«Кабардинка»-м и гуфIэгъуэ пшыхь

Юбилей

Дыгъэгъазэм и 12-м Налшык Iэтауэ щагъэлъэпIащ лъэпкъ щэнхабзэм и напщIэ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 85-рэ зэрырикъур.

Удз гъэгъа IэплIакIуэхэр яIыгъыу пэшым щы­зэхуэсахэм гурыIуэгъуэ пщащIырт ансамблым и пщIэмрэ абы цIыхубэм хуаIэ лъагъуныгъэм и инагъымрэ.
Пшыхьыр къызэIуахащ адыгэ IуэрыIуатэм щыщ «Хъуромэ» теплъэгъуэмкIэ. Ансамблыр гукъыдэж къозыт къудейуэ щымыту, гушхуэныгъэ мыкIуэщI къыпхэзылъхьэ къару абы зэриIэр къызэхуэсахэм я нэгум къищырт.
Концертыр езыгъэкIуэкIахэу Битокъу Беслъэнрэ Атэбий ФатIимэрэ ансамблым къикIуа гъуэгуанэмрэ абы хэта къэфакIуэ цIэрыIуэхэмрэ пэшым щIэсхэм ягу къагъэкIыжащ.
Къэрал ансамблым псалъэ гуапэкIэ захуигъэзэри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек къыбгъэдэкI хъуэхъу тхыгъэм къеджащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат.
«Черкеска»-кIэ зэджэ ди лъэпкъ фащэр (цIыхухъу цейри, бзылъхугъэ саери) адыгэм игъащIэкIэ дызэрейм и щыхьэт тхылъыр ансамблым тыгъэ ­хуищIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
- Фащэм и дахагъри, абы хэлъ мэгъу къарури дуней псом нэIурыту щызыгъэлъагъуэри, зезыхьэри ансамблращи, абы и щыхьэт тхылъыр зефхьэну фхудогъэфащэ. Лъэпкъыр фэркIэ гушхуэу илъэс куэдкIэ фыкъыдэгъуэгурыкIуэну, фефIэкIуэну си гуапэщ, - захуигъэзащ ДАХ-м и тхьэмадэм гуп дахэм.
«ЦIыхуфI и унэ хьэщIэ кIуапIэщ»,- жеIэ адыгэм. «Кабардинка»-м и гуфIэгъуэр даIыгъыну, ехъуэхъуну къахуеблэгъахэм яхэтт Кавказ Ищхъэрэм и лъэпкъ къэфакIуэ гупхэм я унафэщIхэр. Абыхэм жаIащ, къызэрызэрагъэпэщрэ щIыхь лъагэ къэзылэжьа «Кабардинка»-р нобэми ар зей лъэпкъым и мызакъуэу Кавказ Ищхъэрэм и анса-мбль псоми и фIыпIэу къызэралъытэр икIи и концерт къэс адыгэ лъэпкъым къыхуаIэ лъагъуныгъэр, пщIэр нэхъ ин зэрищIыр.
Куэдым фIыуэ ялъэгъуауэ ансамблым и репертуарым хэт «СэпэхэтIэ» къафэр утыкум щагъэлъэ­гъуа иужь, ар зыгъэзэщIа Увыж Мурат (КъБР-м щIыхь зиIэ и артистщ) псалъэ иратащ. Юбилей пшыхьхэм Мурат ансамблым хэту иужьрейуэ зыкъыщигъэлъэгъуауращ, адэкIэ пенсэм тIысыжынущ.
- Псом япэрауэ, фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ си егъэджакIуэхэу мы IэщIагъэм и щэхухэм сыхэзыгъэгъуэзахэм, ансамблым и ветеранхэм - абыхэм къафэм и дуней телъыджэм щыщ сащIащ. ФIыщIэ мыухыж яхуэфащэщ къыдэплъхэм, фэ фыщымыIамэ, дэри дыщыIэнутэкъым, Тхьэм фригъэфIакIуэ! - жиIащ Увыж Мурат.
Къафэм и таурыхъ телъыджэ щигъэлъэгъуащ ансамблым а пшыхьым:  «Уэркъ къафэ», «Уджхэш», «Ислъэмей», «Бжьэдыгъу ислъэмей», «Кавказ къуршхэм я макъхэр», «Хы Iуфэм Iус адыгэхэм я къэфэкIэ», Лермонтов Михаил и «Бэлла» тхыгъэм къытращIыкIа теплъэгъуэ, «Джылахъстэней зекIуэ», «Нэхъыжьхэр фыкъытхыхьэ» адыгэ хабзэм щыщ Iыхьэхэр, нэгъуэщIхэри. Зым адрейр зэрахъуэкIыу зэкIэлъыкIуэ теплъэгъуэхэмрэ макъамэмрэ езы хьэуами зыщIишэу къыпщыхъурт.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин къыхигъэщащ «Кабардинка»-м дуней псом адыгэ лъэпкъыр къызэрыригъэцIыхуар, нобэми а Iуэхум ехъулIэу зэрыпищэр. Ансамблым и ­гъуэгур захуэ хъун папщIэ щэнхабзэмкIэ министру щыта Ефэнды Джылахъстэн хуищIа хэлъхьэныгъэми тепсэлъыхьащ ар.
- Ноби адыгэм фринапщIэщ, лъэпкъ щэнхабзэм «Кабардинка»-м и цIэр щыпэрытщ, фэркIэ бейщ дэтхэнэ адыгэми и гур,- жиIащ министрым.

Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: