Ислъэмей къуажэм и блэкIамрэ нобэмрэТхылъыщIэ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ «Верхний Курп. История и современность. XVIII-XX вв.» фIэщыгъэм щIэту Беслъэней Владимиррэ Хьэрэдурэ Заурбийрэ зэдатха тхылъыр. - Ислъэмей къуажэм и тхыдэм (1921 гъэм щегъэжьауэ къуажэм Курп Ипщэ цIэр зэрехьэ) мыхьэнэ ин зиIэ Iуэхугъуэ куэд къыщыхъуащ, - жеIэ Котляров Виктор. - Тхыдэм IупщIу къыхощыж къуажэдэсхэм я Iуэху еплъыкIэ зэрыжаIэфым, ящIхэр яхъумэжыну ерыщу зэрыхущIэкъум къыхэкIыу пщыхэм гугъу ирагъэхьу, лей къытрагъэхьэу зэрыщытар. Фигу къэзгъэкIыжыну сыхуейщ Ислъэмей къуажэм и Iэхэлъахэр Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм я гъунапкъэм зэреуалIэр. Ауэ Совет властым иубла коллективизацэмкIэ мыарэзыуэ абыхэм къагъэхъея «Верхнекурпское «кулацко-мульское» восстание» жиIэу иужькIэ зыфIаща Iуэхугъуэр къуажэм и тхыдэм и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэм ейм быдэу хэуващ, - жеIэ тхылъ тедзапIэм и унафэщIым.
Поделиться:
Читать также:
18.04.2024 - 14:05 →
ГъэсакIуэ цIэрыIуэр ящыгъупщэркъым
18.04.2024 - 12:26 →
АдыгэбзэкIэ ятхам адыгэбзэкIэ тепсэлъыхьу
18.04.2024 - 11:18 →
ЦIыхубэр зэрыгушхуэ
17.04.2024 - 11:56 →
Щамырзэ Моникэ и гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ
16.04.2024 - 13:47 →
ХьэцIыкIу Башир и зэфIэкI
|