БэлэрыгъыпIэ яIэкъымДзэлыкъуэ щIыналъэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и Iэщ фермэхэр щIымахуэм хуэхьэзырщ. Мы илъэсым районым нэрылъагъуу щыхэхъуащ мэлхэм, бжэнхэм я бжыгъэр (мини 9 нос), псом хуэмыдэжу шым (мини 6). Иджы хуэдэ лъэхъэнэм СХП, ЛПХ-хэр Iэщыр гъэ щIэзыгъэкIын гъэтIылъыгъэм толажьэ. ШыщхьэуIум и пэщIэдзэхэм мэкъуу паупщIащ гектар мини 4-м нэблагъэ. Ар мэкъумылэ хэплъыхьауэ тонн мини 10-м нос, хьэуазэу тонн мини 6-м щIигъу яIэщ, къахыжа нартыхуми Iусыпхъэу зыхуеинум хуэдизыр къыхэкIынущ. Мэкъумылэм егугъуахэщ «Верхнемалкинский» СХПК-р, «Колхоз Псынадаха» ООО-р, Дзэлыкъуэкъуажэм и уней хозяйствэхэр.
Поделиться:
Читать также:
24.04.2024 - 17:30 →
Нобель и саугъэтыр зыхуагъэфэща академикхэр
24.04.2024 - 16:32 →
Метр зэбгъузэнатIэ мелуанитIрэ ныкъуэрэ
24.04.2024 - 14:28 →
«Дунейр къызэхэкIухьи, уи унэжь екIуэлIэж»
24.04.2024 - 14:27 →
ЩIыналъэм зиужь зэпытщ
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
|