Мэрем пшыхь

ГъэщIэгъуэнщ

Уэгум вагъуэбэр щыкуэдщ

Алыдж астрономхэм къызэрахутамкIэ, вагъуэбэ 48-рэ щыIэщ. Ауэ абыхэм я ужькIэ нэгъуэщI астрономхэм вагъуэбэ 40 къахутащ. Вагъуэбэхэм яхэтщ гъэм и лъэхъэнэ хэхахэм деж фIэкIа уафэм щумылъагъухэр. Иджыри къамыхутэфауэ нэгъуэщI вагъуэбэхэри щыIэнкIи хъуну къалъытэ щIэныгъэлIхэм.

* * *
Зи Iэпкълъэпкъыр нэхъ хуабэ дыдэр джэдырщ - градус 43-рэ. Абы кIэлъокIуэ тхьэрыкъуэр, бзу цIыкIухэр - градус 42-рэ. Гуэгушым, къазым, бабыщым, жьындум, къашыргъэм я хуабагъыр зэхуэдизщ - градус 40 - 41-рэ. Iэщ пIащэм, мэлым, хьэм, джэдум - 37 - 39-рэ яIыгъщ. ЦIыхур, номиныр, шыдыр, шыр, пылыр зэрызэщхьэщыкI щыIэкъым - градус 35 - 38-рэ.

* * *
Ди эрэм и пэкIэ 3200 гъэм Мени фирхьэуным Мысырым щыIэ пщыгъуэхэр зэгуигъэхьэри, Мемфис зи къалащхьэ Мысыр къэралыгъуэр къызэригъэпэщащ, дунейм щыяпэ дыдэу. Илъэс 500 хуэдиз дэкIа нэужь ар лъэщ мэхъу икIи ди эрэм и пэкIэ 2725 гъэм зауэ зекIуэхэр ирегъажьэ, лъэныкъуэ куэдкIэ унэтIауэ. Апхуэдэурэ къизэуащ Суданыр, Сириер, Ливаныр зэрыс щIыналъэхэр.

***
Хэку зауэшхуэр щыщIидзам СССР-м и Дзэ-Тенджыз флотым иIащ зэрызауэ кхъухь зэмылIэужьыгъуэу 1000-м нэс. Абыхэм ящыщу 3-р линкорт, 54-р эсминецт, 212-р псыщIагъырыкIуэт, 22-р псы Iуфэхэр зыхъумэт, 80-р хьэлъэзешэт, 287-р торпедэ зезыхьэт. Абы нэмыщI ди къэралым иIащ тенджыз авиацэм и кхъухьлъатэу 2.800-рэ, артиллерием и псы Iуфэ батарееу 260-рэ.

КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэр

(2012 гъэм и кIэухым тещIыхьауэ)

1. Адыгэхэр (къэбэрдейхэр) - 490.453-рэ
2. Урысхэр - 193.155-рэ
3. Балъкъэрхэр - 108.577-рэ
4. Абазэхэр - 418-рэ
5. Абхъазхэр - 102-рэ
6. Авархэр - 425-рэ
7. Агулхэр - 22-рэ
8. Адыгейхэр - 524-рэ
9. Азербайджанхэр - 2063-рэ
10. Алеутхэр - 1
11. Алтайхэр - 3
12. Американхэр - 9
13. Хьэрыпхэр - 207-рэ
14. Ермэлыхэр (армянхэр) - 5002-рэ
15. Ассирийхэр - 55-рэ
16. Афганхэр - 21-рэ
17. Башкирхэр - 151-рэ
18. Белорусхэр - 696-рэ
19. Болгархэр - 218-рэ
20. Британхэр - 13
21. Бурятхэр - 4
22. Мэжэрхэр (венгрхэр) - 9
23. Вьетнамхэр - 2
24. Гагаузхэр - 29
25. Бгырыс журтхэр - 124-рэ
26. Алыджхэр (грекхэр) - 222-рэ
27. Куржыхэр (грузинхэр) - 1545-рэ
28. Аджархэр - 2
29. Мегрелхэр - 1
30. Сонэхэр (сванхэр) - 6
31. Даргинхэр - 438-рэ
32. Гуэбэшыхэр (кубачихэр) - 1
33. Дунганхэр - 1
34. Журтхэр - 835-рэ
35. Езидхэр - 8
36. Ингушхэр - 1271-рэ
37. Индхэр - 6
38. Итальянхэр - 7
39. Ительменхэр - 1
40. Къэзахъхэр - 249-рэ
41. Къалмыкъхэр - 38-рэ
42. Каракалпакхэр - 4
43. Къэрэшейхэр - 1028-рэ
44. Карелхэр - 10
45. Къыргъызхэр - 52-рэ
46. Китайхэр (чынтхэр) - 14
47. Коми - 25-рэ
48. Коми-пермякхэр - 14
49. Корейхэр - 4034-рэ
50. Кърым тэтэрхэр - 14
51. Къумандинхэр - 1
52. Къумыкъухэр - 699-рэ
53. Курдхэр (хьэмшэрийхэр) - 321-рэ
54. Лакхэр - 1462-рэ
55. Латышхэр - 46-рэ
56. Лезгинхэр - 767-рэ
57. Литовецхэр - 37-рэ

ЦIыкIухэм факъыхуеджэ

ГугъапIэ

Дерсыр сщIыжу сыздэщысым Iэуэлъауэ гуэр зэхызох. Сысакъыпэурэ сызэплъэкIмэ, и нэ хъурей цIыкIуитIыр къицIыщхъукIыу, дурэшым дэсщ зы дзыгъуэ цIыкIу, сэхуран еIункIри.
Ар зэрыслъагъуу, си гум, къилъэтыным хуэдэу, къеуэу щIедзэ. Хуэм дыдэурэ зыкъэсIэтщ, зэуэ зыздзри, бжэр ездзылIэри сыкIэрыувэжащ.
Дзыгъуэми зищтэри бжэмкIэ къыщIэпхъуащ, ауэ сэ сыкъилъагъури гъуэлъыпIэ щIагъым щIэлъэдащ. ТIэкIу зиIэжьэри, абыи къыщIэжыжащ, арщхьэкIэ сызэрыщытт - игъазэри аргуэру щIэлъэдэжащ. Абы зыщигъэпщкIу хъуну зы гъуанэ цIыкIу ди пэшым иIэтэкъым. Сэ ар сщIэрти, мамыру сыщытт, адэкIэ сщIэнум сегупсысу…
Сегупсысым-сегупсысурэ, сигу къэкIар апхуэдизкIэ сигу ирихьыжати, сэ сыарэзыуэ сыкъыпыгуфIыкIащ икIи, си щэхур къэзыщIэн гуэр гъунэгъуу щымыту пIэрэ жыхуэсIэу, зысплъыхьащ, ауэ пэшым сэ нэмыщIа зыри щIэстэкъым.
Сигу къэкIар мырат: «Сеуэнщи, дзыгъуэ цIыкIур сутIыпщыжынщ. Здэжэр зэзгъэлъагъунщи, дыдейхэр къэкIуэжмэ, яжесIэнщ. Дзыгъуэ щыдиIэкIэ, джэдуи диIэн хуейщ, армырамэ, хэт дзыгъуэр къэзубыдынур?»
 Джэдур Зули сэри ди хъуэпсапIэт. Ауэ дэ сыт хуэдизрэ демылъэIуами, ди анэм ауэ жыжьэу дызытригъэхьэртэкъым.
Арати, а къомым сегупсысри, дзыгъуэ цIыкIум зыгуэр къыщыщIынкIэ сышынэу, бжэр Iусхащ. Гъуэгур хуит хъуауэ зэрилъагъуу, щIэцIэфтри, гъэтIылъыпIэм зыдидзэжащ абы.
Махуэ псом сэ сегупсысащ, ди анэр къэкIуэжа нэужь, дзыгъуэ зэрыдиIэр зэрыжесIэну щIыкIэм. Абы щхьэкIэ сызэрыгуфIэм гу къылъатэмэ, Iуэхур зэIыхьат.
Пщыхьэщхьэм, ди адэр къызэрыщIыхьэжу, сыбгъэдэлъадэри, махуэм дзыгъуэ зэрыслъэгъуар жесIащ, ауэ джэду Iуэху зесхуакъым…
- Дэнэ дзыгъуэ къыздикIар? - щIэупщIа мыхъумэ, абы сэ жысIа къомыр къыфIэIуэхуакъым.
Сэри, си мурадым зыри къызэримыкIар щхьэжэ сщыхъуауэ, зызущэхужащ.
Ауэрэ заул дэкIащ. Махуэ гуэрым ди адэм, зыгуэр хуейуэ гъэтIылъыпIэм и бжэр Iуихри, хужьгъэр зэрылъ тепщэч куум ису дзыгъуэ цIыкIу къилъэгъуащ.
- Уэлэхьэ, щIалэ, пэж дыдэу дзыгъуэ диIэмэ, - жиIащ абы. - КIуэи шэнт щхьэгуэр къысхуэхьыт. Деплъынти абы и хэщIапIэм…
Сэ сыжэри шэнтыр къэсхьащ. Дядэм гъэтIылъыпIэр къыдигъэкъэбзыкIри, дзыгъуэр къиубыдащ. Ар иукIауэ щыхыфIидзэм, сэ жысIащ:
- Си гугъапIэ закъуэр… Абы сыт хуэдэу сыщыгугъат.
- Ар сыт гугъапIэ? - КъыгурыIуакъым дядэм сэ зи Iуэху зесхуэр.
Абдежым сэ зызумысыжащ.
Ди адэм зыри жиIакъым, къыпыгуфIыкIа мыхъумэ. Ауэ махуэ зытIущ дэкIри, езым джэду дахэ цIыкIу къытхуихьащ…
КIуантIэ Iэзид.

ЩIыпIэ жыжьэхэм

Псы уардэунэ

Индонезием хыхьэ Бали хытIыгум щIыпIэ телъыджэ иIэщ. ХытIыгум и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ бгы лъабжьэм псы къабзэ къыщыщIож. Абы щыпсэухэм пщIэшхуэ хуащI щIым и куупIэм къыщIэж псым икIи арауэ къалъытэ гъащIэщIэм къежьапIэ хуэхъур. Абы къыхэкIыу, а щIыпIэм дин хабзэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэкIуэкI, тхьэелъэIупIэу яIэщ.
И хъуреягъым и дахагъымрэ хьэуа къабзэмрэ дихьэхри, Раджа Карангасему къалэщIыб унэ щиухуэну мурад ищIыгъащ абдеж. Ар зэфIэкIауэ щытащ 1942 гъэм. ИкIи а резиденцэм Тиртагангэ фIащащ («Тирта» - псы, «Гангэ» - Индием щежэх Ганг псырщ).
Зи гугъу тщIы щIыпIэ телъыджэм гектар 1,2-рэ еубыд.
Псы уардэунэр архитектурэ и лъэныкъуэкIэ щIыпIищу зэпычащ, зыр зым и щхьэм тету, скульптурэ пщIы бжыгъэхэр итщ. Япэ комплексым гуэлищ ущрохьэлIэ, етIуанэм ущес хъу псыгуэн зыбжанэ итщ, ещанэр резиденцэр зейуэ щыта Раджа и хэщIапIэу къалъытэращ, ар тхьэм хиха щIыпIэу ябжри, абы къыщыщIэж псыхэр дин дауэдапщэхэм къыщагъэсэбэп.
Зи гугъу тщIы Псы уардэунэм китай, бали лъэпкъхэм я хабзэм тету щIа архитектурэ ухуэныгъэхэм ущрохьэлIэ. Телъыджэщ ахэр зэпуплъыхьыну, псыщхьэм тет мывэ щIимыгъэмбрыуэхэм утету къэпкIухьыну…

Къэбарт Мирэ.

Тхыдэ

Ди унэцIэхэр къызытехъукIар тщIэжрэ?

Дзэлыкъуэкъуажэ щыщ зэкъуэшищ я мэкъупIэ Iыхьэр паупщIыну мэкъуауэ шызакъуэгукIэ ежьат. Куэд дэмыкIыу зэкъуэшхэр ялъэщIыхьащ гъуэгурыкIуэ ДжэгуакIуэм. Я къуэш нэхъыщIэр гупхэмкIэ ягъэтIысри, нэхъыжьитIым къахуэзар я кум дагъэтIысхьащ щIакIуэ щабэм тесу, адэкIи ежьэ- жащ.
Жыжьэ мыкIуауэ, джэгуакIуэм жиIащ зэрыцIыхуамэ зэрынэхъыфIыр, занщIэуи къуэш нэхъыжьым еупщIащ:
- Уэ хэт уи цIэр? - жиIэри.
ЗэупщIар укIытэри, закъомрэ жэуап къитыжакъым. ИтIанэ жиIащ и цIэр зэрымыпщIэгъуалэри, тIэкIу зэрымыгурыхьри.
- Тхьэжьбийщ си цIэр.
ДжэгуакIуэм фIыуэ зэхихат щIалэм и цIэр, арщхьэкIэ и фIэщ хъуртэкъым апхуэдэцIи щыIэу.
- Хэт къыпфIищами, уригъэхъулIакъым, муслъымэныцIэкъым, дурыскъым а цIэр зепхьэнуи, ар жьыуэ е бийуэ жыпIэнуи.
АдэкIэ ДжэгуакIуэм жиIащ Тхьэр сыт щыгъуи зэрыщIалэри дыкъызэригъэщIари. ЖиIащ ар езыр зэрыджэгуакIуэр, цIыхухэр уэрэдрэ усэкIэ, гуапагъэкIэ зэригъэгуфIэри, и ней зыщыхуахэм зэрахуэхъущIэри, цIэ дахэ зэрыфIищыфынури, ТхьэщIокъуэ зэрыфIищари.
ЦIэ зыфIаща щIалэр зытес тIысыпIэм зыкъытриIэтыкIри, ДжэгуакIуэм фIыщIэшхуэ хуищIащ, зэрыгушхуэн цIэ дахэ къызэрыфIищам щхьэкIэ, быдэу къигъэгугъащ псэухукIэ а цIэм хуэпэжыну, игъэбжьыфIэну.
Зэкъуэшхэм я гъуэгум пащэрт, ДжэгуакIуэм ТхьэщIокъуэ цIэ зэрыфIищар яфIэгуфIэгъуэшхуэу, дэрэжэгъуэрэ нэгузыужьыгъуэрэ ягъуэтауэ. Гум щIэщIа шы дахэри, къэхъуар къыгурыIуам хуэдэу, зэзэмызэ къахуеплъэкIырт.
ДжэгуакIуэр шы дахэм зыкъомрэ еплъа нэужькIэ, вожэр зыIыгъ шыгухум жриIащ:
- Уи шы дахэм щабэрыкIуэу, щIэкIуэрыкIыу дешэ. Нобэ щыщIэдзауэ уэри ГуфIэжокъуэ пфIызощ. Угъурлы ухъу!
ГуфIэжокъуэ зыфIаща курыт щIалэми дэрэжэгъуэ игъуэтауэ ДжэгуакIуэм фIыщIэ хуищIащ.
КIуэрт гъуэгурыкIуэхэр, я гъуэгу хагъэщIу. ДжэгуакIуэр иджы егупсысырт ещанэ щIалэми цIэ дахэ зэрыфIищынум. ДжэгуакIуэм и щхьэм къизэрыхьа гупсысэмкIэ зэкъуэшхэм яхэупщIыхьащ:
- НтIэ, щIалэфIхэ, фэ жыжьэ фыкIуэрэ, дэнэ нэс фыздэкIуэнури?
Зэкъуэшхэм къалъытащ кърата упщIэр къемызэгъыщэ хуэдэу, жэуапми хуэсакъыпхъэу.
Гупхэм ис къуэш нэхъыщIэм занщIэу жиIащ:
- Дэ мэкъуауэщ дыздэкIуэр.
Иджы ДжэгуакIуэм къыгурыIуат зэкъуэшхэм я ещанэм и цIэр езым зэрызыфIищыжар.
- Мэкъуауэр - мэкъуауэщ, уэри Мэкъуауэ пфIызощ, - жиIащ ДжэгуакIуэм, ари я гуапэ хъуащ.
Куэд дэмыкIыу ДжэгуакIуэм зэкъуэшхэм яжриIащ:
- Тыншу, нэгузыужьу сыкъэфшащи, Тхьэм солъэIу фи Iуэху дахэ хъуну. Гур къэвгъэувыIамэ, сикIыжынт. Иужьу вжесIэжынурат. - Тхьэм къызигъэхъулIэмэ, сэ пщэдей пщыхьэщхьэ фи унэ лъапсэм сынэкIуэнурэ, цIэ зэрыффIэсща цIэфIэщыпщIэр сыпшыныжынущ, къысхуагъэфащэмэ, цIэфIэщ адакъэри сшхынкIэ хъунт.
КъехъулIащ ДжэгуакIуэм и мурадыр, ар гуапэу бгъэдэсащ цIэ зыфIища зэкъуэшхэм я адэ губзыгъэм.
И чэзур къэсри, зэкъуэшхэм щхьэгъусэ ягъуэ-тащ. Адэм мурад ищIащ и къуэхэр зэрыпсэуфым еплъын щхьэкIэ, дэтхэнэри зыхигъэкIыу, унагъуэ щхьэхуэу игъэтIысыну. Апхуэдэуи хъуащ. Унэ щIапIи лъапси къахуиубыдри, ядэIэпыкъуурэ дэтхэнэри зыхуейм хуэдэ унэрэ псэуалъэрэ ящIащ. Зэкъуэшхэр я лъапсэщIэм щыIэпхъуэжым адэм абыхэм унэцIэщIэу яфIищащ ДжэгуакIуэм къигупсысар. ТхьэщIокъуэ цIэр ТхьэщIокъуэхэ унэцIэ яхуэхъуащ, я къуэш курытыр ГуфIэжокъуэхэ хъуащ, ещанэм Мэкъуауэ унэцIэр лъысыжащ.
Иджы дзэлыкъуэкъуажэдэсхэми ТхьэщIокъуэ сымэ я щIэблэми ящIэ унэцIэщIэ къэхъуар къызытехъукIар, ауэ адрейхэр щыгъуазэу пIэрэ, я унэцIэм и къежьапIэм.

Жантемырокъуэ Бетэ.

 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр