ЩIыхуэхэр пшыныжыным лъэныкъуитIри зэщIыгъуу йолэжьКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хэтхэмрэ премьер-министр Мусуков Алийрэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щахуэзащ «Россети Кавказ Ищхъэрэ» зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэм. ЗэIущIэм хэтащ «Россети Кавказ Ищхъэрэ» зэгухьэныгъэм и генеральнэ директорым и япэ къуэдзэ Дынькин Павел, генеральнэ директорым и къуэдзэхэу Гладышев Андрей, Поляков Сергей, «Къэббалъкъэнерго» IуэхущIапIэм и унафэщI Къарэ Муртаз, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуныжь Вячеслав, КъБР-м энергетикэмкIэ, тарифхэмкIэ, псэупIэм и IэнатIэм щыкIэлъыплъынымкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Безниковэ Иринэ сымэ. Псалъэмакъыр теухуауэ щытащ электрокъарууэ нэхъыбэ дыдэ къыщагъэсэбэп лъэхъэнэм зэрылэжьэнум республикэм и электросетхэр зэрыхуагъэхьэзырам. А лэжьыгъэм трагъэкIуэдэн папщIэ «Россети Кавказ Ищхъэрэ» зэгухьэныгъэм сом мелуан 200-м нэблагъэ къиутIыпщащ икIи абы и фIыщIэкIэ ныкъусаныгъэ псори ягъэзэкIуэжын яхузэфIэкIащ. Республикэм и электросетхэр бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм тэмэму лэжьэн икIи цIыхухэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ зэблэу къыхэмыкIыу электрокъарукIэ къызэригъэпэщын папщIэ Iэмал псори иIэщ.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
15.04.2024 - 14:48 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
30.03.2024 - 14:16 →
Къыхэзэгъэну пIэрэ?
30.03.2024 - 11:21 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
29.03.2024 - 10:28 →
КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
|