Гъэсыныпхъэм епха шынагъуэхэмрэ абыхэм зэрызыщахъумэмрэ

Дыгъэгъазэм и 10-м Налшык къалэм дэт «Газпром газораспределение Нальчик» АО-м и унафэщIым и къуэдзэ - IуэхущIапIэм и инженер нэхъыщхьэ Тутыкъуэ Анзор яIущIащ журналистхэм. Ар тепсэлъыхьащ гъэсыныпхъэм епха шынагъуэхэмрэ абыхэм зэрызыщахъумэ щIыкIэмрэ.

Тутыкъуэм зэрыжиIамкIэ, 2019 гъэм къриубыдэу газым и зэранкIэ сымаджэщым щIэхуащ цIыху 41-рэ, цIыху 13 абы текIуэдащ.
- Шэч хэмылъу, ди гъащIэр куэдкIэ нэхъ тынш хъуащ газыр ди унэхэм зэрыщIашэрэ. Ауэ ар къызэрагъэсэбэп хабзэхэм уебакъуэмэ, сэбэпу пылъым нэхърэ нэхъыбэ и зэранщ. Псалъэм папщIэ, илъэсым зэ  егъэплъын хуейщ газ Iэмэпсымэхэр зэрылажьэм. Гу лъывэзгъэтэну сыхуейт зы Iуэхугъуэм: «техникэм зэрыкIэлъагъэплъым папщIэ» жиIэу илъэсым зэ сом 1700-рэ ят цIыхухэм. Абы хиубыдэри, а Iуэхутхьэбзэм и мыхьэнэри, ахъшэ зыщIатри къагурымыIуэу, цIыхухэм псалъэмакъ къаIэт. Газымэ къыфщIихьэмэ, бжьамийм газ къыдихуу е гъуэзыр изыш Iэмэпсымэр тэрэзу мылажьэу, зыгуэрым фитхьэлэу къыфщыхъумэ, телефонкIэ 04-м фыкъопсалъэри, дакъикъэ бжыгъэм ди лэжьакIуэхэр фи деж нос. Абыхэм я къалэнщ газым епха ныкъусаныгъэхэр ягъэзэкIуэжыну, пкъыгъуэ гуэрхэр зэхъуэкIын хуейми, асыхьэту пкъралъхьэну. Апхуэдэ Iуэхутхьэбзэм цIыхухэм ахъшэ щIатыркъым, зэрахъуэкIа пкъыгъуэм и уаси къыIахыркъым. Ар псори а зи гугъу сщIа, илъэсым зэ ят сом 1700-м хеубыдэ. Пэжыр пэжщ, илъэсым зэ ар птырэ, уи гур зэгъауэ упсэумэ нэхъыфIщ, насыпыншагъэ къэхъу нэхърэ, - къыхигъэщащ абы.
УнафэщIым зэрыжиIащи, адэкIэ-мыдэкIэ хьэфэ бжьамийкIэ газыр къэдыгъуауэ къыхашурэ къэзыгъэсэбэпхэм къагурыIуэркъым абы и зэран къазэрекIынкIэ хъунур. Языныкъуэхэм къафIэIуэхуххэркъым гъуэзыр изыш Iэмэпсымэхэм я лэжьэкIэр, ар щIэзымыгъани зымыгъэувыххи щыIэщ уеблэмэ. КъищынэмыщIауэ, щIым щIэлъ бжьамийхэр улъиями, ахэр гъуанэ хъуауэ газ кърихуми ямыщIэххэу мэпсэу. Апхуэдэ газыр зэхуихьэсу къэуа нэужь, зэрыдгъэунэхуащи, цIыху хокIуадэ.
- Иужьрей мазэ-мазитIым республикэм къыщыхъуа гузэвэгъуэшхуэхэм сыфхутепсэлъыхьынут. Псалъэм папщIэ, щэкIуэгъуэм и 1-м Шэджэм щIыналъэм зыгуэрым щигъэуват псы зэрагъэхуабэ Iэмэпсымэ. Ар унагъуэр зей лIым езым зэригъэувыжам къищынэмыщIауэ, гъуэзыр изыш уэнжакъ щхьэщигъэувэну къыщыгъупщэри (арыншэу зы хьэкуи ягъэувыркъым!), зэрыунагъуэу гъуэзым итхьэлэ пэтащ. ЩэкIуэгъуэм и 5-м Каменкэ къуажэм Iугъуэм щитхьэлащ илъэс 16 фIэкIа мыхъуа пщащэр. Унагъуэр зейм абы етIуанэ къат къытрищIыхьыжат. Газым и лэжьакIуэхэм емыджэу, езым зэрыхищIыкIкIэ, етIуанэ къатым газыр дришейри, гъуэзыр изыш уэнжакъыр пкIэунэм къринащ, унащхьэм пхимышу. Арати, гъуэзыр зэтрихьэри, етIуанэ къатым щыжей пщащэ хьэщIэр абы иукIащ. Апхуэдэ дыдэу илъэс 17 зи ныбжь хъыджэбзыр гъуэзым щитхьэлащ Прохладнэ щIыналъэм хиубыдэ Солдатскэ къуажэм. Ди жагъуэ хъуащ, икIи дахуощыгъуэ дыгъэгъазэм и 2-м Шэджэм къуажэм къыщыуа газым и зэран зэкIа унагъуэм. ЗэрытщIэщи, унагъуэр зэрыщыту сымаджэщым щIэхуащ, унэр мафIэм исащ, сабиищым я нэхъыжьри лIащ. А псори къэмыхъунри хэлът илъэсым зэ ди лэжьакIуэхэр ирагъэблагъэу е ди лIыкIуэхэм жылагъуэр къыщызэхакIухькIэ, цIыхухэм куэбжэхэр ямыгъэбыдэу, дагъэхьэрэ я къалэныр ирагъэгъэзэщIатэмэ. Мис апхуэдэ гузэвэгъуэхэм Iущ дрихъупхъэт, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди цIыхухэм къагурыIуэркъым къызыхуедджэр. ХъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэр къэдгъэсэбэпу, цIыхухэм захедгъэхыну дыхуейт: газыр зэрыкIуэ бжьамийхэр, ди унэхэр зыгъэхуабэ хьэкухэр зэрагъэувым я хабзэ яIэжщ. Апхуэдэ Iэмэпсымэхэр зыгъэувын, кIэлъыплъын хуейр а Iуэхум хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэрщ. Гулъытэ хуэфщI абыхэм я лэжьыгъэм, газымэ къыфщIихьамэ, 04-м фыкъэпсалъэ, газыр хьэфIэ бжьамийхэмкIэ къыхэвмыш, фэ езым хьэкухэр вгъэувыну яужь фимыхьэ! - къыхигъэщащ Тутыкъуэм.

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: