Хы псэущхьэхэр мащIэ щохъу

Иужьрей зэманым псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр щIыпIэ-щIыпIэкIэ щокIуэдыж. ЩIыуэпсымрэ абы и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, псыр фIей зэрыхъуам, кIэрыхубжьэрыхухэр зэрыхадзэм къыхэкIыу, бдзэжьейхэм кислород яхуримыкъуу  холIыхьри, псы Iуфэм къытредзэж. А Iуэхум хэкIыпIэ гуэри имыIэу щыткъым, ауэ ар гъэзэкIуэжыным зэманышхуэ ихьынущ.

Къэпщытэныгъэхэм хэтащ къэрал 17-м я щIэныгъэлI 67-рэ. Абыхэм ягъэхьэзырыжа тхыгъэм къызэрыхэщымкIэ, Дунейпсо хым кислороду хэтым и бжыгъэм 1950 гъэ лъандэрэ кIэроху илъэс къэс. Псалъэм папщIэ, илъэс 70-кIэ узэIэбэкIыжмэ, Дунейпсо хым и щIыпIэ 45-м а Iуэхугъуэр нэхъ щынэрылъагъуу щытамэ, нобэкIэ кислород хурикъуркъым щIыпIэ 700-м щIигъум. Апхуэдэпс хэс бдзэжьейр зэтолIэ.
Сыт-тIэ псым кислородыр хэкIуэдыкIыным щхьэусыгъуэ хуэхъур?
Псом япэрауэ, цIыхум игъэс гъэсыныпхъэхэм къапиху гъуэз хьэлэр уэгум ихьа нэужь кислородыр еубыдри, псым хэшыпсыхьын хуейм хуэдиз лъысыжыркъым. Ауэ щыхъукIэ, псы щIагъым щIэс бдзэжьей лIэужьыгъуэхэр кислород яIэрыхьэркъыми, малIэ. ЗэрыжаIэмкIэ, псым фIэкIуэд кислородым и процент 50-р а Iуэхугъуэращ зэпхар. Мыдрей процент 50-р и ягъэщ хьэндыркъуакъуэцIэнлъым (водоросли). ЦIыхум хьэл мыгъуэ хуэхъуащ кIэрыхубжьэрыхур тенджызым хидзэныр. Псы фIейм, куэншыбым азот куэду зэрыхэлъым къыхэкIкIэ, хьэндыркъуакъуэцIэнлъыр псы щIагъым щобагъуэ. Дызэрыщыгъуазэщи, абы зиужьын папщIэ, кислород куэд «ешх». Аращи, бдзэжьейхэм армырми къемэщIэкI, апхуэдизу зыхуэныкъуэ кислородыр еубыд.
«Мы Iуэхугъуэр къызэтедмыгъэувыIэмэ, ди псэущхьэхэм ящыщу лIэужьыгъуэ зыбжанэ тфIэкIуэдыпэнкIэ шынагъуэщ. Абы и закъуэкъым, бдзэжьей зыщэхэм я Iуэхури екIэкIуэнущ. КIэщIу жыпIэмэ, дунейпсо экономикэр къызэIызыщIэн Iуэхугъуэщ мыр. Ари пщигъэгъупщэжыну щыIэщ иджыри зы шынагъуэ - кислородыр къызэмэщIэкI псым къеутIыпщ «парниковый эффект» жыхуэтIэр нэхъри къезыгъэбл гъуэзхэр. ЗэрытщIэщи, апхуэдэ гъуэзхэр уэгум ихьа нэужь, щIым къытепсэ хуабэм хьэршым иримыгъэгъэзэжу еубыдри, дунейпсо хуабагъэр дрегъэкIуей. Дунейр нэхъ хуабэ хъуху, мылхэри псынщIэу къоткIу. ЩIэныгъэлIхэм я къару къихь къамыгъанэу а Iуэхугъуэм йолэжь, ауэ зыми зихъуэжакъым, цIыхухэм я кIэрыхубжьэрыхум хэщIакъыми. Уеблэмэ 2018 гъэм «парниковый эффект»-м и зэран къызэрыдэкIам хуэдэу зэи зыкъыдигъэщIауэ къысхуэщIэжыркъым», - жеIэ Дунейпсо хыр хъумэнымкIэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Эппс Минэ.
УнафэщIым и псалъэхэм щыхьэт тохъуэ Балтийскэ хым кислородыр мащIэ зэрыщыхъуар, абы къыхэкIкIи псэущхьэ лIэужьыгъуэ зыбжанэм а псыр зэрабгынар. А хым псэущхьэ зыхэмысыжу иIэм километр зэбгъузэнатIэу 70000 еубыд. ХьэндыркъуакъуэцIэнлъ зэмылIэужьыгъуэхэр щыбагъуэри, Балтийскэ хым и плъыфэри ихъуэжащ.

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: