ФатIимэ

Хетагуров Коста
(Кавказ повесть)

(КIэлъыкIуэр.
ПэщIэдзэр щэкIуэгъуэм и 27, 28-хэм итщ).

III

Къуажэбгъу дыдэм деж щыт унэм,
И пщIантIэм пыгуфIыкIыу, анэм
Щегъэджэгу шэрджэс сабийр,
Гушхуауэ цIыкIури мэкъуейщIей,
ЗыIэщIеудыр ерыпIынэм,
Анэр лъэщIохьэ, къеубыдыж,
Мэджалэр, мэдыхьэшх… мэтхъэж.
Аргуэру къеIэтыжри анэм,
ИгъафIэу бгъафэм щIекъузэж!
И цIыкIум щыдэджэгу зэманым,
Упэрыуэныр насыпыфIэ анэм
ГущIэгъуншагъэщ мыIуэтэщIу,
Апхуэдэу зэрыщытыр ищIэу
Жамболэти куэбжэм Iутщ дзыхьмыщIу,
Cакъыпэу бжыхьым щхьэпрыплърэ
Мо пщIантIэ насыпыфIэм
                                                     щым удэплъэу…
ПфIэщIынщ зиущэхуауэ дыгъуакIуэр
Пэплъэу щежьэфынум щакIуэ.
ХулъэкIкъым ичыну зы лъэбакъуи,
Къигъэзэжу хъуркъым щIыбкIэ къекъуи,
КъикIуэтыныр къыщохъу лIыгъэншагъэу,
ЗэщIэплъащ гужьгъэжь зымыгъэзагъэр,
Зэрегъэшхыр дзэр, зэтрекъузэ…
Хьэ щылъху пэлъытэу и къуэр унэIутым
Апхуэдизу игъафIэу, хуэгуфIэу иIэту,
Къригъэзэгъыну ахэр и щIыхьым,
Къыхэхуэнтэкъым зэи и пщIыхьым…
Куэбжэм ину йоуэри IэштIымкIэ,
Тегушхуауэ ар IуегъэузэщIыкIыр…
Куэбжэ макъым анэр къыхуоплъэкIри,
Хуэму къеунэтIыр ар къыздиIукIамкIэ…
«ГъуэгурыкIуэ къыIухьамэ хьэщIэу,
ЕмыкIущ IубгъэкIыжыныр
                                                 пщIэ хуумыщIу»,-
Зы мэскъалкIи ебэкъуэну хабзэм
И гущхьэм зэи къэмыкIыну фызым.
Есащ сыт щыгъуэ къыдыхьами хьэщIэр,
И хьэщIэщыбжэр зэи зэхуимыщIу.
И упщIэ пыIэр къекъухауэ и щхьэм,
Ешауэ башым мащIэу зригъэщIу,
Унэгуащэм къитщ и пащхьэм
Мэзым щытцIыхуа зекIуэлI ныбжьыщIэр,
ИщIэнур адэкIэ имыщIэу.
И упщIэ пыIэм къыщIэплъ плъэкIэр
ЗыIуплъэ унэгуащэр къоскIэр,
УкIытэм ихьу, и нэкIущхьэр
КъызэщIоцIыплъэ зэуэ Iущхьэу…
ИгъэпщкIуу плъэкIэ укIытэхыр,
ЦIыхубзым напIэр ирехьэхыр…
ГуфIэкIэ щэху къытенэу Iупэм,
Iэнкуну мэIэрпхъуэр и Iэпэр…
Зыгуэрым мафIэ къыкIэщIищIэм
КъыхиIэтыкI фIэкIа умыщIэу,
Гу лъынтхуэр хэбэукIыу лыгъэм,
ЗеIэтыр, мэтIысыжыр и бгъэр…
ЦIыхубзыр куэдрэ Iэнкунакъым…
КъыщIедзэр хуэму псалъэмакъым:
- Гъуэгу хьэлъэ жыжьэ къызэрыпкIур
Сэ изолъагъуэ, - жи, - уи нэкIум,
ХьэщIэ щыблэкIкIэ ди уэрамым
Щхьэгъусэм и цIэкIэ сэламыр
Есхыжу арщи дэ ди хабзэр,
Сэлам къуехыжыр Ибрэхьимым
Уэим умыщIу, Iых цIыхубзым.
ПкърыкIаифэщ и Iэнкуныр,
АрщхьэкIэ хузэтехкъым и нэр…
ДэкIауэ зы напIэIэтыгъуэ
Гурыгъуз гуэрым гур иригъуу,
ХьэщIэм и плъэкIэ игъэщIагъуэм
Зрегъэхуз цIыхубзым и псэм,
И зыIыгъыкIэм, теплъэ псом
КъыбжаIэ ар зэрыбгырысыр…
- Укъыпежьащи гуапэу хьэщIэм,
Тхьэр си щыхьэту пхузощI фIыщIэ.
Щыслъагъу цIыхугъэр уи бжэщхьэIум
Сигу лъащIэм щысхъумэнщ тхьэрыIуэу!
Слъэгъуащ сэ тхьэIухуд мымащIэу,
Гу лъащIэм мафIэр щызыхащIэу,
АрщхьэкIэ уэ къызэбдза лыгъэр
КъызэщIэнащ дэлъху лъагъуныгъэу…
Сщыгъупщэжынкъым уи макъ гуакIуэр,
Си Iуэху щыхуэхъуи, щыхуэмыкIуи,
СыпхуелъэIунущ тхьэ сыт щыгъуи,
Мисыр, езыми сыкъолъагъур,
Ара къудейкIэщ сэ сыIэхъуэу,-
ЦIыху хьэлэлыжь къызэрыгуэкIым
Щытын нэгъуэщIу лъэмыкIыну…
Зэгуэр щIалэгъуэу, уи делэгъуэу
Птыгъа тхьэрыIуэр пщэдджыжь Iугъуэу
ЗэкIэщIихужу жьым, уафэгум
Ирихьэжу, ихужауэ уи гум
Зэрыщытами ещхьыркъабзэу
Пщыгъупщэжынщ си псалъэхэр
                                                         цIыхубзым!
Iэхъуэ тхьэмыщкIэм къыщIигъалъэу,
Иригъэлейми, къыхуэгъэгъу:
Кърапхъыу щIалэхэм ягу илъыр
ТхьэIухудхэм я мыщыпэлъагъу.
Абыхэм зыхуагъафIэу мазэм,
ЩIалэ къуданхэм ящыхуэзэр
КъаIэщIоужагъуэри
Я дагъуэщ -
ЗэрепцIыжыфхэр я хъуэпсапIэм,
Ящыгъупщэжу ар пщIыхьэпIэу!
СолъэIур, къыхуэгъэгъу уи хьэщIэм
Игу къеуэр нахуэ къызэрищIыр…
Сэ сыапхуэдэкъым сыт щыгъуи,
Псэлъэгъум и щхьэр езгъэужэгъуу…
Мыбдеж, нэрыбгэм и нэмысым,
Къуэ цIыкIур зыгъэджэгу цIыхубзу,
И сабий цIыкIум игъэIу гуфIэм
Иригушхуэжрэ зигъафIэу,
Хуэпэжым сыткIи и щхьэгъусэм
И пащхьэм ситу и щIалэгъуэр
КъэзгъэкIыжыныр игу мыщIагъуэ…
КъысфIощI мыпхуэдэм деж ущымым,
Ди хабзэм дежкIэ нэхъ тэмэму…
Уи хьэщIэ мэжэлIар уи унэм
ЩIэпшарэ хуэбгъэувтэм Iэнэр,
Къыхутеплъхьатэмэ хъыршыныр,
Уи фадэ пIащIэр къыщыкъуалъэу,
IэщIэбгъэувэу щытмэ фалъэр,
ИщIынкъым ахэр зыри жагъуэ
Гъуэгуанэм иригъэша Iэхъуэм…
Нобэрей хьэщIэ нэжэгужэм,
Апхуэдэу ишхышхуэн щымыIэ,
Едзакъэм тIэкIу, ефэжмэ псы щIыIэ,
НэгъуэщI ищIынкъым щхьэрыгъажэ.
Ирагъэблагъэмэ хьэщIэщым,
НэгъуэщIи хуейкъым ар куэдыщэ.
- Хъунут ар!
- Арат уи псалъэу сызэжьар,
Алъандэрэ дызэуа пшынэр
МэжэщIэлIам шхын хуэмыхъуну -
Уи цIыхуфIагъым хуэсщIу щхьэщэ,
СыщIыхьэфынщ иджы хьэщIэщым.
Щытащ сэ сцIыхуу уи щхьэгъусэр,
Ди сабиигъуэм дызэгъусэу
КIэн Iэджи дыджэгуащ. СощIэжыр
Къэддыгъурт куэдрэ мыIэрыси.
- Псом нэхърэ нэхъ Iэзэу дыгъуэрт ар.
Езыр цIыху щыму, цIыху жьэмейти,
Дзыуэ фIэтщар «сабырщIэгъейт…»
Мы щIалэ цIыкIури фыфей?
- АтIэ.
- Ауэ сэ сщIакъым бын вгъуэтауэ,
Мис абы щхьэ тезыр теслъхьауэ
Уэзгъэлъагъунщ сэ а нэжэсым,
Еплъыт, сабийри ещхьыркъэпси…
Куэд щIауэ цIыхухэм къадокIуэкI нэщэнэу -
Сабийм ба хуищIу еубзэрабзэу
ФэрыщIу зищIым зигу мыкъабзэм,
Къытощыр псори сабийм и нэм.
Хуейт Жамболэт а щIалэ цIыкIум
Иджыри тIэкIу едэхэщIэну,
АрщхьэкIэ IэплIэм къыхуэмыкIуэу,
ЩIопхъуэж, дыхьэшхыурэ уэзджынэу,
Зредзэжыр и IэплIэм анэм.
Ди Алыхьышхуэм ейщ гущIэгъур!
Иджы хъуагъэнущ ежьэжыгъуэ!
Ар унэгуащэм къыхуимыдэ,
КъыщIехыр бжьакъуэ, иту фадэ!
- Мыбы къигъэжанынущ си гур…
- Абы нэхъ тынш пщищIынущ гъуэгур!..
Ибрэхьим и узыншагъэм папщIэ
Си гуапэ хъунт мы бжьэр бунэщIым…
- Си гуапэу фхуэсIэтынт ар тIуми,
Уи цIэр уэ дахэми къэсщIамэ…
- ФатIимэ…
- Апхуэдэу еджэу тхьэIухуду
Хъыджэбз сощIэжыр сцIыхугъауэ,
ПщIэ зиIэ пщышхуэм пхъу ищIауэ,
Ар ипIыжат и быным хуэдэу…
И хъыбар дахэр Iуати жыжьэ,
КъыхуэкIуэрт лъыхъу зэкIэлъхьэужьу,
АрщхьэкIэ и щхьэм ирипэсу,
Зыри яхуищIтэкъым щхьэгъусэ!..
Пщы лIыжьми пхъу ищIа и быныр,
ИгъафIэу хуихьырт и псэм, и нэм.
Пщыжьым иIэти зы щIалэ,
А пщащэм ихъукIынут делэ!
АрщхьэкIэ гущIэгъуншэщ гъащIэр,
КъуищIэнкIэ хъунур къыпхуэмыщIэу…
Сунжэ къыщыхъеяти зауэ,
Щытати щIалэр абы кIуауэ,
И кIуапIи-жапIи къахуэмыщIэу,
Ягъэхъыбарыр щыкIуэдауэ…
Ауэ аракъым нэхъ Iуэху хьэлъэр.
ЯукIамэ е ящIам щхьэпылъэ
НэхъыфIти… елъытауэ абы
къылъыкъуэкIам!..
- Сыт, щIалэр псэууэ къыщIэкIа?!-
Нэрыбгэм, шэчым зэщIигъаплъэу,
Шынэу Iэпех хьэщIэм и псалъэр.
- Хьэуэ. Ауэ,
Къыщыхъуу и къуэр хэкIуэдауэ,
ЗиIыгъми пщым зигъэбыдауэ,
Удын етIуанэр, пэмыплъауэ,
Къытохуэр лIыжьым, игъэхыщIэу:
Нэрыбгэ ипIыжам, пхъу ищIу,
Хъыбар къекIуэкIхэр и фIэщ ещIыр,
ЙопцIыжри псалъэм, хабзэ къутэу,
ГъэпщкIуауэ докIуэ унэIутым…
- Хъунщ пщащэм теухуауэ, хьэщIэ,
Пыпщэнщ иужькIэ а пIуэтэжым,
Иджы къызжеIэт а щIалэщIэм
И натIэ хъуам и хъыбар пэжыр…
Хьэлъэщ, гущIыхьэщ а хъыбарыр,
IэхъулъэхъукIэ зэщIэпхарэ гъэру
Лъэхъуэщым щаIыгъащ, исащ хьэпс
                                                                псыIэм
Гупсысэрэ хъуэпсапIэу дунейм щиIэр
Зэ мыхъуми зэгуэр щхьэхуит къэхъужу
Гупсысэм хэмыкI пщащэм IущIэжынырт…
ИкIэм-икIэжым ар щхьэхуит
Къохъужри, пIащIэу гъуэгу къытохьэ,
Нэрыбгэм ирехьэлIэ и щхьэр,
Сымаджэт ар икIи ныбаджэт…
- Iэхъуэ! Уэим умыщIу, къысхуэгъэгъу,
Схуэхьыжкъым адкIэ, си гур мэгъу.
 А пщы щIалэщIэм зэреджэр хэт?
- Жамболэтщ…
- Таурыхъкъэ къызжепIауэ хъуар?-
Сэ сощIэ ар зэраукIар.
КъызжеIэт пэж, течауэ и щхьэр…
- Мис, Жамболэтыр итщ уи пащхьэм!..
 

IV

Щым дэгум зэщIиубыда пэшыр
Пхъэ ласкIэм хуэгъэнэхукъым щIагъуэу.
И зэхуэдитI фIэкIакIэщ жэщыр,
Нэсащ щхьэгъусэ къэсыжыгъуэм,
Ауэ къэкIуэжкъым Ибрэхьим…
ФатIимэ езэгъыжкъым жейм,
ИIыгъщ гупсысэм, мэнэщхъей,
IэфI дыдэу Iурихащ сабийр…
Есащ цIыхубзыр мыгъуэлъыжу
Зэи щхьэгъусэр къэмысыжу…
Щысщ, йожьэ. Лъэмакъ мащIэ
КъыщыIум къыщолъэтыр псынщIэу…
Къэсыжагъэнущ Ибрэхьим…
Хьэуэ аракъым. КъыщыщIэплъым
Телъыджэ щохъур къызыIуплъэр…
Хъарпшэру къыхэкIауэ пщIыхьым
ПфIэщIыну къитщ абы и пащхьэм
Жамболэт, Iэнкунрэ зихузу…
- Ей! уэра мыр?- щIоупщIэ фызыр.
- Сэращ… сытегъуэщыхьри гъуэгум,
Къэсхьащ аргуэру щхьэр уи жьэгум.
Лъэмыжыр трихати псым,
Къысхуэгъуэтакъым и икIыпIэр…
Уэлбанэщ, жьапщэр йокIыр хъийм,
Жыхьэнмэм сихуа нэхъей,
Сригъэхьати гугъу жэщ кIыфIым,
Фи деж къэзгъазэмэ нэхъыфIу
Къэслъытэри къытезгъэзащ,
ЕрагъкIэ си щхьэр къэсхьэсащ…
Иджы, Алыхьым и шыкуркIэ,
Къэплъытэ хъунущ сыкъелакIэу!
Зыгъэхьэзыр, ФатIимэ, псынщIэу,
Дежьэн хуейщ зыми дыкъимыщIэу.
Шыхэр къыдожьэ, телъу уанэр,
СыткIи хуэщIауэ ди гъуэгуанэм.
Зы егъэзыпIэ гуэр дынэсым,
Сэ содэ пхъэрыр къыткIэлъысми…
- Сыт мы къызжепIэр?
- ЕсщIылIа зауэм унэIутхэм,
Шынагъэ мащIэм упикIуэту,
Умыгъэпуд апхуэдэу и пщIэр…
- Сэ си гугъакъым, соIуэр Тхьэ,
Апхуэдэ кърипэсу си щхьэм,
Жамболэт ищIыфыну си жагъуэ…
- ФIыуэ аращ сыкъыумылъагъуу!..
- Ди Алыхьышхуэм и гущIэгъум
Къызитыжа дэлъхуу узолъагъур…
- Ара зэрыхъури?
- Ар пфIэмащIэ!
- ФатIимэ! Дэнэ щыIэ псалъэу
Къызитыгъахэр уи гухэлъым?..
- БлэкIам иIэжкъым къэгъэзэж,
Алейуи ар къыумылъыхъуэж…
- УепцIыжакIуэщ!
- Сэ икъукIэ куэдрэ сыножьащ…
Иджы къызжеIэт, егупсыси,
Сыт хулъэкIынут хъыджэбз дэсым
ЩIэчэ имыIэу уэркъи пщыи
Къылъыхъум махуэ къэскIэ пщащэм.
Илъэсхэр кIуэху зэкIэлъхьэужьу,
Хъыджэбзым хэхъуэмэ и ныбжьым,
Псалъэ мышухэри и ужьым
ИмыкIым, пцIыр къылърахьэкIыу?..
Сыныкъуэкъуащ сэ илъэсиплIкIэ.
Си дежкIэ гугъут, зэгъащIэ фIыуэ,
СемыпцIыжыныр ста тхьэрыIуэм,
Ауэ иджыщ къыщызгурыIуэр -
СыкъыщIэкIащ сынасыпыфIэу…
ГугъуехькIэ гъащIэм жылэ тепсэрщ
Къытепхыжынури уи хьэсэм….
ЕмыкIу хэслъагъуэркъым лэжьыгъэм.
Си дэлъхум хуэдэу сыпщыгугъырт
УкъыздэщIыну, къыздэпIыгъыу…
Егупсысыжыт, Жамболэт!
СемыпцIыжын щхьэ си тхьэрыIуэм,
Сэ си фэм дэзгъэкIащ куэдыIуэ…
 Тхьэм щышынэ,
Сэ сыунагъуэщ, сэ сыанэщ.
- ПщылI пцIыIуэпцIышэу цIыху мыгъасэм
Сабий хуэплъхуауэ, ар уогъасэ…
- Си щIыхьыр пщIыуэ хэутэн,
Пщы напэм дауэ езэгъын…
Къызумыхуэж афIэкI си гугъу!
- Апхуэдэу щытмэ, къысхуэгъэгъу.
Уи жагъуэ умыщIыж иужькIэ!

*   *   *

Щым дэгум зэщIиубыда пэшым
ЩIэт кIыфIыр фагъуэу пхилыгъукIыу,
Нур къарууншэ пех пхъэ ласкIэм.
Къэсыжкъым Ибрэхьим, щхьэгъусэр,
Уэлбанэщ жэщри, мэгузасэ…
ПлIанэпэм дэт сабий гъуэлъыпIэм
IэфIу щепщIыхьу и пщIыхьэпIэм
Сабийр мэжей къыпыгуфIыкIыу.
И къуэм зыхуигъэщхъауэ анэм,
ГуфIэгъуэ нэпсхэр къыфIыщIоткIур и нэм…
Нэхущ пшэплъыр хуэмурэ абджынэм
Къызэпхыплъу къоIэгъуэ нэхулъэр…
Зэм ужьыхыжрэ, зэм зэщIэрыуэжу
Пхъэ ласкIэ нурыр нэхущым хокIуэдэж…
Ибрэхьими къызэрымысыжщ.
Нэхулъэр къосри, пщIантIэм пцIащхъуэм
Зыщегъэхьэзыр лъэтэну уэгу къащхъуэм…
Псыежэх цIыкIури мэIущащэ жейбащхъуэу.
МэкIыргъри и шэрхъыр выгум,
ПщIантIэм къыдэмыхьэу пещэж гъуэгум!..
Аргуэрыжьу пэшыр зэщIощымэ,
Жеижынуи игу къэмыкI ФатIимэ!
Бжьыхьэ тхьэмпэу фIэкIэзызу и гур
Гупсысэбэу фIытолъадэ гъуэгум.
Хэт къищIэфыну псэм игъэвыр,
Акъыл ешар зыгъэгузавэр?!
Зы насып гуэрым дэумэзэхыу
Сабий жейм зыхурегъэзыхыр…
Сыт жриIэнутэр сабийм?
Сыт щIыжиIэнур - псалъэр лейщ?!
Ауэ сабийм и пырхъ мамырми,
Къыдрихьей и гъы макъ щэхуми
И гурыгъузхэр зэбграхуу
ЯлъэкIкъым къахьыжыну нэхур.
И нэкIущхьитIыр ягъэлыгъуэу
Нэпс пщтырхэм щыхащIыкIыр лъагъуэ…
- IэфIу пщIыхьэпIэр жейм нэхунэр
Абы нэхъ лъапIэ щымыIэну…
Гу лъумытэххэу зэман кIуэнум
ПщIыхьэпIэ IэфIри здихьынущ.
Ауэ зэгуэр укъэушыжу
Жейбащхъуэу къызэтепхым уи нэр,
КъыбгурыIуэнущ нэпс щIигъэжу
Жэщ псом къыпщхьэщыса уи анэр…
ЛъэмыкIыу гъащIэм и удыным
ХъуэпсапIэр игу ириудыну!
Уэ уи насыпым пэхъун уасэ
ЩыIэу дунейм сыщымыгъуазэ!-
Зыгуэрым Iэ нэрымылъагъукIэ
Iуиха пфIэщIыну бжэр зэIуокIыр,
Абдежым хуэму пэш пэIущIэм
ЩIэз хъуа нэхущ ныкъуэзэхэщIэм
Къыхэбэкъуащ шэрджэс ныбжьыщIэр.
Ар кIыфIым хэтщи, къамылъагъуу
ЩIакIуэр зыщех Iэуэлъауэншэу…
- Апхуэдизу узыхущысхьыншэу
Щхьэ зыбукIыжрэ, ФатIимэ?..
- Уэра ар?! СхулъэмыкIынут
сыномыжьэу…
- СыкъэкIуэжынкIэ хъунут нэхъ гувауи,
АтIэ, уэ ущысын хуей жейр къомыкIуэу?
Ар зыкIи хуэщхьэпэнкъым гъуэгурыкIуэм.
- Ди Алыхь лъапIэ, уэ укъэсыжакIэщ!..
- ФатIимэ, сыт уи нэпсыр щIыщIэбгъэкIыр,
Сыт къэхъуар?
Ди сабий цIыкIур сымаджэ хъуа?
Пэжыр жыIэт…
- Хьэуэ… а цIыкIум лажьэ лъэпкъ имыIэ…
Мы си гум иIэти зы къеуэкIэ…
Си гугъащ сынимыхьэсу нэхулъэм,
ЩIиудыну мы си лъэр кхъэ хуэплъэу…
Алыхьым и шыкурщ, фIэкIакIэщ псори,
УкъысхуэкIуэжащ узыншэу уэри…
Си гуи, си пси иджы псэхужащ…
УмэжэлIагъэнущ, уэшхым уиуфэнщIакъэ?..
Умыгузавэ, сэ зозгъэтIыжынкъэ
Иджыпсту си хъыршын IэфIкIэ…
- Сэри, къэрабгъэ цIыкIур,
и гур къипкIыу,
КъэзгъэуIэбжьынкъэ саугъэту
                                              къыхуэсхьамкIэ…
Си гугъэщ мы шылэ IэлъэщIыр
Зытебгъэлъыну, нэхъри ущIэращIэу…
- Ибрэхьим, апхуэдэу уи пщIэнтIэпсыр
Сэр щхьэкIэ бгъэкIуэдыным сриуасэ…
- Къэгъанэ ар… зытелъхьэт…
                                                мис апхуэдэу…
IэлъэщIым ущIохъукIыр дахэ дыдэ,
Ямыгъуэтыну зыри къыпхуагъадэ…
- Ушхакъым щIагъуэу…
- Си ныбэ изщ сэ, уи гур умыгъэгъу,
Ауэ солъагъу, ныщхьэбэ умыпIащIэ,
СебгъэдэIуэн къэхъуахэм
                                                хъыбарыщIэу…
- Си дэлъхур къэкIуэжащ…
- ЖыхуэпIэр хэт?
- Ар фIыуэ уоцIыхужыр…
Жамболэтщ…

V

Къазбэчи къэушащ пащтыхь пэлъытэу,
И джабэ дыхьэрэнхэр зэщIэлыдэу.
Къыдолъадэ къуршыпсхэр аузым,
ХъущIэ макъкIэ джабэ нэкIухэр
                                                        зэгуагъэзу,
Я уэрэдхэмкIэ IущIэну пщэдджыжь
                                                          пшэплъым,
Iэуэлъауэу ирахьэхыр я пшыналъэр.
Я щхьэм фIахыжу пщэдджыжь пшагъуэр,
Къырыщхьэхэм зыкъагъэIэгъуэ.
Акъужьыр тхьэмпэ IувкIэ изу,
НэщхъыфIэу мэIущащэ мэзыр,
Бзум я уэрэдыр уафэгум нахьэсыр.
НэхулъэфI къекIауэ къэушащ шэрджэсхэр…
Къыр задэхэр и къэрэгъулу
Ауз зэвым дэкъуза жылэм
КъыщаIэту сабэр гуэрэну
ЩызокIуэ хъушэр, шы табыныр…
Адыгэ жьэгум къыдиху Iугъуэр
ТIэкIурэ щхьэщотри къуажэм пшагъуэу,
Хуэму докIуейри уафэ лъащIэм
КIэщIогъуэлъхьэж шылэхъар пIащIэу…
Къуажэ къэушым и жейбащхъуэр
Щхьэщеху къуэкIыпIэм къыщищI пшэплъым,
Лэжьыгъэр къуажэм щызэщIэплъэу
Махуэм зеIэтыр дыгъэ хуэплъэу…
ШейтIан Iуащхьэжь и дыгъэмыхъуэм
Iэщ хъушэр къыкIэрехуэ Iэхъуэм.
Мывэ зэхуакухэм нэшэкъашэу
Къадож псы цIыкIухэр зэщIэушэу…
Мывэ джейхэу кIуэцIылъым жыглыцым,
Гуэрэн Iувхэу зэхэт къуацэчыцэм
Блэм ещхьу Iэзэу япхрыпщ
                                               къурш лъагъуэм,
КъищэкIуам и лъэужьым ирикIуэу
Зэзэмызэ уащыхуозэ щакIуэм.
Гувауэ, къытещхьауэ нэхулъэ,
Къурш лъагъуэм тету ехур щакIуэм и лъэр.
Хъуржыныр, джыдэр и плIэрылъу,
Хуэм дыдэу бакъуэу, бауэу хьэлъэу
ЩетIысэхым мэзауэлIыр ешу,
МыпIащIэу, зыщIигъакъуэурэ и башыр
И ныбжьэгъу Iэхъуэр лъагъунлъагъу
                                                    къыхуокIуэ,
Къыхуехьри гъуэмылэу зы фо хьэкIуэ,
ШэщIэмыху кхъуей,
А псори икъукIэ IэфIыкIейщ…
ТIэкIу зэIуроури мэтэджыж, и цейм
ЗыкъыкIэрищIэу хьэцыбанэм,
ЩIалэ цIыкIу хуэдэ елъэу мывэ джейм,
Тоувэ лъагъуэм, кIуэжу унэм.
ЗдэпIащIэр дэнэ? ЗыхуэпIащIэр хэт
Нобэ апхуэдизу Жамболэт?
Къыхуэзэшауэ хэт къыпэплъэр?..
Хьэ щтауэ адкIэ-мыдкIэ маплъэ,
ЛъакъуитIым яримыту псэхур,
Гу зэщIэплъам зыщIыпIэ ехур…
Къожэх пщIэнтIэпсыр и нэкIущхьэм…
ЕтIатэр пщампIэр… И щIыбагъым
Къыдэтщ нэхъыжьхэм зэгуэр лIыгъэу
Зэрахьэгъахэм къахьа щIыхьыр,
Дыщэ уагъэм фоч лъэдакъэр егъэдахэ,
ДэIуащ кIэрахъуэр и бгырыпхым,
И къамэ Iэпщэу дыжьын хэкIым
Дыгъэм и бзийхэр толыдыкIыр…
Жьым ходжэгухь и бащлъыкъ кIапэр -
А псоми хэлъми гузэвэгъуэ щэху!
Дуней дахащэм псэм зыщегъэпсэху.
УзыIэпишэу, ихьу уи нэр, уи пэр,
УигъэудэIужу къодэхащIэм,
ГуфIэгъуэ нэпсыр зыхиугъащIэу…
Iэхуитлъэхуитщ и хъуреягъыр,
Iэхуитлъэхуитщ щIы даущыншэр,
Гур дэрэжэгъуэм игъэушэу!..
КIыфIыгъэм игъэпщкIуа псыпыхум
И макъыр жэщым къызыпхехур…
Къуажэм удэплъэм телъыджабэщ,
Iэхъуэм Iэхъушэр дехур джабэм…
МыпIащIэу къыхидза уэрэдым
Къыдожьуужыр бгыжьхэр уардэу:
Ди Алыхьышхуэ!
Алыхь лъапIэм
ЩымыIэ зыри плъэмыкIын!
Телъыджэщ уафэр,
Телъыджэщ щIылъэр,
Уи Iущагъышхуэм
ХудогъэIу пшыналъэр…
Тафи, къурши,
Тенджызи, псыежэхи,
Гуэли, мэзи,
Мы дунеишхуэм къэмынэу зы дурэши,
Макъ зэмыфэгъу Iэджэм
Зызэхаджэжри зы макъ телъыджэу
Уи лъэкIыныгъэм уэрэдыр хуагъэшыр!..
Блэ щэхуу зеудыгъури, лъагъуэр
ЙопщэкIыр щыхупIэ шынагъуэм…
Хогъуэлъхьэжри хуиту удз щхъуантIэм.
Мэпщ мыпIащIэу, зиIуантIэ-зишантIэу.
И лъабжьэм нэс ущызыщIэплъу,
Къуршыпс цIыкIу щIыIэр зэрылъэлъу
Мажэ, лъагъуэм бгъурыувауэ,
Хэплъэну зыхурегъэзыхыр
Псы цIыкIум ихь и толъкъун махэм,
Къуршыпсым зыхетхьэщIэри мащIэу,
Пещэж аргуэру гъуэгум пIащIэу.
Зы мывэм толъри зы мывэм
Толъкъуныр толъэ, зэпрылъу пшахъуэм,
КъызоплъэкIыжри нэжэгужэу,
И дыхьэшх макъым къыпищэжу мажэ.
Пхрож мэкъупIэм, бложыр чыцэм…
Къыпежыхьри къыр задэ лъагэу,
И щыгу папцIэр иIэтауэ пагэу
Езыгъэкъум уафэгум и лъащIэм,
ЗыхегъэпщкIуэжыр мэз
Iувыжьым пIащIэу…
(КъыкIэлъыкIуэнущ).

.  

 

ЗэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ
Поделиться:

Читать также: