Чыгъэду Казбек Налшык щыIэщМы махуэхэм Налшык щохьэщIэ Америкэм щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэу иджыблагъэ хаха Чыгъэду Казбек. Ар иджы япэу къакIуэу аращ и адэжь хэкум. Езыр къыщалъхуар Сирием и Джолан лъагапIэхэм хиубыдэ КъунейтIрэ къуажэращ. Дамаск еджэн къыщиуха нэужь, 1976 гъэм Америкэм Iэпхъуащ, щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ, инженер-механикыу щылэжьащ, иджы пенсэм щыIэщ. США-м зэрыIэпхъуэрэ Адыгэ Хасэм хэтщ Казбек, сыт щыгъуи лъэпкъ Iуэхум жыджэру и гуащIэ хелъхьэ. Мы гъэм абы и тхьэмадэ къулыкъум пэрагъэуващ, илъэситI пIалъэкIэ лэжьэну.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
23.04.2024 - 10:48 →
Iуащхьэмахуэ куэдым я плъапIэщ
20.04.2024 - 10:52 →
Ветеранхэм гулъытэ хуащI
|