Джатэжьей Асанэ дыщэр къехьЕхъулIэныгъэ Ди къэралым и щыхьэр Москва иджыблагъэ щекIуэкIащ «WORLD RAW PAWERLIFTING» (WRPF) чемпионатыр. Абы хэтащ УФ-м и щIыналъэ 76-м, хамэ къэрал 40-м ящыщ атлет нэхъ лъэщхэр. Зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэ лъагэ щызыIэрызыгъэхьахэм ящыщщ КъБКъУ-м и студенткэ Джатэжьей Асанэ. Ар «Становая тяга» зэпеуэ лIэужьыгъуэм щытекIуащ икIи дыщэ медалыр къыхуагъэфэщащ. «Сокольники» щыIэ Конгресс-гъэлъэгъуапIэ центрым къыщызэрагъэпэща а зэхьэзэхуэ иным спортсмен мини 3-м щIигъу хэтащ. «Урысейм пауэрлифтингымкIэ и зэгухьэныгъэм», WRPF-м я федерацэхэм къыхалъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ зэхашащ зэпеуэр. Абы зыкърагъэхьэлIат Урысейм, Австралием, Бельгием, Инджылызым, Израилым, Испанием, США-м, Тыркум, Финляндием, нэгъуэщI къэрал куэдми къикIа спортсменхэм. Абыхэм яхэтащ бзылъхугъэ 200-м нэс. КъБКъУ-м ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурэ-спорт егъэджэныгъэхэмкIэ и институтым и «Физическэ щэнхабзэ» къудамэм и 1-нэ курсым щеджэ Джатэжьей Асанэ цIыкIум зэфIэкI лъагэ къыкъуэкIащ.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
23.04.2024 - 10:48 →
Iуащхьэмахуэ куэдым я плъапIэщ
20.04.2024 - 10:52 →
Ветеранхэм гулъытэ хуащI
|