Иджыри куэдкIэ дызыщыгугъ Мурадин

Къэралым и чемпион, Европей лъэпкъхэм я кубокыр зыIэщIэлъ, ЩIы хъурейм и кубокым и финалым тIэунейрэ нэса Къущхьэ Мурадин ящыщщ бэнэкIэ хуитымкIэ дуней псом щэнейрэ и чемпион, Олимп Джэгухэм я дыжьын медалыр къэзыхьа Махуэ Билал хиша лъагъуэ дахэм пищэну дызыщыгугъхэм. И лъэпкъэгъу цIэрыIуэми хуэдэу, ар щыбанэр килограмми 125-м нэс зи хьэлъагъхэм я дежщ, и нобэрей гъэсакIуэри Махуэм и тренер дагъыстэн щIалэ Гусейнов Магомедщ.

Къущхьэ Мурадин 1992 гъэм накъыгъэм (майм) и 20-м Кыщпэк къуажэм къыщалъхуащ. Нэхъапэм бэнэкIэ хуитымкIэ лъэрызехьэу щыта икIи къэралпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм я саугъэт лъапIэхэр мызэ-мытIэу зыIэрызыгъэхьа и адэ Сэрэждин и лъэужьым ирикIуэну зи гум изылъхьа сабийм занщIэу гъэсакIуэфI игъуэтащ. Апхуэдэу къыщIэкIащ а лъэхъэнэм Налшык щылэжьа, Украинэм щыщ тренер цIэрыIуэ Евонов Владимир.
Зи ныбжьыр илъэс 13 хъуа Мурадин ерыщу зигъасэрт, япэ ехъулIэныгъэхэри иIэт, и хэкум игъэзэжын хуейуэ и гъэсакIуэм къыщыхукъуэкIам. Лъэныкъуэхэр а щытыкIэм гупсысэшхуэм хидзащ. ГугъэфIхэр уэзыгъэщI щIалэщIэр Украинэм здишэу абы щигъэсэну мурад ищIат Евоновым, ауэ хэт зи сабий ныкъуэпIыр хамэм и гъусэу езыгъэжьэжыфынур?!
Унагъуэр куэдрэ зэчэнджэщащ. ИкIэм-икIэжым, украин тренерым дзыхьышхуэ зэрыхуащIым къыхэкIкIэ, щIалэр абы гъусэ хуащIыну траухуащ. ИкIи зэманым къызэригъэлъэгъуащи, ар захуагъэт.
- Адыгэхэм игъащIэми я хабзэу щытащ я сабийр щапхъэу къалъытэ, дзыхь зыхуащI нэгъуэщI унагъуэхэм щрагъэпIрэ, балигъыпIэ щиувэкIэ, зрашэлIэжу, - жеIэ Сэрэждин. - Апхуэдэ зэрыщымыIэжрэ куэд щIами, къытхукъуэкIа Iуэхум абы дригъэгупсысащ. Евонов Владимир куэд щIауэ сцIыхурт икIи дызэныбжьэгъут, и хьэл-щэнкIи дуней тетыкIэкIи дагъуэншэти, и гъусэу Мурадин дутIыпщыну дытегушхуащ. СщIэрт ди щIалэм абы лIы нэс къызэрыхищIыкIыфынур, зэхьэзэхуэ инхэм хэтын папщIэ Украинэм Iэмал нэхъыбэ зэрыщиIэнур.
Пелуан теплъэ пасэу зыгъуэта адыгэ щIалэщIэр Евоновым иригъэбыдылIащ Херсон дэт, физкультурэмкIэ училищэ нэхъыщхьэм. Абы щыпащащ зыгъэсэныгъэ купщIафIэхэм. Ахэр лъэужьыншэ хъуакъым икIи Украинэм зэрыIэпхъуэрэ илъэсищ нэхъ дэмыкIыу Къущхьэ Мурадин япэ дунейпсо ехъулIэныгъэр зыIэригъэхьащ. Абы дыжьын медалыр къищихьащ 2008 гъэм Литвам щекIуэкIа, ныбжьыщIэхэм я европэ зэхьэзэхуэм. Псом хуэмыдэу хьэлъащ кIэух зэIущIэр: финал ныкъуэм и тхыр зэрыщагъэузар ибзыщIри, ар утыку къихьащ. Апхуэдэу щымытамэ, дыщэри и Iэрылъхьэт. Абдежым къыщыщIэдзауэ ар зыбжанэрэ хагъэхьащ Украинэм и командэ къыхэхахэм икIи етIуанэ, ещанэ увыпIэхэр мызэ-мытIэу зэпеуэ инхэм щиубыдащ.
Къущхьэ Мурадин къэкIуэну дахэ зэриIэр наIуэу къигъэлъэгъуащ Венгрием и къалащхьэ Будапешт 2010 гъэм щекIуэкIа, ныбжьыщIэхэм я дунейпсо чемпионатым. Япэ зэIущIэм абы и щхьэр къыщригъэIэтакъым Мысырым къикIа бэнакIуэм икIи ар 6:0, 6:0-у хигъэщIащ. ЕтIуанэу хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуар Урысей Федерацэм и щIыхьыр зыхъумэ, спортым дунейпсо классымкIэ и мастер, Европэм щытекIуа Хугаев Алант. Iыхьищу екIуэкIа зэпэщIэтыныгъэм адыгэ щIалэр щынэхъыфIащ. АдэкIэ къебэнар хэгъэрейхэм ящыщт. Зэпеуэм еплъыну къэкIуахэр абы хуабжьу дэщIырт икIи Iэмал имыIэу текIуэн хуейуэ трагъэчыныхьырт. АрщхьэкIэ Мурадин апхуэдэ Iэмал а щIалэм иритакъым. Дауи, псом нэхърэ нэхъ гугъуар Тыркум щыщ Акгул Тахе щебэнаращ. Иджыпсту ЩIы хъурейм щынэхъ лъэщу къалъытэ а пелуанми, ди лъахэгъур абы щыгъуэм ефIэкIащ икIи дуней псом и чемпион хъуащ. ЗэкIэ ныбжьыщIэхэм я деж.
И Iуэхухэр хъарзынэу Украинэм щыдэкIт Къущхьэ Мурадин. АрщхьэкIэ, атэлыкъ хабзэм къызэригъэуву, балигъыпIэ иува щIалэм 2013 гъэм адэжь Хэкум къигъэзэжащ икIи тренер Шэкэм Владимир и нэIэм щIэту зэхьэзэхуэхэм зыхуигъэзыру щIидзащ.
Ди къэралым и командэ къыхэхам Адлер щригъэкIуа зыгъэсэныгъэхэм ар мыгувэу щыхуэзащ абы и тренер нэхъыщхьэ Гусейнов Магомед. А гъэсакIуэращ Махуэ Билал Хасавьюрт езыгъэблагъэу, зыми къамыцIыху щIалэщIэм къыщыщIэдзауэ дуней псом щынэхъыфIхэм ящыщ зыщIар. И лъэпкъэгъу цIэрыIуэм щапхъэ трихри, Дагъыстэным и командэ къыхэхам и гъусэу зыгъэсэн щIэзыдза Къущхьэ Мурадин псынщIэ дыдэу ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьащ.
ЯпэщIыкIэ, 2014 гъэм и пэщIэдзэм къэралым и бэнакIуэ нэхъ лъэщ дыдэхэр къыщызэхуэс Ярыгиным и фэеплъ зэхьэзэхуэм ещанэ щыхъуащ. Мыгувэу абы къыкIэлъыкIуащ Якутск щекIуэкIа Урысейм и чемпионатыр. Ар Къущхьэ Мурадин и дежкIэ зэхэгъэкIыпIэ нэст.
Якутск щыIа урысей чемпионатым утыку къыщихьэжын хуеят щэнейрэ дунейпсо чемпион Махуэ Билал. АрщхьэкIэ и узыншагъэр иджыри тэмэму зэрызэтемыувэжам къыхэкIыу ар хузэфIэкIакъым. Къущхьэ Мурадин хуэфэщэну ди лъахэгъу бэнакIуэ цIэрыIуэр ихъуэжащ. Нэхъ хьэлъэ дыдэхэм (килограмми 125-м нэсхэм) я зэпеуэм абы дыщэ медалыр япэ дыдэу къыщихьащ.
А зэхьэзэхуэм адыгэ щIалэм и хьэрхуэрэгъу псори щыхигъэщIащ. Финалым ар щефIэкIащ Осетие Ищхъэрэ - Аланием щыщ, къэралым и чемпионыгъэр зыIэщIэлъ, Лондон щыIа Олимпиадэм щытекIуа Хугаев Алан. Бжыгъэр 8:3-уэ (4:0, 4:3) абыхэм я зэпэщIэтыныгъэр зэриухам ди лъахэгъум и лъэщагъыр къегъэлъагъуэ.
- Сэ сызыхущIэкъуар дыщэ медалым и закъуэщ, - жиIащ зэхьэзэхуэм иужькIэ Мурадин, - адрейхэм апхуэдэу мыхьэнэшхуэ яIэкъым. Тхьэшхуэм фIыщIэ хузощI си мурадыр къызэрызигъэхъулIам къыхэкIыу. Иджы дунейпсо зэпеуэм хэтынухэм сазэрыхэхуэнум сыщIэбэнынущ.
- Уи фIэщ хъурэт Урысей Федерацэм и чемпионатым ущытекIуэну?
- Аращ сэ Якутск сыкъыщIэкIуар. СызыхущIэкъуари сызэгупсысари сызэрытекIуэнум и закъуэщ.
- Саугъэт гуэр къыпхуагъэфэща къудейкIэ арэзы ухъунутэкъэ? - увыIэртэкъым журналистхэр.
- Сыхъунутэкъым. Сэ къэслъытэр дыщэ медалым и закъуэщ.
- Ар къызэрыпIэрыхьэнур хьэкъыу щыппхыкIар дапщэщ?
- Япэ зэIущIэм сыщытекIуа иужькIэ. Ар си дежкIэ тыншакъым - Шэшэным щыщ Дургаев Хъызыр сызэрефIэкIар зы очко закъуэщ. Ауэ абы иужькIэ къаруущIэхэр къысхыхьащ, нэхъ сытегушхуауи утыку сихьащ.
- Абы щыгъуэми етIуанэ зэIущIэр пфIахьыным зымащIэ дыдэщ иIэжар.
- Пэжщ, Осетие Ищхъэрэ - Аланием къикIа Базров Эдуард 5:1-уэ си япэ ищат, сIэщIэкIа щыуагъэр къигъэсэбэпри, зэуэ очкоиплI зыIэригъэхьауэ. АрщхьэкIэ сэри сыкъикIуэтыну зызгъэхьэзыртэкъым икIи сызэрыбэлэрыгъам сигъэгубжьат. Щыуагъэр згъэзэкIуэжыну зисчащ икIи къызэхъулIащ.
- Финалым къыщыппIэщIэта Хугаев Алан нэхъапэм уебэна?
- 2010 гъэм щыIа ныбжьыщIэхэм я дунейпсо зэхьэзэхуэм дыщызэхуэзати, Алан зымащIэкIэ сефIэкIат икIи япэ увыпIэр сыубыдат.
 - Абы уи гур къыщIиIыгъа къыщIэкIынщ?
- Ар сигу къыщыкIыжар иужькIэщ. Абы щыгъуэм дыщIалэт - балигъхэм я зэпеуэр нэгъуэщIщ. БлэкIа зэманым къриубыдэу Хугаевым и зэфIэкIми хэпщIыкIыу хигъэхъуащ.
- Къэралым и чемпион ухъуа иужькIэ хэт япэу а гуфIэгъуэр зыдэбгуэшар?
- Си адэращ. Ар и щIалэгъуэм бэнащи, текIуэныгъэм и мыхьэнэр фIыуэ ещIэ, икIи сызыхэт зэхьэзэхуэхэм темыпыIэжу кIэлъыплъ зэпытщ. Си адэр мыхъуатэмэ, зыри схузэфIэкIынутэкъым.
- АдэкIэ сытхэр уи мурад?
- Сыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым згъэзэжынурэ зызгъэпсэхунущ. Сэ абы мазиплIкIэ сыщыIакъыми, си Iыхьлыхэм, благъэхэм, ныбжьэгъухэм сахуэзэшащ. Зы тхьэмахуэ дэкIмэ, Хасавьюрт сыкIуэжынурэ, зыгъэсэныгъэхэм щIэздзэжынущ.
Апхуэдэ псалъэмакъ щхьэпэ журналистхэм ядригъэкIуэкIат Къущхьэ Мурадин къэралым и чемпионыгъэр зыIэригъэхьа иужькIэ. 2014 гъэм Грознэ, Каспийск, Красноярск, Якутск къалэхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм зэфIэкI лъагэхэр къыщызыгъэлъэгъуа ди щIалэм теухуауэ жыпIэ хъунут Урысейм и командэ къыхэхахэм и мызакъуэу дуней псом щылъэрызехьэ спортсмен къэунэхуауэ. А гугъэфIыр щIигъэбыдэжащ Польшэм и Валжбихэ къалэм а илъэс дыдэм щекIуэкIа спорт бэнэкIэмкIэ Европэм и чемпионатым. Абы хэтащ зи ныбжьыр илъэс 23-м щIимыгъуа спортсменхэр. Килограмми 125-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм Къущхьэ Мурадин къыщыпэлъэщын къыхэкIакъым. Уеблэмэ, и хьэрхуэрэгъухэм зы очкои яригъэхьакъым. Финалым 6:0-у Къущхьэм щыхигъэщIат Грузием икIа Мешвилдишвили Георгий икIи дыщэ медалыр зыIэригъэхьат.
2016 гъэм Бразилием щызэхэтыну гъэмахуэ Олимп Джэгухэм ягъэкIуэну дызыщыгугъхэм ящыщт Урысейм и чемпионатхэмрэ зэхьэзэхуэхэмрэ щытекIуа, Европей лъэпкъхэм я кубокыр къэзыхьа, Ярыгин Иван и цIэр зезыхьэ зэхьэзэхуэм пашэ щыхъуа Къущхьэ Мурадин. АрщхьэкIэ абы ирихьэлIэу Махуэ Билал и узыншагъэр зэфIэувэжри, ар Рио-де-Жанейрэ ягъэкIуащ.
Иужьу ехъулIэныгъэ ин Мурадин щызыIэрагъэхьар 2018 гъэм щIышылэм (январым) и 26 - 28-хэм Красноярск къалэм щекIуэкIа, бэнэкIэ ­хуитымкIэ «Иван Ярыгин» Гран-При зэхьэзэхуэращ. Абы дунейпсо мыхьэнэ иIэт икIи къыщахь увыпIэм елъытауэ ди щIалэхэр зэпеуэ инхэм зэрыхагъэтыну щIыкIэр яубзыхурт. Къапщтэмэ, Урысей Федерацэм и дежкIэ ар мазищ дэкIмэ Каспийск щызэхэтыну Европэм и чемпионатым кIуэнухэр къыщыхахым и зы Iыхьэ нэхъыщхьэт.
БэнакIуэхэм я сыт хуэдэ зэпеуэми пщIэ хэха щыхуащI нэхъ хьэлъэ дыдэхэм я зэпэщIэтыныгъэм. А лъэхъэнэм абы щыпащтыхь Махуэ Билал Красноярск щекIуэкIа зэхьэзэхуэм къримыхьэлIами, щIэблэ хъарзынэ зэриIэр наIуэ тщыхъуащ. СпортымкIэ дунейпсо классым и мастер Къущхьэ Мурадин нэхъапэми, 2015 гъэм, «Иван Ярыгин» Гран-При зэпеуэм щытекIуат икIи тегушхуэныгъэ ин хэлъу а зэхьэзэхуэми хэтащ. Килограмми 125-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж абы и хьэрхуэрэгъу псори щыхигъащIэри, финалым нэсащ. КIэух зэIущIэм къыщыпэщIэува шэшэн пелуан Хизриев Анзор адыгэ щIалэм къыпикIуэтыну зигъэхьэзыртэкъым. Уеблэмэ 1:0-у ар япэ ищат. АрщхьэкIэ Мурадин и зэфIэкI псори зэхилъхэри, текIуэныгъэр зыIэригъэхьащ икIи «Иван Ярыгин» Гран-При зэхьэзэхуэм етIуанэу дыщэ медалыр къыщихьащ.
Мазищ дэкIмэ, Европэм и чемпионатыр Дагъыстэным щекIуэкIынут. Абыи Къущхьэ Мурадин ехъулIэныгъэ инхэр щиIэну дыщыгугъырт. АрщхьэкIэ, а зэпеуэ иным щIидзэным тхьэмахуищ фIэкIа имыIэжу, Болгарием и къалащхьэ Софие ягъэкIуащ, Колев Данрэ Петров Никитэрэ я фэеплъ зэхьэзэхуэм хэтыну. И хьэрхуэрэгъухэм зы Iэмали яримыту ди лъэпкъэгъур финалым нэсащ. Абы къыщыхуэзащ дунейпсо чемпионыгъэр зыIэщIэлъ Петриашвили Гено. Бэнэныгъэ гуащIэр куржы щIалэм и текIуэныгъэкIэ иухащ икIи Къущхьэ Мурадин къаруушхуэ фIигъэкIуэдащ.
Апхуэдэу щыт пэтми, ар Европэм и чемпионатым хуэхьэзыру ирихьэлIащ. икIи, бетэмал, хэт ищIэнт адэкIэ Iуэхур зэрыхъунур Олимп чемпион, дуней псом тIэунейрэ щытекIуа Акгул Тахе финал ныкъуэм щыхуэмызатэмэ. Тырку бэнакIуэм Мурадин къыхигъэщIащ икIи медалыншэу къигъэнащ.
Ди жагъуэ зэрыхъущи, а зэхьэзэхуэм ди щIалэм и тхыр аргуэру щигъэузыжащ икIи зэман кIыхькIэ зэпеуэхэм къыхэкIащ. Алъандэрэ Мурадин зегъэхъуж икIи мыгувэу утыку къихьэжыну дыщогугъ. Дэ абы и текIуэныгъэ инхэм иджыри дыпоплъэ - илъэс тIощIрэ блырэ зи ныбжь пелуаным и къару илъыгъуэ дыдэу аращ!

ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
Поделиться: