Инал нэхърэ нэхъ губзыгъэ къахэкIакъым

Телъыджэ

2011 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м Леон къалэм «Европэм и Кубокым» щхьэкIэ щызэпрагъэуа шы хэплъыхьахэм япэ увыпIэр къыщихьауэ щытащ Деберт Джули зытеса къэбэрдеиш Инал.

Инал дунейм къыщытехьар Словакиеращ. Адыгэш зе­зыхуэхэмрэ фlыуэ зылъа­гъухэмрэ и зэгухьэныгъэу Словакиемрэ Чехиемрэ щыIэм и унафэщl Марковэ Евэ и деж. И анэр, шыщlэр и ныбэм илъу, ­Къармэхьэблэ ирашауэ щытащ.
- Адыгэшыр, Урысейм и щIыпIэ зыбжанэм нэмыщl, хамэ къэралу бгъум щызэрахуэ. Шы  бжыгъэр  къэтхутэн папщIэ (бонитировкэ), шыщlэ къащlэхъуахэр адыгэшым и къэрал тхылъым  иттхэн щ­­хьэкIэ  илъэс къэс а щlыпlэхэм дыкIуэурэ, лэжьыгъэ щыдогъэкIуэкI, - Iуэхум щы­гъуазэ дещI Амщокъуэ Хьэжысмел. - Хамэ къэралхэм нобэкIэ шы 800 ди нэIэ тету щыIэщ, ар мащIэкъым, адэкIи  хагъэхъуэну я   мурадщ. Ахэр   псори Адыгэшым и Къэрал тхылъым идотхэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм ­щы­Iэ шыбз бжыгъэр ирикъуркъым ахэр хуит пщIыну, Адыгэшым и Къэрал тхылъ езыхэм къыдагъэкIын папщIэ.
А дызытепсэлъыхьа лэжьыгъэр Европэм щедгъэкIуэкIыу, Марковэ Евэ и шы пщыIэм дытету, Инал къэтлъэгъуащ. Абы щыгъуэ ар илъэсиплI хъуат. И зэфIэлъыкIэкIи и хьэлкIи уигу иримыхьынкIэ Iэмал иIэтэкъым. «Мыр зэрыадыгэшри къы­хэщу, абы теухуауэ мыхьэнэ иIэу, абы нэмыщIи жыIэгъуафIэу цIэ ­схуфIэфщ», - жиIэри Евэ къыдэлъэIуати, Инал фIэтщри, тхы­лъми апхуэдэцIэкIэ иттхэжат. Куэд дэмыкIыу, шым и хъы­бар зэхиха нэужь, теплъэ дахэ зэриIэр ИнтернеткIэ щилъа­гъум, хуабжьу игу ирихьри, Евэ деж Деберт Джули кIуащ. Шыри зыIэригъэхьэри, Франджым, Баск щIыналъэм ишат.
«Элита» шы хэплъыхьахэм папщIэ Европэм зэпеуэшхуэхэр щрагъэкIуэкI уанэшыгъэкIэ зэпрагъауэу: шым игу-и щхьэ зэрызэтелъыр, цIыхум зэредаIуэр, кIэщIу жыпIэмэ, и губзы­гъагъэр здынэсыр зэхагъэкI. Илъэсищ-плIыкIэ апхуэдэ зэхьэзэхуэм  Джули  Инал хуигъэхьэзыращ. Шым хузэфIэкI хъуахэр игу ирихь­ри, зэхьэзэхуэм езыри хыхьэну тегуш­хуащ. Джули зэпеуэхэр зэрекIуэкIыр къысхуитх зэпытт: «Мис, ­район зэпеуэм сокIуэри, нэгъуэщI мыхъуми, ещанэ увыпIэр къэсхьамэ арат». Сытми, зэпеуэ цIыкIум щытекIуэмэ, нэхъ иным хыхьэурэ, Франджы псом бжьыпэр щиубыдащ. «Европэм и Кубок» зэпеуэм и Iыхьэр Леон   къалэм  2011  гъэм дыгъэгъа­зэм и 25-м щекIуэкIащ. Абы и пэ къихуэу, мыпхуэдэу къитхауэ щытат: «Зэхьэзэхуэшхуэ сокIуэ, нэгъуэщI мыхъуми, епщIанэ увыпIэр къэсхьамэ, сехъулIат, адыгэшым и лIыгъэр нэхъы­бэм къащIэнт, къытпеуэхэми дахурикъуат итIанэ». Инал ­япэ увыпIэр абыи къыщихьащ, къыпеуа шы лъэпкъ 17-м ящыщ­хэм балл куэдкIэ ящхьэщыкIыу. Дэ иджыри къэс дгъэунэ­хуар шым и ­къару, и бэшэчагъ, псынщIагъ хуэдэхэрат. Абы уегъэлъагъу лъэпкъ зызыужьам и гъусэу къэгъуэгурыкIуэ псэущхьэхэм яхузэфIэ­кIынум гъунэ зэримыIэр. ЩIэныгъэм пэIэщIэу къэхъуахэр абы зэи ещхь хъунукъым.
Абдеж щегъэжьауэ, адыгэшым Франджым нэхь мыхьэнэ ­­щрат хъуащ, уеблэмэ Франджым шым кIэлъыплъынымкIэ лъэпкъ къэхутакIуэ   институтым   адыгэшым   елэжьыну   мурад   ищIащ. Инал  абы   къыщигъэлъэгъуа   лIыгъэм къыкIэлъыкIуащ 2012 ­гъэм Вилленбринк   Герхард   и шы пщыIэм Пиренеи щIыпIэм адыгэшым теухуа зэхуэсышхуэ щрагъэкIуэкIар. А зэхуэзэм къекIуэлIат Европэ къэралхэм къикIахэри. Урысейм щыщу зэхуэсым ирагъэблэгъащ адыгэш зезыхуэхэу Мэзкуу, Краснодар крайм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм щыщхэр, нэ­гъуэщIхэри. Адыгэш лъэпкъым зегъэужьыным теухуауэ екIуэкIа а зэхуэсым къы­щащта унафэхэм ящыщт Франджым адыгэш щызезыхуэхэмрэ абы гулъытэ хуэзыщIхэмрэ я зэгухьэныгъэр къызэгъэпэщыныр,  абы  и унафэщIу Джули хахауэ щытащ. Урысейм щыщу зэхуэзэм хэтахэри щIыхь яIэу я зэгухьэныгъэм хат­хащ. Зэхуэзэм иужькIэ Польшэм Адыгэш зыгъэхъухэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Банач Себастьян и машинэмкIэ дыкъыщришэкIащ  Европэм щыщ щIыналъэхэу адыгэш щызэрахуэ къэралибгъум.
Адыгэш нэхъыбэу здэщыIэ ди республикэм къэкIуат Джули, шым  и  зехьэкIэр,  зэрызэрахуэ   Iэмалхэр   нэхъ   къищIэну. Ди ­ цIыху зэхэтыкIэмрэ Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ илъэгъуа нэужь, абы жиIащ: «Дэ ди дежкIэ цIыхухэр щызэхуэгущIыIэщ, фэ фхуэдэу пщIэрэ гуапагъэрэ яку дэлъкъым. Сэ насыпыфIэу зыслъытэжынт, фэ фхуэдэ шыпхъу е дэлъху сиIамэ». Абдеж дгъэщIэгъуащ баскхэм, дэ тхуэдэу, зы анэ къимылъхуахэр Iыхьлы зэрыгъэхъуу апхуэдэ  дыдэ   хабзэ   зэраIэр.   Абы   иужькIэ, Iэмал   иIэжтэкъым ди   лъэпкъ   Iуэхур  апхуэдизу фIыкIэ къэзыIэтыр, абы и пщIэм ­Европэм щыхэзыгъаIуэ цIыхубз псэ къабзэр шыпхъу умыщIынкIэ. А зэIущIэм хэтахэм унафэ къащтащ абдеж щыщIэдзауэ Хьэжысмелрэ Джулирэ зэдэлъхузэшыпхъукIэ зэджэну.
Баск щIыналъэми, Джули ди шузекIуэхэм щахэтами, ди деж къыщыкIуами, дгъэщIа­гъуэу гу лъыттащ адыгэбзэмрэ бас­кыбзэмрэ псалъэ куэд зэтехуэу зэрыхэтыр. Абы теухуауэ мыхьэнэшхуэ иIэнут, бзэ щIэныгъэр зи IэщIагъэ ди фило­логхэр а Iуэхум нэхъ куууэ бгъэ­ды­хьатэмэ. Телъыджэ куэд хэтщ ди  тхыдэм,  уи щхьэр ириунэзэну. Ди бзэмрэ ди тхыдэмрэ дэ къытфIэмыIуэхуу хъунукъым, дэ лъэныкъуэкIэ дыщытыху, нэгъуэщIхэм ар ямыгъэкIуэду ­тхуаIыгъыну е зэрахьэну уи фIэщ пщIы хъунукъым. Псалъэм папщIэ, Деберт Джули баск лъэпкъщ, университет къиу­хауэ Париж лэжьапIэфI иIэу дэсу, псори хыфIидзэри къыщалъхуа щIыналъэм игъэ­зэжащ, баскыбзэмрэ баск тхыдэмрэ зэрыхэкIуэдэжыр игу къеуэрти, хузэфIэкI хилъхьэну. Абы лъан­дэрэ еджапIэм и унафэщIу, баскыбзэмкIи сабийхэр иригъаджэу мэлажьэ. Зымахуэ игу къеуэу къыс­хуитхащ Интернетым уихьэкIэ адыгэшым теу­хуауэ, хуэфащэу,   ещхьу   узэплъын   хамэ къэралыбзэкIэ   куэд   зэримытыр, ар сурэт ирехъу, тхыдэ ирехъу. Уеблэмэ  ­ад­рей шы лъэпкъхэм ­ятеухуауэ   итым,  пцIыми ­пэжми, къекъутэ. Зэран иIэтэкъым, мыхьэнэ нэхъыбэ ефту, а Iуэхум иужь  фитамэ, ­жиIэу.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы жиIэр пэжщ: мащIэщ щыIэмрэ пэжымрэ цIыхубэм къащIэн щхьэкIэ, адыгэшым теухуауэ Интернетыр къызэрыдгъэщхьэпэр.

Деберт Джули Инал адыгэшым тесу Баск щIыналъэм игъэзэжащ.

XVI  лIэщIыгъуэ лъандэрэ

Кавказ Ищхъэрэм щагъэхъу шы лъэпкъхэм я нэхъыфIыр адыгэшращ. Абы ущрохьэлIэ кавказ республикэ псоми, Став­ропольрэ Бжьэ­дыгъу къалэрэ я Iэгъуэблагъэхэми. И бжыгъэр мин 40-м нэсынщ. Кавказми, Кърымми, Молдавиеми щызэрахуэ шыхэр ирагъэ­фIэкIуэн папщIэ шагъдийхэр къагъэщхьэпэ.

Дызэрыт зэманым къэбэрдей шы лъэп­къыр Инджылызым, Афга­нистаным, Болгарием, Вьетнамым, Кореем, Поль­шэм, Франджым, Чехословакием иращэ. 1963 гъэм къэралым ираша шы­хэм я нэхъыбэр къэбэрдей шы лъэпкъым щыщщ. Ады­гэшым уасэу хуэзар ­адрей уанэш лъэпкъ псоми я уасэм щхьэдэхащ. Адыгэш куэд къыщагъэ­сэбэп Совет Армэми.
Гулъытэ нэхъ хуащIу адыгэшыр гуартэу зэрахуэн щыщIадзар XVI лIэ­щIыгъуэращ - Псыжьрэ Тэрч­рэ я зэхуаку дэлъ Кав­каз Ищхъэрэ тафэр зэ­рыщыту зыубыда къэ­бэрдей пщы-уэркъхэм я уна­фэм адрей бгырысхэр щы­щIэтам щы­гъуэ. А зэманращ бгырысхэм шы­хэр гуартэу зехуэныр хьэл ща­хуэхъуари, мэкъу­мылэ хуа­мыгъэхьэзыру, гъэ­­ма­­хуэм бгым, щIыма­хуэм - губ­гъуэм, бгы лъа­пэ ­удзылъэхэм ща­гъэхъуу щрагъэсари. Ады­гэшыр уанэшу къы­зэ­рекIуэкIар, цIыхубэ гъа­­щIэм мыхьэнэшхуэ щи­Iар лъэпкъым и хабзэми и Iуэ­рыIуатэми IупщIу къыхощ.
X лIэщIыгъуэм урыс­хэм­рэ къэбэрдейхэмрэ я зэхуаку дэлъа зэхущы­тыкIэр лъэпкъитIми къахуэщхьэпащ. Къэбэрдей шуудзэ псынщIэр Урысейм XVI-XVIII лIэщIыгъуэ­хэм ири­­гъэкIуэкIа зауэ псо­ми хэтащ. АрщхьэкIэ Урысей пащтыхьыгъуэм XIX лIэщIыгъуэм илъэс щэщI­кIэ иригъэкIуэкIа Кавказ зауэм къэбэрдейхэми шэ­р­­джэсхэми хэщIыныгъэшхуэ яритащ, я шы зехуэн IэщIагъэри зэпиудащ.

Красников Андрей,
«Кавказ Ищхъэрэм щы­зэ­рахуэ шы лъэпкъхэм зэ­ры­заужьамрэ зэрызахъуэжамрэ».
1964 гъэ

Пщы  къэс  шы  завод  зэгъэпэща  иIэт

ШЫФI  хуэныкъуэ зауэлI­хэр шы хъупIэхэм емылIэлIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Пщы къэс шы завод зэгъэпэща иIэт. НэхъыфI дыдэу Къэбэрдейм щалъы­тэхэр джы­лахъстэней уэркъ Щолэхъу ейхэмрэ къэбэрдеишхуэм щыщ Чэполэ уэр­­къым ейхэмрэт. Ауэ хэ­зы­щIыкIхэм зэрыжаIэмкIэ, тIури абазэ тепщэ Трамэм ейм лъэщIыхьэнутэкъым. Адыгэшым и адэр хьэ­рыпщ, и анэр адыгэщ. Нобэр къыздэсым Iуэхум елIа­лIэ шыхъуэхэм яшхэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ, Тыр­кумрэ Къэжэрымрэ шы лъэпкъыфI къызэрырашы­ным иужь итхэщ.

Броневский Семён, урыс генерал. 1804 гъэ
Поделиться: