Къуэн Аслъэн и унагъуэм я нэIэ тетщГулъытэ Республикэ МВД-м и лэжьакIуэхэм ящыгъупщэркъым зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэр, я нэIэ трагъэтщ абыхэм я унагъуэхэм. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, полицэм и полковник Мамхэгъ Назир, министерствэм къулыкъущIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и управленэм и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Гуляев Алексей, Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ Управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Маргъущ Азрэт сымэ щыIащ и къалэн игъэзащIэу хэкIуэда Къуэн Аслъэн Зулимбэч и къуэм и унагъуэм. Аслъэн КъБР-м щыIэ МВД-м и полицэм и плъыр-пост къулыкъум и батальон хэхам щылэжьащ, полицэм и сержантт.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2024 - 12:53 →
Урысеймрэ ислъам дунеймрэ
17.04.2024 - 12:45 →
Жыджэру зызыужь IэнатIэ
17.04.2024 - 12:41 →
Спортсменхэр ягъэлъапIэ
15.04.2024 - 12:26 →
«Байконур» космодромыр
15.04.2024 - 12:25 →
Космонавтхэм я шхыныр щхьэхуэщ
|