Актёр телъыджэ, режиссёр Iэзэ, драматург цIэрыIуэ Тубай Мухьэмэд къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу

Гуапагъэ

«… Зэкъуэш псори зы анэм къилъхуркъым», - жеIэ ди адыгэ псалъэжьым, ауэ абы къыдэкIуэу сэ жысIэну сыхуейт зэныбжьэгъу псори зы ныбжьу, я илъэс бжыгъэкIэ зэхуэдэу зэрыщымытыр. ЦIыху гуапэм, цIыхугъэшхуэ зыхэлъым сыт щыгъуи ныбжьэгъу и куэдщ. Апхуэдэхэрауи къыщIэкIынщ «жьым щхьэ лъэныкъуэр, щIэм лъэхъуэмбыщIэр ядегуэшыф» жыхуаIэр. Мы етIуанэрей псалъэжьыр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ Тубай Мухьэмэд и гъащIэмрэ и дуней тетыкIамрэ.

ТУБАЙМ и ныбжьэгъуу щытар езым театрым къыщыдэлажьэхэм е литературэм и лIыкIуэхэм я закъуэтэкъым, абы дэтхэнэ зыми (и IэщIагъэрэ ныбжьрэ емылъытауэ) тыншу бзэ къыхуигъуэтыфынут. А лIы хьэлэмэтым зэ закъуэ фIэкIа ухуэмызами, абы апхуэдизкIэ уигу кIэрыпщIэрти, етIуанэу, ещанэу ущыхуэзэну зэманым ухуэпабгъэрт, ухуэпабгъэрт абы и псалъэ Iущхэм ущIэдэIуну, и зыIыгъыкIэ дахэм зыщумыгъэнщIу укIэлъыплъыну. Нэхъри гъэщIэгъуэныр икIи гуапэр аратэкъэ: Тубайм зэи зыкъыуигъэщIэнтэкъым езым уэ нэхърэ нэхъыбэ ищIэу, нэхъыби и нэгу щIэкIауэ.
Сэ си щхьэкIэ фIыуэ сцIыхуу икIи фIыуэ слъагъуу щытащ Тубай Мухьэмэд. ФIыуэ умылъагъууи хъурэт, къуэш нэхъыжь гулъытэрэ цIыхугъэ гуапагъэрэ езым къыпхуиIэу? Ауэ, дауи, си закъуэтэкъым Мухьэмэд апхуэдэу зыхущытар. Мы псалъэ дыдэхэр Тубай Мухьэмэд гъунэгъуу зыцIыхуу щыта дэтхэнэ зыми къыбжиIэфынущ. КъыбжиIэфынущ, а псалъэмакъым зыкIи зыхуимыгъэхьэзыру. Си дежкIэ псом нэхърэ нэхъыщхьэщ илъэс пщыкIухкIэ, Мухьэмэд игъуэ нэмысу 1973 гъэм дунейм ехыжыхукIэ, дызэрызэныбжьэгъуар, лэжьыгъэ къудейм къыщымынэу, ди унагъуэкIи дызэкIэлъыкIуэу, ди «щIыIэкIи» ди «хуабэкIи» дызэрыщIэу зэрыщытар.
А илъэсхэм я кIуэцIкIэ театрым репетицэ щекIуэкIыу, е пьесэ гуэр щIэуэ къащтэну абы артистхэр тепсэлъыхьу, е спектаклыщIэ ягъэувар къащтэну худсоветыр тепсэлъыхьу - Iэджэрэ абы срихьэлIащи, нобэр къыздэсым къысхуэщIэжыркъым Тубайм жимыIапхъэ жиIауэ, е щыуагъэ гуэр IэщIэкIауэ, е тэмакъкIэщIыгъэр къытекIуэу, ар и пIэм къикIауэ. Сыт щыгъуи а зэрызэпIэзэрыту, зэрыIэдэбу, и псалъэм акъылрэ захуагъэрэ хэлъу зэрыщытауэщ ноби Тубай Мухьэмэд си нэгу зэрыщIэтыр.

МЫСАЧЭ Пётр,
тхакIуэ.
1980 гъэ.
 

УщиякIуэ нэс

Адыгэ театрым щылэжьа нэхъыжьыфIхэм я гъусэу зы сценэм ситыну къызэрысхуихуам хуабжьу сегъэин, сегъэгушхуэ. Школыр къэзыухагъащIэ хъыджэбз цIыкIум ахэр зыкIэ гуапэу къыпежьати, уи гур химыгъэхъуэнкIэ, уи къарур уи фIэщ мыхъужынкIэ Iэмал иIэтэкъым. ЕгъэджакIуэм ещхьу срагъаджэу аратэкъым абыхэм, адэм хуэдэу саущийуэ, саунэтIу арат.

СЭ КУРП Ищхъэрэ къуажэм сыкъыщыхъуащ, Тубайхэ я унэри тпэжыжьэтэкъым. Мухьэмэд и адэ Мудар а зэманым тыкуэн игъэлажьэрт. ДжэдыкIэ абы тхьырэ кIэнфет сэмбышхуэ къыдиту дытхъэжырт. Апхуэдэ зы махуэу сыкIуауэ Мухьэмэдрэ КIунэрэ къэкIуэжауэ сарихьэлIащ. Нобэми си нэгу щIэтщ пщэфIапIэ цIыкIур, артист хъуну щIэхъуэпс (сыт щхьэкIэми сщIэртэкъым) хъыджэбз цIыкIум тхьэ пэлъытэу къысщыхъуа артистышхуэхэр. Сыт хуэдэу гуапэу къысIущIат ахэр, сыт хуэдиз гъэщIэгъуэн къызжаIат!
Зэман дэкIыу театрым сыкIуа иужькIэ Мухьэмэд и гъусэуи КIунэ сыщIыгъууи спектакль куэдым сыщыджэгуащ, Тубайм игъэува спектаклхэми мымащIэу сыхэтащ. Ахэр Iыхьэ лейуэ гуапэу сигу къокIыж, сыту жыпIэмэ, абыхэм уадэлэжьэну тыншт икIи гухэхъуэт. Нэхъыжьхэр псори цIыху дыщэт, зи IэщIагъэм къыхуигъэщIа защIэт. Къуажэхэм дыкIуэу щытащ дэ куэдрэ. АтIэ, апхуэдэ зекIуэхэм и деж зы IэфI цIыкIу гуэр абыхэм самыгъэшхыу, сэр щхьэкIэ ягъэпщкIуа щIэщыгъуэ къызыкъуамыхыу къанэртэкъым, уеблэмэ щыщIыIэм и деж хуабэ гуэркIэ сыщIауфэрт.
Театрым и махуэу зы къуажэ гуэр дыкъикIыжырт. Гъуэгу дыздытетым автобусыр къутащ. Сыт сымыщIэми зыкъысхуэгъэхуабэртэкъыми, КIунэ зезгулIыпауэ зэрыщытар сощIэж, сыкъэгъэхуэбэж, кхъыIэ, жысIэу. Жэщ ныкъуэу Бахъсэн дыкъэсри, КПЗ-м нэху дыкъыщекIауэ щытат. Апхуэдэхэр къэхъурт икIи зэи уагъэгузэвэнутэкъым, яхузэфIэкIымкIэ зыкъыпщIагъэкъуэнут нэхъыжьыфIхэм. Езыхэми къагурыIуэрт, дэри къыджаIэрт спектаклхэм къуажэдэсхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр, ар куэд зэриуасэр.
Театрым зы лэжьыгъэ щIэлъ къыщIэкIынкъым Мухьэмэд и къарум щемыплъыжа. Ди гуапэ зэрыхъунщи, дэтхэнэми и лъэужь къыхинэн хузэфIэкIащ. Адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ хъун лъэпкъылIу дунейм тетащ, тщымыгъупщэу и фэеплъыр дгъэлъэпIэну хуэфащэу.

БАЛЪКЪЭР Тамарэ,
КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.

 

 

 

 

 

Тубай Мухьэмэдрэ Музыкэ театрым и артист Мэршэнкъул Iэдэмрэ. 1967 гъэ

ПлIанэпэр зыгъэхьэзырар ИСТЭПАН Залинэщ.
Поделиться: