ИлъэсиплIым зэфIагъэкIахэм ятеухуауэ

Налшык дэт «Тетраграф» тхылъ тедзапIэм­ иджыблагъэ къы­щыдэ­кIащ «Дунейпсо Адыгэ Хасэ: къыкIэлъыкIуэ илъэ­сиплIыр» зи фIэщыгъэ тхылъыр.

2015 гъэм и фокIадэ - 2019 гъэ и дыгъэгъазэ пIалъэм къриубыдэу ДАХ-м зэфIигъэкIа лэжьыгъэхэр къыщызэщIэкъуэжа тхылъщ ар. КъыдэкIыгъуэр ягъэхьэзыращ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ НэщIэпыджэ Замирэрэ. Абы ихуащ хамэ къэралхэми, адыгэ хэгъэгухэми Дунейпсо Адыгэ Хасэм щригъэкIуэкIа зэIущIэхэм, абы и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща фестивалхэм, зэпеуэхэм ятеухуа тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр.

Поделиться:

Читать также: