МЭРЕМ ПШЫХЬ

Гупсысэр - псалъэкIэ
Псэм и лъахэ

ФIэщхъуныгъэкIэ зэщIэузэда и псэр иутIыпщу абы хиш лъагъуэмкIэ кIэлъыкIуэ, кIэлъыжэ, кIэлъеуэ зэпыту къыщIэкIынущ цIыхур зэрыпсэур. Гумрэ псэмрэ къабгъэдэкI гупсысэхэр, гурыщIэхэр нэхъыбэм щIызэтемыхуэри арагъэнущ. Псэм къимыгъэдэIуа, имыущия, и жыIэм щIэмыта гукъэкIхэр гу лъащIэм щIыщIотIысыкIыжри абы къыпкърокI. Гупсысэ жиIэмэ, псэм кIэлъыжэ гум къигъэщI, зэIуищэ псысэ хуэдэу къыпфIощI. А гупсысэм къежьапIэ хуэхъуа кIапэр гум щытришэкIэ, щIехъумэ, щIеуфэ. Къытепшыжу псэм епшэлIэну ущыхуежьэкIэ, уфIэфI-уфIэмыфIми, пфIызэхозэрыхь, уеблэмэ уигу къыщымыкIа дыдэм хуэзэу зэпыудынри зыхуэIуа щыIэкъым. КIэух зымыгъуэта гупсысэм, шэч хэмылъу, иIэр зы кIапэщ. ЕтIуанэр щигъуэтыр гур псэм лъэщIыхьа нэужьщ. Ауэ ар куэдрэ къэхъуу пIэрэ - гур псэм тыншу лъэщIыхьэныр? Апхуэдиз жэрагърэ псынщIагърэ зыбгъэдэлъ псэм зэхихыу пIэрэ гум къиIукI макъ гуэр, лъэIэсу пIэрэ къыбгъэдих нур, тридзэу пIэрэ зеиншафэм и ныбжь, зыхищIэу пIэрэ и щыщIэныгъэ? Дауи, языхэзымкIи зэдогуашэ ахэр, зэлъоIэс икIи зэрощIэ. Пэжщ, уафэгум хуэнэхъуеиншэ псэм зэм дыгъэм и куэщI щабэм зыщегъафIэ, зэм мазэ къуапитIым зыкIэрещIэри, щIылъэм къыхуеплъыхыу зыщIеупскIэ, зэми вагъуэхэм тхыпхъэщIыпхъэ къахещIыкI. Гукъыдэж зэригъуэтыххэуи, гум и лъахэм къегъэзэж - дахагъ куэдкIэ къыщети удын хьэлъэ къыщытехуи къыщыхъу лъахэм. И унафэр и IэмыщIэм илъыжу щхьэхуитщ, утIыпщащ ар. Абы елъытауэ сыт мыгъуэри и махуэ гу тхьэмыщкIэм? Зызыгъэцыджу зызэрызыгъэпщхьэжа цыжьбанэм хуэдэу, дуней къытехьэ имыIэу плIанэпэм зыдиубыдэжауэ дэсщ - къаплъи къыщIэплъи хэмыту. КъытегуплIэр и хьэлъэу, къытегуауэ и удыну йокIуэкI. КъегуэпэкIаIауэ зэрызыхищIэу, мы дуней псор къызэхилъэтыхьыным хуэдэу, дамэ къытокIэ. Ауэ къилъэткIэ «дамэ IэрыщIхэм» жыжьэ зэрамыхьыфынур фIыуэ къыгуроIуэжри, щIы хъурейм и къуэгъэнапIэ псоми тыншу лъэIэсыф псэм хъыбар ирегъащIэ. Мис апхуэдэ зэзэмызэхэрщ гур псэм щылъэщIыхьэр - дамэ щигъуэтырщ. Гъунэгъу дыдэ хуэхъуауэ щилъагъукIэ, псэм и гупэр къегъазэри, гум къиIущэщхэм щIодэIу, егъафIэ, еущий. Апхуэдэ дакъикъэхэращ гумрэ псэмрэ къабгъэдэкI псалъэхэр зэуIу щыхъур, къару щаIэр, къэуат щащIэлъыр, куцI щакIуэцIылъыр. Псысэ гъащIэми укъыщыхутэфынущ а дакъикъэм - гумрэ псэмрэ я гуащIэкIэ къагъэщIа псысэ дахащэм.
Дызытет щIы щхьэфэм ди нэм къыщыфIэнэ, ди гур хэзыгъахъуэ дахагъ псори хуэдищкIэ гъэбэгъуэжауэ уафэгум щымыIэу пIэрэ? Арыншамэ, цIыхупсэм и хэщIапIэм тепыIэ имыщIэу цIыхугур апхуэдизу щхьэ хуеIэрэ?

Жэмбэч Рабия.

ГушыIэ
Ар хуэдитI и уасэщ

Хьэжмурат зы щынэрэ зы мэлрэ ищэу бэзэрым тетт. Щынэм щIэупщIа гуэрым уасэр щыхуагъэлъагъуэм, фIэлъапIэ хъуауэ «Алло-уэхь», - жиIащ.
- Мыдрейм-щэ... - жиIэу щэхуакIуэр мэлым щекIуэталIэм:
- Ар «Алло-уэхьу» тIу и уасэщ, - итащ жэуап Хьэжмурат.

Щы… тIу

Дизкъуажэ гъуэгум жэщ къыщытехъуэри унэ гуэрым дыхьащ. ГъуэгурыкIуэр гуапэу ирагъэблагъэри…
- Япэ узрихьэлIэ шхыныфIщ, - жиIэурэ унэгуащэм кIэртIоф гъэва къытригъэуващ, бахъейр къыхихыу.
ФIыуэ мэжэлIа Дизкъуажэ кIэртIофхэр зэрыпсэууэ жьэдигъэтIысхьэу щIидзащ.
- Зэкъуэш дапщэ фыхъурэ? - къеупщIащ абы хэту бысымыр.
Асыхьэтым кIэртIоф жьэдэлъти, зэкъуэшищ зэрыхъур къигъэлъагъуэу, Дизкъуажэ и Iэпхъуамбищыр къиIэтат. АрщхьэкIэ кIэртIоф пщтырым и тэмакъыр ирисыхыу щыхуежьэм, псынщIэу и Iэпхъуамбэ ещанэр игъэпщкIужащ, «сэ сахыумыбжэ, къэнэжыр тIущ» жыхуиIэу.
Жылау Нурбий.

Фэ фщIэрэ?
КъэкIыгъэцIэхэр

Удзщабэ - овсяница
УдзIэпхъуалъэ - наперстянка
УдзIэфI - оносма кавказская
УIэгъэгын - портулак огородный
УIэгъэкI - очиток кавказский
УIэгъэтхьэмпэ - подорожник
Фэлъыркъэб - тыква-горлянка
Фонащэ - дыня посевная
ФопIытI - сорт дыни
Фоуку - василек бледно-желтый
Фоулъэ - псефеллюс
Фошыгъу жэгундэ - свекла обыкновенная
ФIарийтхьэмпэ - подорожник большой
ФIэрафIэ - калистегия заборная
Хывбанэ - татарник обыкновенный
ХывыкIэ - коровяк
Хывджэш - клещевина
Ху - просо посевное

Нэпсыншэ хъуа
Хъыбар

Ди хьэблэ дэсащ Жалдузхъан зи цIэ фызыжь. Ар Балъкъэрхэ я нысэт. И Iыхьлыхэри сабийхэри абы дызэреджэр ТIасцIыкIут. Пасэу фызабэу къанэри, ТIасцIыкIу икъукIэ гугъу ехьу ипIат быниплI: къуищрэ зыпхъурэ. Ахэр Iэдэбу, гъэсауэ къигъэхъуат, къуажэ школым щригъэджат. Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям нэхъыжьищыр - ТIыбыш, Данунэ, Темыркъан сымэ - лэжьэн щIадзауэ IэнатIэ зырыз Iутт, нэхъыщIэ дыдэр, Iэбузер, епщIанэ классым щIэст.
Япэу зауэм яшащ ТIыбыш. Яшащ, и анэжьыр, и шыпхъур, и щхьэгъусэ Чэзибан сымэ кIэлъыгъыу, къэхъуар къызыгурымыIуэ и бын цIыкIуитIыр - Леонидрэ ФатIимэрэ - кIэлъыплъу. Абдеж щыщIидзащ ТIасцIыкIу нэпс щIигъэкIын. Унэм щIэсхэм закъримыгъэлъагъун щхьэкIэ е хадэм, е Iуэм ихьэрти абы щыгъырт, и гур пэщыху. ИтIанэ, и нэпсхэр илъэщIыжырти, «Ялыхь, зауэм кIуа си быныр къысхуэхъумэ», - жиIэу Iущащэурэ, унэм щIыхьэжырт.
ИтIанэ ираджащ къуэ курытыр - Темыркъан. «А-а-а, соунэхъу мыгъуэри! - жиIэри фызыжьым и гур фIэкIуэдыпащ. - Ялыхь, си къуитIыр хыумыгъэкIуадэу, узыншэу къысхуэхьыж...»
Куэд мыщIэу зыр зым кIэлъыкIуэу зэуапIэм къокIри анэм къыIэрохьэ щхьэкIуэ тхылъитI. Iыхьлы-благъэхэр щIыгъуу ТIасцIыкIу егъеиж и щIалэ нэхъыжьитIыр. Иджы ар тегужьеикIыпат школыр къэзыух и къуэ нэхъыщIэм - Iэбузер. «Умыгузавэ, ТIасцIыкIу, - къыжраIэрт абы гъунэгъу фызхэм, - нэхъыщIэм и гугъу, дауи, къащIынкъым, укъагъэнэнкъым уи хьэдэр щIэзылъхьэжын уимыIэу».
Гугъэрт фызыжьри. Хабзэ гуэр щыIэххэмэ, нэхъыщIэр дашынкъым, и ныбжьри абы нэсакъым. Къуажэ Советым кIуэри щIэупщIати, нэхъыщIэр зауэм ямыгъэкIуэн хуэдэу къыжраIат.
АрщхьэкIэ, зауэм щIидзэри илъэситI иримыкъуауэ, ираджащ нэхъыщIэри. Анэр гужьеяуэ Советым жати, ауи хъымпIар къащIакъым. «Нэмыцэр хэкум къизэрыхьащ. Хэт абы пэувынур, щIалэхэр анэ кIэ къуагъхэм къыкъуэднэмэ?!» - къыжраIащ. «Си къуитIыр фэстащ, ещанэм и гугъу фымыщI, Алыхь фиIэмэ», - лъаIуэрт фызыжьыр, арщхьэкIэ зыри къикIакъым. Яшащ Iэбузери зауэм, щIалэ дыдэу, и пащIэ-жьакIэр зэщIэува къудейуэ, гъащIэм и IэфIыр зыхимыщIауэ.
Къуажэм щызекIуэрт псалъэмакъ гуэрхэр. Зыкъомым жаIэрт Iэбузер езым фIэфIу зэуапIэм кIуауэ, и къуэшхэм ялъ ищIэжын папщIэ. НэгъуэщIхэм щэхуу зэраIуатэмкIэ, щIалэр унафэщIхэм ящыщ гуэрым и Iыхьлым и пIэкIэ ягъэкIуат. Дэтхэнэра пэжыр? СыткIэ къэпщIэн? Зыбзри зыдри къуажэ Советымрэ военкоматымрэт...
ТIасцIыкIу къыхуэнар пыхьэныращи, тхьэмыщкIэм уэру щIегъэкI нэпсыр. «Ялыхь, сыкъыумыужэгъужыпамэ, си нэхъыщIэр къысхуэхьыж, мы зауэ гущIэгъуншэм хыумыгъэкIуадэу!» - арат иджы тхьэ зэрелъэIур. Унагъуэм исхэми Iыхьлыхэми сыт жраIэми зэхихыркъым. И гур ешхыж, и къарур макIуэ, и фэм итыжкъым фызыжьыр. ЩIэхуэжыркъым унэм, дэхуэжыркъым пщIантIэм. ДокIри тетщ уэрам щхьэIум. Маплъэ и къуэхэр здэкIуа лъэныкъуэмкIэ, и IитIыр и бгъэм щызэридзауэ. И фIэщ хуэщIыркъым я щIалэгъуэу, я узыншыгъуэу, я псэугъуэ дахэу дэкIа и щIалэхэр дунейм темытыжу, мо уафэр, мы щIылъэр ямылъагъужу. КъыфIощI ахэр къэкIуэжу гъуэгу тету. Маплъэ ищхъэрэкIэ. Маплъэ и нэкIи игукIи.
Фызыжьыр зылъагъу и къуажэгъухэм я гур мэкъутэ, псалъэ дахэ къыжраIэ. КъыхуаIуатэ, уеблэмэ Iэбузер псэууэ, узыншэу зыгуэрым илъэгъуауэ...
Ауэ, мазэ зыкъом дэкIауэ, ТIасцIыкIу къыхуахь абы и щхьэкIуэ тхылъри. Уо, Алыхь, апхуэдиз хуэшэчыну-тIэ цIыхум?! Апхуэдиз дэхуэну фызыжь тхьэмыщкIэм и фэм?! Зэгуиудынукъэ абы и гур гуауэм?!
Игъеижащ и къуэ ещанэри ТIасцIыкIу. Игъеижащи - иджы нэпс иIэжкъым. ИIэжкъым зы нэпс ткIуэпс. Арагъэнщ «Нэпс щIегъэкI» жыхуаIэр. ЩIэкIащ и нэпсыр. Гъущащ и нитIыр. Хьэуэ - гъущIащ, игъащIэкIэ къэмыпсыIэжыну, игъащIэкIэ апхуэдэу щытыну...
Иджы ТIасцIыкIу щигъэтат гъыни. Гъыжыфыртэкъым. Хьэдагъэ кIуамэ, нэпс щIагъэжу, гъыуэ щыт цIыхубзхэм ябгъэдэувэрти еплъырт щыму. ИтIанэ яжриIэрт: «Зи насыпхэ, фэ иджыри нэпс фиIэщ, иджыри фогъыф. Куэд нэхърэ нэхъ къэсщтэнти нэпс къысхущIэкIыжу, сыгъыфу щытыжамэ... СлъэкIыж мыгъуэркъыми си къуэхэр згъеижыну...»
Зауэ нэужьым илъэс зыбжанэкIэ псэужащ Балъкъэр Жалдузхъан - ТIасцIыкIу. ЩIэхуэжтэкъым ар я унэ, дэхуэжтэкъым я пщIантIэ. Тетт, джэрэзу, уэрам щхьэIум. Пэплъэрт зауэм кIуа и къуэхэм. И фIэщ хъуртэкъым ахэр къэкIуэжу гъуэгу темыту.
ИтIанэ нэф хъупащ ТIасцIыкIу. КъытеункIыфIащ дунейр. Иджы, и псэр пытми, ар лIа пэлъытэт. «Язалыхь, псынщIэIуэу си увыпIэр къызэтыж! - елъэIурт ар Тхьэм. - Ялыхь, си къуэхэм щIэх ахърэтым сащыIугъэщIэж!»
Апхуэдэурэ и ажалыр къэсри, ТIасцIыкIу мащэм ирахьэхыжащ. А мащэри кIыфIт, абы и дунейм ещхьу.

Къагъырмэс Борис.

ПщIэну щхьэпэщ
ДжэдыкIэ пхъампэр зи сэбэпыр

Нартыху тхъафэм, щхьэцым къыщIэвыкIам и псым уефэмэ, тхьэмщIыгъумкIэ, жьэжьеймкIэ сэбэпщ.

* * *

Шэрджэсхэм джэдыкIэ ивыкIар яшхырейуэ щытакъым, нэхъ яшхыр джэдыкIэ пхъампэт. Ар сэбэпщ зи тхьэмбыл узхэмкIэ, щIыIэ зыхыхьахэм я дежкIэ.

* * *

Джэдкъаз фIагъэжар щызэпкърахкIэ Iэмал имыIэу джэдкъазыпщэм паупщIыж зы сантиметр хуэдиз. Ар пыумыупщIыу шыуаным иплъхьэмэ, унагъуэр псалъэмакъ хохуэ жаIэ.

* * *

Зи лъхуэгъуэ жэмым зэрыхуэсакъын хуейр: жэмыр лъхуэным мазитI-щы иIэжу къэшыныр щагъэт, сыту жыпIэмэ шэри шатэри дыдж, шыугъэ мэхъу. Апхуэдэ шэр зэпышу, пцIа хуэдэу щытщ, езы Iэщри гугъу йохь. ЯфIэгуэныхь мыхъуу, жэмыр къэзыш щыIэщ, уеблэмэ ямышхыу бэзэрым щащэу урохьэлIэ, ауэ апхуэдэу пщIыныр захуагъэкъым. Жэмым зигъэпсэхун хуейщ, зрамыгъэгъэпсэхумэ, жэмыр лъхуа иужь сымаджэ мэхъу - шэуэ къитри мащIэу, шатэ щIагъуи темыкIыу. Зыхуэсакъыу, зыхуей хуащIэу лъхуа жэмым и шэр куэдщ, къабзэщ, шатэфI токI. Жэмыр лъхуа нэужь махуищкIэ къаш шэр шкIэрышэ мэхъу. Iэмал иIэмэ, къашыр быдзитIырщ, адрейхэр мазэ-мазитIкIэ шкIэм къыхуагъанэ.

* * *

Матэкхъуейр жэмыр лъхуэуэ махуищ дэкIи иужькIэ къаша шэращ къызыхащIыкIыу щытар. Мыпхуэдэуи хахырт: лъатэпсыр шатэпскIэ зэIахырт, ар шэм хакIэжырти, абыкIэ матэкхъуей хахырт.

* * *

Хывышэм и тхъу гъэвэжар зэIымыхьэу мазитI-щыкIэ щытщ, щIыIапIэ ямыгъэувми.

* * *

Джэджьей, гуэгуш шыр цIыкIухэм бжьыныху, бжьын цIынэхэм я тхьэмпэр цIыкIу-цIыкIуурэ зэпагъэлъэлъри, хуэнщIейм хэпщауэ гъатхэм ирагъэшх. Абы витамин куэд хэлъщи, а шыр цIыкIухэр мысымаджэу, нэхъ къару яIэу къохъу икIи шхэрей мэхъу.

* * *

Зи лъхуэгъуэ хъуа жэмыр ирапхыркъым, зитхьэлэжынкIэ хъунущи.

Къубатий Борис.

Тхыгъэ кIэщIхэр
Бзэ

ЦIыхухэм къагупсыса, яухуа, зэрагъэпэща псоми бзэр ятокIуэж. Абы нэхърэ нэхъ Iэщэ лъэщрэ нэхъ IэщэфIрэ абы иIэкъым. Бзэм и сэбэпкIэ цIыху щхьэ куцIымрэ цIыху акъылымрэ яхэхъуащ, заужьащ, бзэм и фIыгъэкIэ цIыхур гупсысэфи, бэнэфи, текIуэфи хъуащ. Бзэм сыт хуэдэу иригъэфIэкIуа, сыт хуэдэу игъэтынша цIыхухэм я гуащIэдэкIыр.
Псалъэхэм дахэплъэжмэ, абыхэм дахэгупсысыхьыжмэ, сыту гъэщIэгъуэн куэд абыхэм къыджаIэфыну.

«И пыIэпхэр къыхуизудащ»

«И пыIэпхэр къыхуизудащ» - псалъэхэр сытым къытекIа, ар сыт зищIысыр? Япэм адыгэхэм хабзэу яIащ пцIы зыупсхэм е щэху зыIуатэхэм я напэр трахын щхьэкIэ, абы дзыхь къыхуамыщIыжын папщIэ, абы и пыIэпхэр фочышэкIэ пхахыу е дзасэкIэ пхагъэлыгъукIыу. «И пыIэпхэр къыхуизудащ» жиIамэ, «и напэр тесхащ» жиIэу къикIырт. 1841 гъэм къыдэкIа «Русский вестник»-м и етIуанэ томым абы щхьэкIэ мыр итщ: «Хамэ щэхур зыIуатэм и пыIэпхэр шэрджэсхэм пасэ зэманым пхрагъэлыгъукIыу щытауэ жаIэж.
 Абы къыхэкIкIэ щэхур зэриIуатэм щхьэкIэ егиинумэ е ар ягъэикIэнумэ, «абы и пыIэпхэр пхыудащ» псэлъафэр жраIэу щытащ».

Тхъуэ лъэпкъ

Адыгэшыр лъэпкъитI хъууэ щытащ: зыр шагъдийт, адрейр тхъуэ лъэпкът.
Тхъуэр къызытекIар и фэракъым, атIэ щIагъапхъуэрэ къыжьэдакъуэжа нэужь, апхуэдизкIэ ар лъэщти, и кIэбдзитIымкIэ щIыр дитхъурт. Мис а зэрыдитхъум къыхэкIкIэ тхъуэ лъэпкъ фIащащ.

Хэку

«Хэку» псалъэм къикIыр «хы зэхуаку» жиIэу аращ. Ижьым адыгэхэм я щIыр хы ФIыцIэм къыщыщIэдзауэ Каспийм нэсу щытащ. Адыгэ хэкури аращ къызытекIар.

Шагъдий

Шагъдийр сытым къытекIрэ жыпIа? Абы къикIыр «шыгъэр лъэдийм щыIэщ» жиIэу аращ. Адыгэхэм япэм шыр мыпхуэдэу зэхагъэкIырт: шыр къагъажэурэ фIы дыдэу еша нэужь, абы и фIалъэм лъакъуэкIэ хущIэуэрт. Шы лъакъуэр щIэщIамэ, ар шагъдийуэ къалъытэртэкъым.

Теунэ Хьэчим.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

29.03.2024 - 12:46 НОБЭ
27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ