Лъэпкъ куэд къызыхыхьа зэпеуэ

2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 1-м яублауэ 2020 гъэм фокIадэм и 20 пщIондэ екIуэкIынущ «Сокровище древних черкесов (адыгов), «Нарты» в мировой цивилизации» зэпеуэр, лъэпкъ куэдым къызэдащтар.

Зэхьэзэхуэр къызэригъэпэщащ Дунейпсо Артийскэ комитетым и вице-президент, а зэгухьэныгъэм и лIыкIуэу Кавказым щыIэ, ТворчествэмкIэ академием и президент, академик, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБР-м, КъШР-м, Абхъаз, Осетие Ипщэ, Дагъыстэн, Ингуш республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Бейтыгъуэн Iэуес.
Адыгэ нарт IуэрыIуатэр - лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ щэнхабзэ фэеплъ инщ! Абы и мыхьэнэр апхуэдизкIэ инщи, ЮНЕСКО-м «Адыгэ нарт эпосыр» илъэс минищэ зэрырикъур игъэлъапIэу, 1997 гъэр абы и гъэу игъэувауэ, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щрагъэкIуэкIауэ щытащ.
Нарт эпосым къыщыгъэлъэгъуащ лъэпкъым и пасэрей хабзэхэр, щэнхабзэр, дунеймрэ абы тет цIыхухэмрэ я зыужьыкIэр, лIыхъужьхэм я хьэл-щэнхэр зэрызэфIэувар, абыхэм я зэфIэкIыр зыхуэдар. Аращ нарт IуэрыIуатэр адыгэхэм я лIыхъужьыгъэм и кодекс щIэхъуар.
Дунейм гъэ къэс тобзэхыкI лъэпкъ зыбжанэм я хабзэр, щэнхабзэр, бзэр. Ди нэхъыжьыфIхэм къытхуагъэна щIэиным дыхуэсакъыну, тхъумэну ди къалэну къыщIэтлъытэр ар цIыхуцIэ зиIэм къигъэщIа фIыгъуэхэм ящыщ хъуащи аращ.
Зэпеуэр къыхэзылъхьахэм я къалэныр зыхалъагъуэр адыгэ IуэрыIуатэм Урысей Федерацэм исхэм къищынэмыщIауэ, нэгъуэщI къэралхэми щыпсэу лъэпкъхэр щыгъэгъуэзэнырщ, щIалэгъуалэм адыгэ нарт эпосым и мыхьэнэр ягурыгъэIуэнырщ, ЮНЕСКО-м и программэхэмрэ проектхэмрэ къагъэсэбэпауэ пасэрей хъыбархэр иджырей IэмалхэмкIэ зэбгрегъэхынырщ, адыгэ лъэпкъым и тхыдэ щIэинхэмрэ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ хъумэнырщ, ахэр къэгъэщIэрэщIэжынырщ, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщхэм дин, щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр, зэныбжьэгъугъэр, зэгурыIуэр дяпэкIи гъэбыдэнырщ.
Зэпеуэм ирагъэхь хъунущ адыгэ IуэрыIуатэм теухуауэ ятха, Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ягъэзащIэ макъамэхэр; симфоние, цIыхубэ е нэгъуэщI оркестрхэм папщIэ зэхалъхьар; кинофильмхэм хуатха макъамэр; уэрэджыIакIуэхэмрэ хорхэмрэ ягъэзащIэ уэрэдхэр; къафэхэр (классикэ, цIыхубэ, эстрадэ къафэхэр, акробатикэ, сабий къафэхэр, нэгъуэщIхэри); театр теплъэгъуэхэр (нарт IуэрыIуатэм щыщу). Абыхэм щыщ дэтхэнэри дакъикъэ 15-м къызэщIиубыдэу щытын хуейщ.
КъищынэмыщIауэ, зэпеуэм и программэм хохьэ усэхэм, Iуэтэжхэм, нарт IуэрыIуатэм щыщ пычыгъуэхэм къеджэныр; нарт IуэрыIуатэм теухуа эссехэр, Iуэтэжхэр, щIэныгъэ, къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр, методикэ пособиехэмрэ сценарийхэмрэ; сурэтыщI гъуазджэр, цIыхум, унагъуэм къагъэсэбэп хьэпшыпхэр (дыщэ, дыжьынхэкIхэр, Iэщэхэр, арджэнхэр, хэдыкIхэр, тхыпхъэхэр, уагъэхэр, нэгъуэщIхэри); модэмкIэ театрыр - нарт IуэрыIуатэм ижь зыщIихуа фэилъхьэгъуэхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэр. Пасэрей лъэпкъ шхыныгъуэхэм я гъэхьэзырыкIэр зэхуэзыхьэсхэр, пщафIэхэр зэпеуэм хэт хъунущ.
Зэпеуэр IыхьитIу гуэшауэ щытынущ. Япэ Iы­хьэм къызэщIиубыдэнур видеоматериалхэрщ. Абы пхыкIхэр етIуанэ Iыхьэм ирагъэблэгъэнущ, зэхьэзэхуэм и къыкIэлъыкIуэ Iуэхухэм хэтын пап­щIэ.
Зэпеуэм и япэ Iыхьэм хэтыну зи мурадхэм лъэIу тхылърэ зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыра видеоматериалымрэ 2020 гъэм фокIадэм и 20 пщIондэ мы электрон пощтым: 07baa@mail.ru ирагъэхь хъунущ, «Сокровище древних черкесов (адыгов)» нагъыщэр щIыгъуу.
КъэпщытакIуэ гупым хэтхэм зэраубзыхуамкIэ, къахь увыпIэм елъытауэ ахъшэ саугъэту сом мин 25-рэ, сом мин 15, сом мини 10, зэпеуэм и и дэIэпыкъуэгъухэм къабгъэдэкI саугъэт лъапIэхэр, кубокхэр, щIыхь тхылъхэр иратынущ. КъищынэмыщIауэ, саугъэт щхьэхуэхэри ягъэхьэзыращ.
Зэхьэзэхуэм пашэ щыхъунухэр щагъэлъэпIэнущ 2020 гъэм фокIадэм и 28-м Адыгэ фащэм и махуэм ирихьэлIэу Налшык къалэм щекIуэкIыну концертым.

 

БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
Поделиться: