Псалъэ итам епцIыжыртэкъым

Мамхэгъ Михаил, шэч хэмылъу, нур зиIэ цIыху пэжт, къабзэт. Республикэм и уна­фэщI IэнатIэу абы десхьэ­кIа­хэм илъэс тIощI хуэдиз ­къеубыд, зыр адрейм дыкъыгуры­мы­Iуэу зы махуи къытхуихуа­къым. Нэ­мысышхуэрэ пэжы­гъэрэ зыхэлъ цIыхур дэнэкIэ ямыгъакIуэми, екIуу и IэнатIэр ири­хьэкIащ, цIыхум гуапэу ­хущыту, лъэпкъ Iуэхум теухуауэ къи­кIуэт жыхуаIэр имыщIэу. Аращ абы Къэбэрдей-Балъ­къэр­ цIыхубэм я пщIэр къы­щIи­лэжьыфар.
Дохъущокъуэ Мусэ,
1983 - 1988 гъэхэм КъБР-м и Ми­нистрхэм я Советым и Уна­фэщI
къулыкъур зыIыгъа. 2011 гъэ

Зы къулыкъуми зы Iэна­тIэ­ми и щхьэр ягъэунэзакъым Мамхэгъым. Ар зэи щыщIа­къым ныб­жьэгъу пэж­хэмрэ фIы дыдэу къэзылъагъу цIыху­хэм­рэ. Абы гъэщIэгъуэн хэлъ­къым: ар езыр ныб­жьэгъу пэжт, псалъэ итам епцIыжыр­тэ­къым икIи унафэ зыхуи­щI­хэр гулъытэншэу зэи къэзымы­гъанэ цIыху гума­щIэт.
Евтушенкэ Николай,
мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор.

ЦIыхухэм къызэра­лъы­тэм­кIэ, ­Мамхэгъыр щIэны­гъэрэ акъылрэ ­зыбгъэдэлът. Ар жьакIуэт, гу­шыIэ­кIэ гъэщIэгъуэн хэлът, езым жьы ­щIэтти, кърихьэжьа Iуэхум удригъэ­хьэ­хыфырт. А псом къыдэкIуэу жаIэрт Мамхэгъым ныбжьэгъу куэд иIэу икIи ар дэтхэнэ зыми елIа­лIэу. Ар зэрыпэжыр наIуэ дыдэ ­хъуащ Михаил партым и обкомым лэжьэн щыщIидза нэужь…
Ауэ Мамхэгъ Михаил си нэгу къы­зэрыщIыхьэжыр ныб­жьэгъухэм къагъэпцIэжа, нэ­гъэсауэ къагурымыIуа цIы­хуущ.
Тхьэгъэпсэу Хьэжысмел,
профессор.

Гугъущ икIи гухэщIщ фIыуэ пцIы­хуа, фIыуэ плъэгъуа, узыхуэзэ­ну уфIэфIу, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху­хэм ятеухуауэ узэчэнджэщурэ хэ­кIыпIэ гуэрхэр къызыдэбгъуэту щыта цIыхум блэкIа зэманым иту утепсэ­лъыхьыну. Апхуэдэт си дежкIэ Мам­хэгъ Михаил.
Сэ си гуапэ хъурт абы езыми, и ­адэми, Тэрч щIыналъэм фIы куэд хуэзы­щIа абы и къуэш нэ­хъыщIэми, уна­фэщIхэм я мы­закъуэу, цIыху къызэ­ры­гуэкI­хэри фIыкIэ зэрытепсэ­лъы­хьыр. ЦIыхухэм я нэхъыбэм фIыуэ ­зыкъебгъэлъагъуфыныр тыншкъым, абы щхьэ­кIэ Iуэхум фIы дыдэу ­хэп­щIы­кIын, дэтхэнэ зы къалэн цIы­кIу­ри нэгъэсауэ бгъэзэ­кIуэ­­фын ­хуейщ. Укъэзыухъуреихьхэм я фIэщ хъун хуейщ уэ унафэ пщIар зэры­пэжыр, уи щхьэ Iуэхур цIыхухэм я гу­къе­уэхэм япэ зэрумыгъэщыр. Мис ­ап­хуэ­дэт Мамхэгъ Михаил.

Бозий Натбий,
КъБР-м и Парламентым и
УнафэщIым и къуэдзэу лэжьа.

Михаил Къэбэрдей-Балъкъэ­рри, Тэрч щIыналъэри, и лъэпкъри, и ныб­жьэ­гъухэри, и уна­гъуэри фIыуэ илъа­гъурт, цIы­кIу­ми инми пщIэ яхуи­щIырт. Арат абы и дуней тетыкIэм нэхъыщхьэу хэ­лъыр.
Хьэжу Владимир.

Мамхэгъ Михаил къэрал къулы­къущIэшхуэт, цIыхубэ лэ­жьакIуэт, ­политик Iэзэт. И цIыху хьэлымкIи ар зэ­рыцIэ­ры­Iуэр мащIэтэкъым. Зэ нэхъ мыхъуми ар зылъэгъуам зэи щы­гъупщэжыртэкъым, адыгэ хабзэр фIы дыдэу зэрищIэр ягъэщIа­гъуэу. Псом хуэмыдэу ар фIыуэ къыща­лъагъурт Тэрч щIыналъэм. Абы лэжьэн щыщIидзам, Тэрч къалэм и щIэрэ­щIэгъуэт, езыми «ЩIыхь зиIэ Тэрч ­жы­лэдэс» цIэр къыхуа­гъэфэщат.
Михаил пасэу дунейм ехыжащ. Ауэ щIалэ бэлыхьхэр къыщIэнащ, и адэм хьэлкIэ ещхьу. ДыщэпскIэ иритхащ Михаил и цIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм, дэлэжьахэми ныбжьэгъухэми я гум ар и къару е­мыблэжу и Хэ­кум къулыку хуэзыщIа цIыхуу къи­нэ­жы­нущ.
Абазэ Руслан,
КъБР-м и прокурору щыта.

 

Поделиться: