди къезгъэIуэтэжащ, хамэщIым езым щызэхилъхьауэ усэ зыбжани къезгъэджащ. Рэмэзан хуэдэ лIыжь гурыхуэ гъуэтыгъуейт. И ныбжьыр илъэс пщIыкIутхум иту ар Дзэлыкъуэдэс къуажэм 1905 гъэм ирашат. Илъэс 62-кIэ МахуэлIыр хэхэсу щытащ, ауэ абы зы сыхьэти, зы махуи и Хэкужьыр игу ихуакъым. Рэмэзан Тыркум исащ, иужькIэ Сирием щыщ Хъэнэсыр адыгэ къуажэм Iэпхъуащ, бэлыхьу щыIэр игъэващ, бэIутIэIу куэдым хэхуащ. Ар тырку беижьхэм яхуэпщылIащ, франджыхэм Сириер щаIыгъа зэманым гугъу ирагъэхьащ. Абы щыгъуэт мы сатырхэр Рэмэзан щызэхилъхьари:

Хьэр яукIым - драбашщ,
Шынэмэ - драхъумакIуэщ.
Я Iуэху зэфIэкIмэ - драхьэщ.
ИкIи драмысэкъым,
ИкIи драмыщэкъым,
ИкIи дращIасэкъым.
«Сыт щыкуэд?» - жыфIэрэ фыкъыдэупщIым,
Къурей щIыбым щыIэ нэгъуейм
Я махъшэм ишхыу,
Къадзыгъуэ банэкIэ еджэу,
Ар ди бэвщ…
Унэ дощIри щIым щIыдотIэ,
ЯтIэр ди унащхьэ бгъэнщ,
Къыщемышхым къыпхыжыркъым,
Уэшх къешхым, къыпхож.
Жыхьэнмэбжэр IитIкIэ
Тхьэм иригъэубыд
Мыбы ди къэкIуэным
Сэбэп хуэхъуам!

Мы усэм МахуэлIыр щыбгэу къыфщыхъуми, ар фымыгъэщIагъуэ. Къэбэрдейм къэкIуэжу и лъэпкъэгъухэм я гукъеуэхэр зэриIуэтэжа къудеймкIэ абы лIыгъэ зэрихьащ. «Мэчэ-Мадинэ щыIам, хьэж зыщIам жэнэтыр хухахауэ ягъэву… Кавказыр зылъэгъуа хэхэсым хьэкъыу пхыкIын хуейщ: жэнэтыр здэщыIэр Хьэрыпыр аракъым, атIэ Адэжь Хэкурщ!» - жиIэгъащ лIыжь Iумахуэм Къэбэрдейм къэкIуэжауэ.
Къэбэрдейм гу щимыхуэурэ, Рэмэзан дунейм ехыжащ. Си дежкIэ зи Хэкур фIыуэ зылъагъу цIыхум и нэхъ щапхъэфI дыдэт ар. «Дуней хъурейр ятIагъуэ цIынэ IэшкIэ къудейщ, абы уи адэшхуэхэм ягъэхуэба щIыналъэ мащIэ хэмылъмэ, уи гъащIэр зы гъунэ гуэрым щынэсым деж, ар нэгъуэщIхэм яIэщIэплъхьэжын хуэмеймэ», - апхуэдэут зэрыгупсысэр МахуэлIхэ я тхьэмадэ жьыщхьэ махуэр.
АтIэ дауэ къэхъуа а насыпыншагъэу, уз бзаджэу адыгэхэм къайуэлIар, ИстамбылакIуэкIэ зэджэжыр? Сытыт абы и щхьэусыгъуэр? Хэхэс хъуахэр сыт хуэдэ губгъуэхэм щикъухьа? Сыт ягъэхъа, сыт иджы ялэжьрэ, сыт я шыфэлIыфэ? Дауэ дызэрыгъуэтыжа? Ди зэпыщIэныгъэхэр дэнэ нэса? Мис а упщIэхэм я жэуап фэстыфмэ, си гуапэт.
Илъэси 140-м щIигъуащ адыгэхэм я нэхъыбэм адэ хэкужьыр зэрабгынэрэ. Щалъхуа щIыналъэр ди лъэпкъэгъухэм IэщIыб ящIын папщIэ лъэкI къагъэнакъым Урысейм и пащтыхьымрэ Тыркум и сулътIанымрэ. Илъэс куэдкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэр щиухам адыгэхэм я нэхъыбапIэр къарукIэ ирахуат е гъэпцIагъэкIэ хэхэс хъуат.
Ди лъэпкъэгъухэм нобэ уащыхуэзэнущ къэрал куэдым. Тыркум адыгэу мелуанищым щIигъу щопсэу, ауэ зи анэдэлъхубзэр зыщIэжыр а бжыгъэм и Iыхьэ щанэрщ. Сириемрэ Иорданиемрэ минищэрэ тIощIым щIигъу щыIэщ. Адыгэхэм уащыхуэзэнущ Алыджым, Югославием, Ливием, Болгарием, Франджым, Албанием, Голландием, Румынием, Израилым, США-м, Канадэм, Мысырым, Ливием, ФРГ-м, Суданым, Иракым, нэгъуэщI къэралхэми.
Дэнэ щIыпIэ щыпсэухэми, абыхэми зэрахузэфIэкIкIэ я бзэр, хабзэр, нэмысыр яхъумэж. Ар къайхъулIэнымкIэ сэбэпышхуэ мэхъу Хасэхэр. Пэжу, Тыркум щыIэ Адыгэ Хасэхэр зэхуащIыж, илъэс бжыгъэ докIри къызэIуахыж. Нэхъ тэрэзу ахэр щылажьэр Сирие, Иордание, США, Израиль, ФРГ къэралхэрщ.
Сирием и щыхьэр Дамаск (адыгэхэр абы ЩамкIэ йоджэ) дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэр 1947 гъэм къызэрагъэпэщащ. Абы къудамищ иIэжщ. Ахэр Хьэмус, Хьэлэб къалэхэм, Мэрдж-СулътIан къуажэм щолажьэ. Нэхъыбэу Хасэр зи ужь итыр хуэмыщIахэм ядэIэпыкъунырщ. Лъэпкъ хабзэр, бзэр хъумэнымкIи мыбы яхузэфIэкI щащIэ. Хасэм иIэщ езым и адыгэ къэфакIуэ гупи, абы и зэфIэкIыр куэдрэ хьэрып къэрал зыбжанэм щигъэлъэгъуащ. Хасэм хэтхэр сымаджэхэм ядоIэпыкъу, пщIэншэу дохутыр ирагъэIэзэ, хущхъуэхэр къыхуагъуэт, хьэщIэ къахуэкIуамэ, емыкIу къызэрамыхьыным пылъщ.
Щам дэт университетым и профессор Лаш Адыл зэрыжиIэмкIэ, Сирием ис адыгэхэр къызытехъукIыжахэр я адэжь Хэкум иIэпхъукIа нэужь Тыркум, Балканым исащ. Илъэс тIощIым нэскIэ Югославием, Алыджым, Болгарием щыпсэухэри, хэхэсхэм КъуэкIыпIэ ГъунэгъумкIэ яунэтIащ.
Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я нэхъыбэр къызэрыгуэкI гуащIэрыпсэухэщ. 1967 гъэм екIуэкIа «махуих зауэр» зэриухыу Щам Iэпхъуащ Джулан лъагапIэхэм щыIа адыгэ къуажэ 12-м дэсахэр. 1948, 1956, 1967, 1973 гъэхэм екIуэкIа журт-хьэрып зауэхэм адыгэхэм лIыхъужьыгъэшхуэ щызэрахьащ. Хьет жригъэIэу, къикIуэт имыщIэу бийм пэщIэтащ Анзор Джэуад. Абы и цIэр дыщэпскIэ Сирием и тхыдэм итхащ. Джэуад зи унафэщI адыгэ шуудзэм 1948 гъэм лIыгъэшхуэ зэрихьащ.
«Эль-Къунейтрэ и анэ» цIэ лъапIэр фIащащ Уджыхъу Iэминэ. Ар бийм иубыда къалэм къахудэмыкIыу илъэсийкIэ дэсащ.
Сирием щыпсэу адыгэхэм, абазэхэм щIэныгъэлI, тхакIуэ зыбжанэ, дзэзешэ куэд къахэкIащ: Блэныкъуэ Хьэрун, Сэмгугъу Iэмин, профессор Лаш Адыл, тхакIуэхэу Къумыкъу Мамдухь, Дыгъужь ФуIэд, ДжэшкIэр Фадыл, Стащ Издин, генерал-лейтенантхэу Абазэ Мамдухьрэ Багъ Ауадрэ, генерал-майорхэу Шэрджэс Абдул-Хьэзиз, Бэрэтэр Рэмэдан, нэгъуэщI куэди.
КъуэкIыпIэ Гъунэгъум куэдрэ и цIэр щыжаIэ Абазэ (Маршэн) Хьэмдий и къуэ Мамдухь. Ар Мумсие къуажэ цIыкIум 1932 гъэм къыщалъхуащ. Адыгэ щIалэ хъыжьэм хэкум, лъэпкъым хуэлэжьэным и гъащIэр триухуат.
Абазэр илъэс тIощIрэ зырэ щыхъуам уэгум итт, кхъухьлъатэ псынщIэхэр зэрихуэу. 1957 - 1958 гъэхэм абы и щIэныгъэм щыхегъахъуэ Къыргъызым. А зэманым Мамдухь къыдеджащ икIи ныбжьэгъуфI къыхуэхъуащ иужькIэ Сирием и президенту хаха Хафез Асад. Кхъухьлъатэзехуэхэр щагъэхьэзыру Фрунзе дэт еджапIэ нэхъыщхьэр Абазэ Мамдухь фIы дыдэу къиухащ икIи абы къратащ дыщэ медалыр.
1978 гъэм Абазэр генерал-майор мэхъу. А зэманым ирихьэлIэу абы бийм и кхъухьлъатэу зыбжанэ къриудыхат икIи къэралым и цIэ нэхъ лъапIэ дыдэр - Сирие Хьэрып Республикэм и ЛIыхъужьыр - къыфIащат.
Сэ мызэ-мытIэу сыхуэзащ Мамдухь, хъыбар гъэщIэгъуэн куэди къызжиIэжащ абы Сирием щыпсэу адыгэхэм, абазэхэм ятеухуауэ. Кавказым, адэжь лъахэм Абазэм къыхуиIэ лъагъуныгъэр инт, ныбжьэгъу куэд щиIэт Налшык, Черкесск, Мейкъуапэ, Сыхъум. Ахэр мащIэу фIэкIа зэримылъагъуфыр игу къеуэрт. Езым хуэдэу ХэкумкIэ гумащIэщ абы и къуэшитIри - Щам дэт Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, Сирием и Парламентым и депутат Шэрэфрэ, дзэм хэт, генерал-лейтенант Уэлидрэ.
Абазэ Мамдухьщ Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу япэ генерал-лейтенант цIэр зыфIащар. Илъэс зыбжанэкIэ ар къэралым и уэгу къарухэм я унафэщIу щытащ. 1982 гъэм фокIадэм и 3-м Мамдухь «Муслъымэн зэкъуэшхэр» партым хэт экстремист гупым яукIащ.
Иорданием щыпсэу адыгэхэр Амман, аз-Заркъэ, Уадисир, Сыуелыхь къалэхэм, Нэхьур, Русейфэ, Джэрэш къуажэхэм дэсщ. Къэбэрдейхэмрэ шапсыгъхэмрэ Амман псэупIэ ящIащ. Бжьэдыгъухэр Нэхьуррэ Уадисиррэ дэсщ. Илъэсищэ ипэкIэ къэбэрдей къуажэхэу къэплъытэ хъунут Джэрэш, Сыуелыхь, Русейфэ. Нобэ а жылэхэм хьэрыпхэр щынэхъыбэщ.
Амман и уэрам, хьэблэ зыбжанэм адыгэцIэ зэрахьэ. «МухьэджринкIэ» йоджэ иужьрей истамбылакIуэхэр здэтIыса щIыпIэм («Iэпхъуахэм я хьэблэ»).
Иорданием адыгэ мин 60-м щIигъу щопсэу. 1932 гъэм ди лъэпкъэгъухэм къызэIуахащ Адыгэ ФIыщIэ Хасэ. Абы и къудамэхэр щолажьэ Сыуелыхь, Русейфэ, Нэхьур, Уадисир, аз-Заркъэ.
НэгъуэщI хасэхэри щыIэщ. Ахэр пылъщ спортым, ныбжьыщIэ, цIыхубз Iуэхухэм. Амман дэт Хасащхьэм илъэс куэд щIауэ «Iэл-Уахьэ», «Нарт» журналхэр къыдегъэкI. Абы и лъабжьэр зыгъэтIылъахэр Бырмамыт Фэуазрэ ЛIыщIэ Зухьдирэщ. Журналым тхыгъэ гъэщIэгъуэн куэд къытохуэ хэхэсхэм я тхыдэм, Кавказым ятеухуауэ. Ахэр я IэдакъэщIэкIщ ди лъэпкъэгъу щэджащэхэу Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд-Хъер, Хьэвжокъуэ Шэукэт, КъуэщIысокъуэ Уэлид, Хъунэгу Надие, Бырмамыт Фэуаз, Архъагъэ Хьисэ сымэ, нэгъуэщIхэми.
Уадисир къыщыдокI «Iэл-IихьэI» («Зэкъуэшыныгъэ») журналыр. НыбжьыщIэ хасэм мазэ къэс зэ щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ ирелъхьэ «Хъыбархэр» газетыр.
ЦIыхубз хасэм епхауэ лажьэ еджапIэм ди лъэпкъэгъу цIыкIухэм адыгэбзэ щрагъэдж, хабзэм, нэмысым, тхыдэм щыгъуазэ щащI. 1990 гъэм школым къыщIигъэкIащ еджапIэр япэу къэзыуха щIалэ, хъыджэбз тIощI.
НыбжьыщIэ хасэм и къэфакIуэ гупыр къэрал куэдым къыщацIыху. Родос хытIыгум (Алыдж) лъэпкъ къафэ фестиваль щекIуэкIати, адыгэ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ абы япэ увыпIэр къыщахьащ. 1987 гъэм абыхэм Америкэм зыкъыщагъэлъэгъуащ.
ЦIыхубз хасэм и унафэщIу илъэс зыбжанэкIэ лэжьа Хъунэгу Надия адэ Хэкужьым мызэ-мытIэу щыIащ. Абы и усэхэр «Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэм, «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку» газетхэм тетащ.
Адыгэ цIыхубзым куэдрэ Хасэм щеIуэтэж Кавказым и хъыбар, цIыкIухэр Адэ хэкужьыр фIыуэ лъагъуным къыхуегъэуш:

Iуащхьэмахуэ «КъакIуэ!» - жиIэу,
Гуапэу сэ Iэ къысхуищIащ,
Си адэжьхэм бампIэу яIэр
Абдеж нэхъри зыхэсщIащ:
Уэ зэ закъуэ къыпIуплъэну
КъыпщIобэгыр, къыпхуокI я нэ,
ЩIыпIэ хамэ щыIэ бынхэм
Я гур, я псэр къыпхуобанэ.

Иорданием фIыуэ щалъагъу, щаIэт, щагъэлъапIэ пшынауэ Iэзэ Умар Iэбыдэ. Абы и пшынэ макъыр куэд щIауэ адыгэхэм я гуфIэгъуэ джэгухэм, нысашэхэм щызэхах. Умарым и макъамэхэр куэдрэ Амман и радиоми телевиденэми къат. Ди деж Къашыргъэ КIурацэ зэрыщыцIэрыIуэм хуэдэу, Iэбыдэ Иорданием, Сирием, Тыркум щыцIэрыIуэщ.
Куэд щIащ а цIыхубзым япэу пшынэ къызэрищтэрэ. КIыщ МыIуминат, Iэбыдэ и анэм, хуабжьу и нэ къикIырт и пхъур пшынауэ ищIыну, Хэкум, адэжьхэм къадэгъуэгурыкIуэ макъамэ гъуэзэджэхэр имыгъэкIуэдыжу япэкIэ зыхьын абы къыхэкIыну. Анэм и хъуэпсапIэр къехъулIащ. Илъэс хыщIкIэ Iэбыдэ и IэзагъымкIэ игъэгуфIащ Иорданием щыпсэу адыгэхэр. Абы и макъамэ гуакIуэр зэхэзыхам, ар пшынэ зэреуэр зэ зылъэгъуам зэи щыгъупщэжыртэкъым. Умарым къафэ, удж, ислъэмей, гъыбзэ зэмылIэужьыгъуэу щэм нэс игъэзащIэрт.
Iэбыдэ ди пшынауэхэм я гугъу щыхуэсщIкIэ, и нэпсхэм къызэпажыхьырт: «Слъагъуну сыхуейт си адэжь хэкур, зэзгъэцIыхуну сфIэфIт си лъэпкъэгъухэр. Псом хуэмыдэу пшынауэхэр – тхыдэм къыдэгъуэгурыкIуэ пасэрей макъамэр зи дыщэ IэпэхэмкIэ зыхъумэхэр», - къызжиIэрт абы.
ИорданыщIым лъэпкъ куэд щхьэщыкIащ. Псысэхэм зэраIуэтэжымкIэ, пасэрей зэман жыжьэхэм сыринэ макъамэм Иерихон и чэща­нэжьхэр къигъэуэгъат, Къудус (Иерусалим) и мывэ пщтырхэр бегъымбархэм я зекIуапIэт, мыбы унафэ мыхъумыщIэхэр Понтий Пилат щищIырт, Хы ЛIам щIилъэфэгъат къалэ дахэхэу Содомрэ Гоморрэрэ.
Нобэрей Иорданиер журтхэм ткIийуэ япэщIэтщ. Зауэ блэкIахэм, Сириеми хуэдэу, мы къэралым ис адыгэхэм лIыгъэшхуэ щызэрахьащ. КъикIуэт зымыщIэ зауэлIхэт Къумыкъу Мырзэ, Къандур Изэт, Бырмамыт Фэуаз, Хэкужь Мухьэмэд-Исхьэкъ, ХьэIупщы Хъалил, Шэкъмэн Мухьэмэд-Алий, Шурдымхэ Ихьсанрэ ТIэхьсинрэ. Ахэр иужькIэ псори генерал хъуащ, дипломату лэжьаи яхэтщ. 1967 гъэм екIуэкIа «махуих зауэм» Шурдым Ихьсан бийм и кхъухьлъатэу тху къыщриудыхащ.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).

ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил (Измаил-бей).

Дюма Александр-адэр, адыгэ фащэ щыгъыу.

Абазэ Мамдухь

Умар Iэбыдэ

БжэныкIэ Амал

 

Хъунэгу Надия

Поделиться: