Мэрем пшыхь

Псалъэ пэжхэр
ГуэшакIуэ Iыхьэншэщ

♦Хамэм ухуэмыубэ, быным ухуэмыдзыхэ.
♦ХьэщIэр бысымым и гъэрщ.
♦ХьэщIэр жэщищ исмэ, быным ящыщ мэхъуж.
♦Бажэм дыгъужьибл къегъапцIэ.
♦Бжьэм фо здэщыIэр ещIэ.
♦Былымыр жьы зэрыхъур и фэщ.
♦Гуэным имылъмэ, Iэнэми телъкъым.
♦Жылэм дэлъмэ, уиIэщ.
♦ЖысIэр щIэ, сщIэм уемыплъ.
♦ГуэшакIуэ Iыхьэншэщ.
♦Губзыгъэм и гуIэгъуэр делэм и гуфIэгъуэщ.
♦Къуажэ зиIэ нэф нэхърэ гухъу зыщIыф Iэшэ.
♦Гугъуехь зымылъэгъуам гъуэгуанэ
хуэшэчыркъым.
♦Емынэм къелар хъумбылейм ехьыж.
♦Зыщэм и напэр къэзыщэхум и уасэщ.
♦ЕсыкIэ умыщIэмэ, IупщIа псыми
уитхьэлэжынщ.
♦КъуэщIий мафIэми шэ къегъэпщт.
♦ЗыщIэм жиIэркъым, жызыIэм ищIэркъым.

IуэрыIуатэм щыщ
Уэзырмэсрэ и къуэмрэ

Уэзырмэс и унэ хьэщIэ къихьащ. Шууищ хъурти, ирагъэпсыхри хьэщIэщымкIэ ирагъэблэгъащ. Махуищ иса нэужь, я Iуэху кърахьэлIащ Уэзырмэс:
- ЗекIуэ дежьэнущ, гъусэ къытхуэхъу, - жари.
Шууищри Уэзырмэс и ныбжьт, зекIуэ зэдежьэрейуэ щытауэ.
- Си ныбжь нэсащ, зекIуэм сыхэтыжкъым, - жиIащ Уэзырмэс. - Ди жьыщхьэ зекIуэкIэ сыт къэтхьыжын? Ди унэ дисыжынщ.
- ДыкъыщежьакIэ, дгъэзэжынукъым, - жаIащ Уэзырмэс и хьэщIэхэм.
- Абы щыгъуэм си щIалэр гъусэ фхуэсщIынщ, - жери, Уэзырмэс зы къуэ иIэти, ар гъусэ яхуищIащ, гъуэмылэ яритри игъэшэсыжащ.
ЛIищым я пэ иувэри, щIалэм иришэжьащ. Махуэ гъуэгу якIуауэ, лIищым жаIэ:
- Дишри пщащ, дэри дыпщащ - девгъэпсых.
- КъэткIуа щыIэкъым, дыздежьам дынэсакъым, - жери, щIалэр яхуепсыхакъым, лIищыр иришэжьэжри махуэ гъуэгу якIуащ.
Махуэ гъуэгу якIуауэ:
- ТлъэкIыжIакъым, - зэщIэкIуащ лIищыр. - Девгъэпсых.
- Махуэ гъуэгу ткIужмэ, депсыхынщ, - жери, щIалэм лIищыр иришэжьэжащ, махуэ гъуэгу якIужри епсыхащ.
- Фэ мыбдеж фыкъыщыспэплъэ, - жери лIищым пщыIэ яхуищIащ щIалэм. - Сэ сыкъэгувэнкъым.
ЛIищыр пщыIэм къытринэри, щIалэр ежьащ. ЗэрыжиIауэ, къэгувакъым: лIищым я шы дэгъуэ зырыз къихури пщыIэм къытехьэжащ, лIищыр къигъэшэсыжри я унэ къришэжащ, хьэщIэщым иришэжри и адэм хъыбар иригъэщIащ.
Уэзырмэс хьэщIэщым ихьэри лIищым ябгъэдэтIысхьащ, щIалэри къащхьэщыуващ. Iэнэ къыщрахьэм:
- Хъуэхъубжьэ къигъахъуэ, - жриIащ Уэзырмэс и къуэм.
Хъуэхъубжьэр къыщритым, щIалэм фалъэр фIэбгъунлъэри тIэкIу икIутащ.
- Хуэмыху! - жери Уэзырмэс щIалэм хуилъащ.
ХьэщIэхэм зыри жаIакъым, Уэзырмэс щIалэм зэрыхуилъар я жагъуэ хъуами.
ЛIищым я хьэщIэн зэфIэкIри, Iэнэр ирахыжащ, Уэзырмэси икIыжащ, гъуэлъыжыгъуэ хъуати.
- ЩIалэм щIыхуилъар шым щIэфыгъужащи, аращ, - жаIащ лIищым, Уэзырмэс хьэщIэщым икIыжа нэужь. - Шыр здэтхункъым, жэщ ныкъуэм дежьэжынщ, зыкъедмыгъащIэу.
Унэр зэгъэжа нэужь, лIищыр хьэщIэщым икIыжри ежьэжащ, щIалэм къарита шищыр шэщым къыщIанэри.
Нэху щыри, щIалэр хьэщIэщым ихьащ - лIищыр исыжкъым. Шэщым щIыхьащ - шищыр щIэтщ. Уэзырмэс Iуэхур зытетыр къыгурыIуащ.
- Ялъежьи, къегъэгъазэ, - жери, и къуэр лIищым якIэлъигъэкIуащ. Къаригъэгъазэри, лIищыр хьэщIэщым иришэжащ щIалэм, Уэзырмэси якIэлъихьащ.
- Шым сыщIэфыгъужауэ аркъым щIалэм сыщIыхуилъар - ар сфIэмащIэщ, фэ нэхъыби фхуэфащэщ. ЩIалэм сыщIыхуилъар нэгъуэщIщ. Мыбы уIэгъэ телъщ, уIэгъэм къигъэдзыхэри хъуэхъубжьэр ирикIутащ - аращ хуэзмыдар: и анэмрэ сэрэ тлъэгъуа фэбжьыр сощIэжри, мыр уIэгъэ мащIэм зэригъэдзыхар сигу техуакъым.
Си щIалэгъуэм, къэшэн сигу къихьауэ, ди адэр къысхуэгубжьыгъащ: «Абы унэсакъым уэ, лIы ухъуакъым», - жери.
Ар си щхьэм иризгъажэри, унэм сикIащ: «ЛIы сыхъуху къэзгъэзэнкъым», - жысIэри. Ар сигу ислъхьэри сежьэжауэ сыхэтурэ, махуэ гуэрым сепсыхащ, шыр слъахъэри сутIыпщащ, жэщыр абдеж щисхын мурад сщIауэ. Сыздэщысым, шу пхъашэ гуэр къызэрыкIуэр солъагъу. Къызбгъэдыхьэри фIэхъус къызихащ, фIэхъус нэужьым:
- Ди лъахэ цIыху къидгъэхьэ ди хабзэкъым, - къызжиIащ. - Шыри плъэхъауэ ди лъахэ уитщ - дызэзэуэнущ.
- Дэгъуэщ, дызэзэуэнумэ, - жысIащ. - Зы жэщ щисхын си гугъа къудейщ. Дызэзауэмэ, зэрыхъури тлъагъунщ.
ДызэпикIуэтри, шабзэшэр зэдэдухыху зэтеткIутащ. Шабзэшэр щызэдэдухым, шур IукIыжащ:
- Пщэдей зэхудипIалъэщ, - жери.
Нэху щыри, шур къэсащ.
- ХьэщIэ гунэщI сезауэркъым, - жиIащ шум, гъуэ­мы­лэ къыздихьати, сигъашхэри, дызэпэувыжащ, джатэкIэ дызэзауэри дызэрытегъэкIуакъым. Пшапэр щызэхэуэм, шур ежьэжащ:
- Пщэдей къытезгъэзэнщ, - жери.
«Мыр къыздикIымрэ здэкIуэжымрэ зэзгъэ­щIэнщ», - жысIэри шум и ужь сиуващ. И ужь ситу сыкIэлъыкIуэурэ, шур банапцIэ чом дыхьэжауэ слъэгъуащ. Шыр сутIыпщри, жэщыбгым чом сыдыхьащ, сакIэщIэдэIухьмэ - зэхызох:
- Сызэзауэр лIы хъунущ, си щхьэцыр и Iэм иришэкIрэ щIопщкIэ къызэрызэуэнур ищIэркъым армыхъу.
Сыкъэшэсыжри, банапцIэ чом сыкъыбгъэдэкIыжащ. Нэху щыри, шур къэсащ.
- ХьэщIэ гунэщI сезауэркъым, - жери шум гъуэмылэр къигъэтIылъащ, зыкъыщригъэзыхым сыпхъуэри уанэгум къисчащ, и пыIэр щхьэщызудри и щхьэц ухуэнар субыдащ, щIопщыр щысIэтым:
- Укъызэмыуэ, - жиIащ, - узыхуейр къызжеIэ.
- Усхьынущ - аращ сызыхуейр, - жесIэри, пщащэр къэсхьащ. Мы щIалэм и анэращ къэсхьар. Шабзэм и уIэгъэри джатэм и уIэгъэри и фэм дигъэхуащ и анэм, езым уIэгъэ мащIэр хуэшэчакъым - аращ сыщIыхуэгубжьар.
- Абы нэхъ лажьэ щымыIэмэ, ар Iуэхукъым, - жари лIищыр шэсыжащ, Уэзырмэс и къуэм тыгъэ яхуищIа шы зырызыр я Iэдэжу.
 

Фэ фщIэрэ?
ЩэкIуэгъуэ мазэ

«Ноябрь» мазэр латин бжыгъэцIэ «бгъу»-м къытекIащ: «новем» - ноябрь. Мы мазэцIэм цIэ зэтемыхуэхэр иIащ: мэкъушэжыгъуэ мазэ, гъуэ- гыгъуэ мазэ, тIы утIыпщыгъуэ. Иужьрей зэманым адыгейхэми, къэбэрдейхэми, Сириемрэ Иорданиемрэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми къагъэсэбэпыр щэкIуэгъуэ «время охоты» жыхуиIэрщ. Мы псалъэ къэхъукIэм ди бзэм куэдрэ ущрохьэлIэ. Нэгумэ Шорэ и тхыгъэхэм къыщихьыр - б ж и х а к е м а з е (бжьыхьэкIэмазэ) «ноябрь» - псалъэращ.
 ЩэкIуэгъуэ мазэм нэхъыщхьэр - ущэкIуэну узэрыхуитырщ, хьэкIэкхъуэкIэхэм я щIэжьейр ин хъуащи. Иджы хэт щэкIуэнуми, хэт хьэжэбажащэ кIуэнуми хуитщ. Абы къищынэмыщIауэ, мы мазэм щIымахуэм сыт и лъэныкъуэкIи зыщыхуагъэхьэзыр зэманщ. Мэкъумылэр кърашэлIэж, пхъэ сэбэп ягъэхьэзыр, бжьэ зиIэм нэщIэщым щIегъэувэж. Мы мазэм щIымахуэ шхын жаIэрти мэл, былым яукIырт. Лыр ягъэгъурт, яшурт, ягъэфIэIурт, щхьэфIэIу жыхуаIэу щытам хуэдэхэри ящIырт. Абы щхьэкIэ мэл яукIахэм я щхьэ-лъакъуэ къабзэ дыдэу гъэлыгъуар ныкъуэвэфI ящIырти, кхъуэщынкIэ е чейкIэ ягъэфIэIурт. Гъатхэм псэущхьэхэм ящыщ ямыукIыу, щIымахуэм хуагъэхьэзыра лымрэ щхьэфIэIумрэкIэ хьэщIэхэр ягъэхьэщIэрт. ХьэщIэм ар хьэщIэныш нэхърэ нэхъыкIэу ибжыртэкъым. Уеблэмэ «щхьэфIэIу сагъэшхащ», - жаIэрт, фIыуэ зэрагъэхьэщIам и нэщэнэу.
«Адыгэ календархэр» лэжьыгъэм къыхэтхыжащ.

Интернетым дыкъыщоджэ
Дапщэ уриуасэ?

Зи закъуэу псэу лIыжь Iущ гуэрым и деж щIалэщIэ дыдэ къакIуэри къыжриIащ:
- Си щхьэ къосхьэлIэри сыкъокIуэлIащ. Сыпсэуну сыхуейкъым, сигурэ си щхьэрэ зэбгъэжауэ дунейм сытетщ. Си хъуреягъым сэ нэхъ хъерыншэ щымыIэу жаIэ, сынолъэIу, пхузэфIэкIыххэнумэ, къыздэIэпыкъу.
ЛIыжьыр пыгуфIыкIыу щIалэщIэм хуеплъэкIри, мыпIащIэу жэуап иритащ:
- Къысхуэгъэгъу, ауэ иджыпсту сыхущIыхьэркъыми, сэбэп сыпхуэхъуфынукъым,Iуэху пIэщIэгъуэ гуэр къыслъыкъуэкIащи, ар зэфIэзмыгъэкIауэ… Ауэ, арэзы ухъурэ Iуэхутхьэбзэ къысхуэпщIэмэ, сэри сыбдэIэпыкъужынщ.
- Си гуапэу, ди нэхъыжь,- жиIащ щIалэм.
- АтIэ, мы Iэлъыныр схуэщэ, си щIыхуэр ириспшыныжыну. Iэмал зэриIэкIэ нэхъ лъапIэу щэ, ауэ зы дыщэ ахъшэ нэхъ мащIэкIэ иумыт, - жиIэри унафэ быдэ хуищIащ.
ПIащIэу бэзэрым кIуа щIалэм и Iуэхур тынштэкъым, абы лIыжьым кърита Iэлъыныр дапщэм яримыгъэлъэгъуами, езым хуигъэува уасэм арэзы техъуэн къахэкIакъым, пэжщ, абыхэм яфIэгъэщIэгъуэну Iэлъыныр зэпаплъыхьырт, ауэ жьгъей мащIэ гуэрт къратыну жыхуаIэр. Языныкъуэхэр щIалэм щIыкIейуэ къыщыдыхьэшхырти ежьэжырт, языныкъуэхэр бзэмыIум хуэдэу къеплъырт. Зы лIыжь закъуэщ къахэкIар а Iэлъыным дыщэ ахъшэ зэримыуасэр, нэхъыбэ дыдэу абы гъуаплъэ е дыжьын ахъшэ фIэкIа зыми къызэрыримытынур къыжриIэну.
 ЛIыжьым и псалъэхэр щIалэм щхьэжагъуэ щыхъуауэ Iэлъыныр зейм хуихьыжри кIуэжащ.
- Ди нэхъыжь, уи унафэр схуэгъэзэщIакъым,- жиIэри щIыхьэжащ ар тхьэмадэм и деж. - Нэхъыбэ дыдэу дыжьын ахъшэ зы-тIу фIэкIа къыщIатын ядакъым уи Iэлъыным, ауэ дыщэ ахъшэкIэ фIэкIа сымытыну къызэрызжепIар сщIэжырти, Iэлъыныр къыпхуэсхьыжащ.
- Си щIалэ, уэ иджыпсту жыпIар губзыгъагъэщ, зыгуэр пщэн ипэ, абы и уасэр зэбгъэщIэн хуейкъэ? Ар дыщэкIым нэхърэ нэхъыфIу хэт зыхузэфIэкIынур? Ауэ, дапщэ къуитыну укъимыгъэгугъэми, Iэлъыныр умыщэу къысхуэхьыж.
ЩIалэр шым шэсри, дыщэкIым деж кIуэну ежьащ. ЗыхуэкIуам Iэлъыныр куэдрэ игъэкIэрахъуэу зэпиплъыхьщ, нэпсей-нэпсейуэ щIалэм къыхудэплъейри:
- Мыр къозыгъэхьам зэман къызитмэ, дыщэ ахъшэ блыщIкIэ къэсщэхуну сыхьэзырщ.
- БлыщIи? - зэхихар и фIэщ мыхъуу щIоупщIэ щIалэр. ЛIыжьым и псалъэхэм къыщытригъэзэжым, фIыщIэ хуещIри къожьэж.
- Мыдэ къэтIыси къызэдаIуэ, - жеIэ ар къызыхуеблэгъэжа лIыжьым, Iуэхур зытетыр къищIа иужь. - Мыр зэгъащIэ, си щIалэ. уэ мы Iэлъыным урещхьщ. УлъапIэщ, узакъуэщ. Уи уасэр къызыхуэщIэну­ри цIыху нэсыр зищIысыр зыщIэрщ, фIыращ фIыр зыхуэлъагъунур. АтIэ сыт уэ бэзэрым утехьауэ япэ къэсым уи уасэр къебгъэхутэну яужь ущIитыр?
А псалъэхэр зэхэзыха щIалэр арэзыуэ тхьэмадэм и деж къыщIэкIыжащ.
ЗэзыдзэкIар Инэрокъуэ Данэщ.

Чэнджэщхэр
ПIастэ хуабэр зэщIауфэркъым

Дзэр быдэ хъун щхьэкIэ щыгъуэлъыжкIэ бжьыныху къикIыкIа хьэдзэ зы-тIу ягъэныщкIури яхуэшэчыху жьэдагъэлъ, итIанэ къыжьэдадзыж. Абы и ужькIэ нэху щыху зыгуэр пшхыи, уефи, уи дзэр плъэщIыжи хъунукъым.
*     *     *
Ерыскъыр Iэпхъуамбэ зэхуакум дэлъу яшхыркъым, гуэныхьышхуэ пылъу къалъытэри.
*     *     *
Къэрмэфиблыр яущэб, жьэм жьэдакIутэри ягъэныщкIу, ауэ ирагъэхыркъым. Ар дзэхъудзэшымкIэ, дзэ узымкIэ сэбэпышхуэ мэхъу.
*     *     *
Шэрджэсхэм, абазэхэм нэгэгъур нэхъыжь Iыхьэу Iэнэм тралъхьэркъым, абы цIыхур игъэпуду къалъытэри.
*   *   *
Джэдкъаз фIагъэжар щызэпкърахкIэ Iэмал имыIэу джэдкъазыпщэм паупщIыж зы сантиметр хуэдиз. Ар пумыупщIу шыуаным иплъхьэмэ, унагъуэр псалъэмакъ хохуэ жаIэ.
*     *     *
 Зи дзэл шхэуэ, узу хъуахэм ахъшэдэщ тIэкIу жьэдалъхьэрти жьэдагъэжыхьырт, иужькIэ къызыжьэдадзыжырт. Апхуэдэурэ ягъэхъужырт узыр.
*     *     *
Маитхъур июным и 15 пщIондэ щIахуарауэ ябж икIи ар узыфэ куэдымкIэ сэбэпышхуэщ.
*     *     *
 ПIастэ хуабэ убар зэщIэбуфэмэ е зэгуэр тупIэмэ ар уцIынынущ, псыр къыщIэжу.
*     *     *
Джатэ Iэпщэ - ар тхъурыжь гъэжьащ. Апхуэдэу щIеджэр джатэ Iэпщэм ещхьщи аращ.
*     *     *
Хывышэм и тхъу гъэвэжар зэIымыхьэу мазитI-щыкIэ щытщ, щIыIэпIэ ямыгъэувми.
Къубатий Борис.

ГушыIэхэр
ПсапащIэ

Гъэмахуэ кIуам Дизыкъуажэ Iуэху къылъыкъуэкIащ: и хадэхэкIыр бэгъуауэ здихьынур ищIэртэкъым. Бэзэрым щищэну зэмани гукъыдэжи иIэтэкъым, ауэ щыхъум, пщэдджыжь гуэрым, и мылъкум псапэ хищIыкIыну мурад ищIщ, зы нащэ пэгунрэ помидор ашыкрэ куэбжэпэм дихри шэнт зырызым тригъэуващ. «ПщIэншэу фызот!» жиIэу хьэрфышхуэкIэ тхауэ шэнт зыкIэрыгъэщIапIэм кIэригъэпщIэжри езыр лэжьакIуэ кIуащ. Пщыхьэщхьэм, лэжьапIэм къикIыжмэ, елъагъу: нащэ пэгунри помидор ашыкри щытщ, зыри емыIусауэ, шэнтитIыр - бгъуэтмэ, къащтэ, щытыжкъым…
ЗыгъэпсэхуакIуэ

ЛIым и бынхэм яжреIэ:
- Мыгувэу отпуск къыдатынущи, тенджыз Iуфэм зыгъэпсэхуакIуэ дыкIуэнущ.
ЦIыкIухэр гуфIэнтэкъэ - гуфIащ.
- Абы, - къыпещэ адэкIэ лIым, - ди Iэр зэтедзауэ дыщыщысынущ, пIэ Iухынри, шхыныр гъэхьэзырынри, унэр гъэкъэбзэнри дэ ди Iуэхунукъым: псори зыгъэпсэхупIэм и лэжьакIуэхэм къытхуащIэнущ.
Ар щызэхихкIэ, илъэсих зи ныбжь щIалэ нэхъыжьым, и дамащхьэр дрешейри, зыри къыгурымыIуауэ, щIоупщIэ:
- Абы щыгъуэм сыт-тIэ ди гъусэу мамэ ныщIэкIуэнур?!
ГущIэгъулы
Хъыджэбз цIыкIур унэм щIолъэдэжри и анэм йолъэIу зы тумэн къритыну.
- Сыт зэрыпщIынур, на-а? - йоупщI анэр и пхъум.
- ПщIэрэ, - жеIэ пхъум, - гъуэгущхьэм тес фызыжьым естынущ.
Анэм, и пхъур зэрыгущIэгъулыр гуапэ щыхъуауэ, ахъшэр ирет:
- Мэ, си псэ закъуэ. А фызыжьыр, тхьэмыщкIэ, лэжьэжыф хъун мыгъуэкъым.
- АIэ, - жеIэ хъыджэбз цIыкIум, - ар мэлажьэ. Абы адакъэ ещэ…
- Сыт адакъэ, на-а?- егъэщIагъуэ анэм.
- КIэныфет адакъэ!
- А-а, - жеIэ анэм - икIэм-икIэжым ахъшэм щIы­хуейр къыгурыIуауэ.
БжэмышхитI
Дохутырыр сымаджэм еплъщ, хущхъуэ хуитхри, зэрызрихьэлIэну щIыкIэр жриIащ:
- Махуэ къэс бжэмышхищ из уефэнущ.
Сымаджэр, Iэнкун къэхъуауэ, дохутырым йоупщI:
- НэгъуэщI хущхъуэ схуэптх мыхъуну пIэрэ?
- Ар сыт щхьэкIэ? - къыгурыIуэркъым дохутырым.
- Зи щхьэкIэри… Ди унэм бжэмышхитI фIэкIа щIэлъкъым, - жеIэ сымаджэми, укIытауэ йоплъых…
КIуантIэ Iэзид.
 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр