«Вагъуэ цIыкIум» и ехъулIэныгъэщIэ

Мы махуэхэм Нартан къуажэ Iэтауэ къыщрагъэблэгъэжащ «Кубок победителей» VII Дунейпсо зэпеуэ зэхуэщIам щытекIуа, щапхъэ зытрах «Вагъуэ цIыкIу» ансамблыр (гупым и художественнэ  унафэщIыр КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къурашэ Эдуардщ).

Жэпуэгъуэм и 18 - 21-хэм къриубыдэу Сочэ къалэ щекIуэкIа зэпеуэм  ди къэралми  КъухьэпIэ гъунэгъуми я  къэфакIуэ гуп нэхъыфIхэр  зэхуишэсат. КъэпщытакIуэ  гупым  хэтащ  щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я цIыху цIэрыIуэхэр,  еджапIэ нэхъыщхьэхэм  щезыгъаджэхэр.
Зэпеуэм и лIэужьыгъуитIымкIэ «Лъэпкъ къафэ», «Визитная карточка» зыфIащамкIэ - «Вагъуэ цIыкIум» япэ увыпIэр къызэрихьам къыпэкIуэу - сом мин 200 къратащ. КъищынэмыщIауэ, ар ирагъэблэгъащ  «Лъэпкъ къафэхэмкIэ IV цIыхубэ саугъэт»  зэпеуэм. Ар гъэ къакIуэ мазаем  и 17 - 20-хэм Сочэ къалэ щекIуэкIынущ.
«Вагъуэ цIыкIум» дохъуэхъу я ехъулIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ къахэхъуэ зэпыту къэгъуэгурыкIуэну.

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: