Сом мелуани 2-м щIигъу япшын

ФщIэн  папщIэ
 
Зэратх Iэмэпсымэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, щэкIуэгъуэм и 22 - 29-хэм къриубыдэу гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэр 5. 408-рэ къы­­­зэпаудащ. Псори зэхэту къуэдыуэ тралъхьащ сом мелуани 3-рэ мин 860-м щIигъу. А махуэхэм къриубыдэу сом мелуанрэ 2-рэ 300 857-рэ япшынащ.

Къуэдыр махуэ 60-м къриубыдэу япшын хъунущ. Абы фIагъэкIамэ, Iуэхур Суд приставхэм Iэрагъэхьэ.
Административнэ къуэдыр хабзэм игъэува пIалъэм (УФ-м и КоАП-м и 20.25 статья) къриубыдэу ямыпшынмэ, ар хуэдитIкIэ ягъэбагъуэ е сыхьэт 50-кIэ цIыхур ягъэлажьэ.
Къуэды птелърэ-птемылърэ къыщыпщIэфынущ Урысейм и Къэрал автоинспекцэм и сайтым  - www.gibdd.ru.   
 
 

Бахъсэн Ланэ.
Поделиться: