Атэбий Игорь: ФIыуэ слъагъу Iуэхум селIалIэу аркъудейщ

Илъэс 40-м нэблэгъауэ къафэм и фIыпIэм хэтщ «Кабардинка»-м и художественнэ унафэщI Атэбий Игорь. Ар Къэбэрдей-Балъкъэр, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Адыгэ республикэхэм щIыхь зиIэ я артистщ, Ингуш, Шэшэн республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэщ, УФ-м и Правительствэм и саугъэтым и лауреатщ, цIэ лъапIэ бжыгъэншэхэр зыхуагъэфэщащ. Игорь илъэс 20-м нэблэгъауэ ансамблым и художественнэ унафэщIщ икIи а зэманым къриубыдэу къафэ гъуазджэм и псалъэ щыжиIа къудейкъым, атIэ лъэпкъым и тхыдэм хэмыгъуэщэн лъагъуэ къыхинащ.

НэхъыжьыфI и хьэлу, ар и зэфIэкIымкIэ къыдэкIуэтей щIэблэм ядогуашэ, ансамблым щигъэзащIэ лэжьыгъэм къыдэкIуэу, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым «Искусство балетмейстера» Iуэхум щыхурегъаджэ, къищынэмыщIауэ, иджыблагъэ къыдигъэкIащ «Адыгский сценический танец» зыфIища тхылъ гъэщIэгъуэн.
 «Кабардинка»-м и илъэс бжыгъэ дахэр щагъэлъапIэм ирихьэлэу Атэбий Игорь дедгъэкIуэкIа псалъэмакъыр ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ:
- «Къафэ» псалъэм си дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, си Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым языхэз симыIэжмэ ныкъуэдыкъуэ сызэрыхъунум хуэдэу, ари сщыщ гуэрщ. Си гъащIэри, лъэпкъ щэнхабзэри куэдкIэ нэхъ тхьэмыщкIэнут а Iыхьэр хэмытамэ. Къафэр - мыкIуэщIыж къару къызэзытщ, аддэ си щIалэгъуэм, япэ дыдэу «Кабардинка»-р утыкум иту щыслъэгъуам, сызыщIэзыубыдауэ щыта мэгъу къарум нобэр къыздэсым сиутIыпщыркъым. Дуней телъыджэщ къафэм къигъэщIыр - абы гукъыдэж, гушхуэныгъэ, къару мыкIуэщI къует. Сэ сыщыпсэури сыщыгупсысэри къафэрщ. СэркIэ пщIэшхуэщ «Кабардинка»-м сыкъыщыфащ», жысIэныр. Сэ цIэрыIуэ сыхъун щхьэкIэ сылажьэркъым, фIыуэ слъагъу Iуэхум селIалIэу аркъудейщ.
 - «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым нобэ сыт и псэукIэ?
- Иужьрей илъэситхум я гугъу пщIымэ, ансамблым хэхъуи хэщIи диIащ. Илъэс 80-р дгъэлъэпIа и ужькIэ, Сыбырым, Поволжьем, Урысейм и Ищхъэрэ лъэныкъуэм концерт инхэр щыттурэ дыкъекIуэкIащ. 2016 гъэм Израилым щызэхаша адыгэ щэнхабзэ фестивалым дыщыIащ. А илъэс дыдэм концерт ин щыттащ Москва. Тыркум хыхьэ Марашрэ Гёкскунрэ (джылахъстэнейхэр зыдэсыр) мы гъэмахуэм зыкъыщыдгъэлъэгъуащ. Сыт щыгъуи хуэдэу икъусыкъужкIэ гугъу зыкъыддрагъэхьу дагъэлъэпIащ, къытхуащIэмрэ дыздагъэтIысымрэ яфIэмащIэу.
Сыбыр лъэныкъуэмкIэ дыщыкIуам ХьэхъупащIэ Амырхъан уэрэд жиIа иужь, сценэм ирамыгъэкIыжу Iэгуауэшхуэ хуаIэтат, ауэ щыхъукIи, залым щIэсхэм адыгэу зы цIыхуи яхэттэкъым. Гъуазджэм и бзэм тэрмэш зэрыхуэмейр хьэкъ сщыхъуащ абдежым.
 ДызыщыгуфIыкI хэхъуэхэри диIащ зи гугъу сщIы лъэхъэнэм, ди хъыджэбзитху декрет тIысыжащ, абыхэм я насыпым ди быным хуэдэу дрогушхуэ.
- IэщIагъэ псоми я щэху яIэжщ. Къафэм и щэхуу езым бгъэунэхуамкIэ укъыддэгуэшэн?
- Сэ сызэреплъымкIэ, цIыхум и дуней тетыкIэри и къэфэкIэри зэщхьщ. ИтIанэ, гъэщIэгъуэну гу зылъыстамкIэ сывдэгуэшэнут - цIыхухъу къафэр шы джэгукIэм изогъэщхь хуабжьу. АдыгэлIымрэ адыгэшымрэ зэкIэрыпч мыхъуну игъащIэ лъандэрэ къогъуэгурыкIуэ. Тобэ ирехъуи, аращ дэ щапхъэ зытетхар. Лъэпкъ къэс я къафэм хьэкIэкхъуэкIэ гуэрым зыщыпащIыжу гу лъыстащ, Бразилием куэду щыIэр номинщи, абыхэм я къафэм номинхэм ядэплъагъу щытыкIэхэр щыкуэдщ, Башкирхэм я деж бажэр щыкуэдщи, бажэ фащэхэр ящыгъыу къофэ.
Си лэжьыгъэхэмрэ абы къыхэсха гупсысэхэмрэ щызэхуэхьэсащ «Адыгский сценический танец» тхылъым. «Музыка, поэзия, поэтика, типология адыгского танца» фIэщыгъэм щIэту згъэхьэзы-      ра диссертацэ лэжьыгъэр мыгувэу ­ГИТИС-м щыпхызгъэкIыну къыспэщылъщ.
- Иужьрей зэманым сыт хуэдэ ехъулIэныгъэхэр зыIэригъэхьа ансамблым?
- Къыхэзгъэщыну сыхуейт мы лъэхъэнэкIэ ансамблым и Iуэхухэр нэхъ зэрефIакIуэр. Ди ансамблым зыкъыщигъэлъэгъуэн хэщIапIэ нэхъыфIу къалащхьэм щыIэр «Дом музыки»-мрэ Чайковскэм и залымрэщи, абыхэм илъэс щIагъуэ дэмыкIыу драгъэблагъэ. «Илъэс 85-рэ гъуэгуанэ» фIэщыгъэм щIэт концерт ин щыттащ а залхэм мы илъэсым.
Зи гугъу тщIы пIалъэм «Хъуромэ», «Джылахъстэней къафэ», нэгъуэщI зыбжани дгъэуващ. Ансамблым и программэр нэхъ щIэщыгъуэ зэрытщIыным яужь дитщ икIи дыздэкIуэ щIыналъэм елъытауэ ди репертуарыр дохъуэж. Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Испанием, Италием, Абхъазым - къафэ псынщIэхэр, Инджылызым, Японием, Израилым, Тыркум нэхъ хуэмхэр щафIэфIщ. Илъэс 85-р дгъэлъэпIа иужькIи къафэщIэхэр дгъэувыну ди мурадщ, нэхъыбэу дызыхэIэбэнури нарт эпосращ. ­Къафэ бгъэувыныр Iуэху тыншкъым. Абы папщIэ фащэщIэхэр ебгъэдын, мылъку гуэр тебгъэкIуэдэн хуейщи, сом лей ущимыIэм и деж щхьэусыгъуэр куэд мэхъури, уалъахъэ.
Лэжьэн зэрыщIэздзэрэ ансамблым къафэ 40 щызгъэуващ, дяпэкIи дызэлэжьынур гъунэжщ.
- Къэралым и лъэныкъуэкIэ сыт хуэдэ гулъытэ ­игъуэтрэ фи гупым?
- Адыгейм, Шэшэным, Ингушым я къэфакIуэ гупхэм хуащIэр, ахэр къызыхуэтыншэу къызэрызэгъэпэщар щыплъагъукIэ уемыхъуэпсэнкIэ Iэмал иIэкъым. Ди ансамблым а гулъытэм и ныкъуэри игъуэтыркъым,ауэ щыхъукIи, зи гугъу тщIыхэм я утыку итыкIэкIэ мынэхъыфIмэ, зыкIи нэхъ икIэкъым. Апхуэдэ зэгъэпщэныгъэхэм лэжьыгъэр щыпIэпауди щыIэщ. Иужьу фащэщIэ щытхуадар илъэсипщI ипэкIэщ. Бюджетым къыхэкIыу зы сом илъэсым тхухахыркъым. Ди фащэр ягу иримыхьу, ди утыку итыкIэмкIэ мыарэзыуэ къытхуэпсалъэр куэдщ, ауэ къыддэIэпыкъуну хуейр мащIэ дыдэщ. Дыкъызэрыфэ лъахъстэн вакъэхэр сом минипщI и уасэщ. Аращи, хэкIыпIэхэр езыр-езыру къэтлъыхъуэн хуей мэхъу.
- «Кабардинка»-м хэтхэм я гугъу уэзгъэщIынут.
- Псори зэхэту цIыху 43-рэ мэхъу къэфакIуэхэр. Абыхэм ящыщу 5-р декрет зэрыщысым къыхэкIыу зэгуэгъуу 12 нэхъыбэ зэгъусэу утыкум къысхуигъэхьэркъым. Пэжщ, дэ студие диIэщи, абы щыщу иужь илъэсхэм цIыху зыбжани къэтщтащ, ауэ цIыху 50-м щыщу ансамблым къыхэбгъэхьэ хъуну тIу-щы яхэтми аращ. Шэч хэмылъу къэфакIуэм Iэпкълъэпкъ зэкIуж иIэн хуейщ, ауэ нэхъыщхьэр а IэщIагъэр цIыхум фIыуэ зэрилъагъущ, абы игу, и псэ зэрыхилъхьэщ, гугъу зэрыздригъэхьщ. Нэхъыщхьэращи, и щхьэ фIыуэ илъагъужын хуейщ къэфакIуэм.
Си гупым дзыхь тезмыщIэу, я зэфIэкI е я цIыхугъэ сытешыныхьу зыри яхэткъым. Ди жагъуэ зэры­хъунщи, мы IэщIагъэм зэрыримыпсэуфым къыхэкIыу куэдым ар къагъэнэн, нэгъуэщI IэщIагъэм зратын хуей мэхъу. Ауэ, пэжым ухуеймэ, зы унагъуэм хуэдэу дызэхэтщ. А унагъуэм къытепщIыкIыжауэ унагъуипщI диIэжщ иджыри: (Дерхэ, Куэтэншыхэ, ГъукIэхэ, ГъущIохэ, Чымэзокъуэхэ, Дэрокъуэхэ, Атэбийхэ, Битокъухэ, Мулайхэ).
- ЦIыху 50 хъу гупышхуэ зэбгъэдэIуэну, гъуэгуанэ жыжьэ епшэжьэну тыншу къыщIэкIынкъым?
- Дэнэ щIыпIэ дыкIуэми, утыкум дахэу дызэритым хуэдэу, Iупхъуэ къуагъми екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ си гупым. Утыку ущитым и закъуэкъым ущыадыгэн хуейр, ар псэ етIуанэу пхэтын ­хуей гуэрщ. «Кабардинка»-м щыщу зы цIыхум кIэнфетыфэ къыIэпыхуауэ зыми илъагъунукъым - сэ абыкIэ шэсыпIэ сихьэфынущ. КъэфэкIэ умыщIэнкIи хъунщ, ауэ уадыгэу адыгагъэ пхэмылъу ди гупым ухэзэгъэнукъым. Пэжщ, си макъ зыщезгъэIэти щыIэщ, ауэ схужыIэнукъым ахэр Iэдэ быдэкIэ сIыгъыу - абыхэм я гъэсэныгъэр псом япэрауэ зи фIыщIэр къыщыхъуа унагъуэращ.
- Фи илъэс 85-р зэрывгъэлъэпIэну фи мурадымкIэ укъыддэгуэшамэ арат.
- Дыгъэгъазэм и 3-м щегъэжьауэ тхьэмахуэкIэ «Кавказ Ищхъэрэ» фIэщыгъэм щIэту лъэпкъ фащэхэм, къафэм, хабзэхэм теухуауэ лекцэхэр курыт еджапIэхэм щIэсхэм я деж щедгъэкIуэкIащ. Ди лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм сабийхэр нэIуасэ яхуэтщI къудей мыхъуу зэхэхауэ ябгъэдэплъхьэну, фIыуэ едгъэлъагъуну ди мурадщ. Дыгъэ­гъазэм и 12-13-хэм концерт ин Налшык щыдот. Абы къыт­хуеблэгъэнущ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ куэдым щыщ хьэщIэ лъапIэхэр - Абхъазым, ­Къалмыкъым, Ставропольем къикIынущ ди махуэр къыддэзыIэтынухэр. КъэфакIуэ ансамблым къикIуа гъуэгуанэмрэ дуней псор къызэритхьэ­къуамрэ теухуа хъыбархэмкIэ, ди «дыщэ пхъуантэм» дэлъ ­къафэ, теплъэгъуэ нэхъыфIхэмкIэ гъэнщIауэ къызэдгъэпэщыну пшыхьхэр гуимыхуж хъуну дыщогугъ.

Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться: