Дунейм щыхъыбархэр

Сыхьэт 20-м щIигъукIэ уэгум итыфхэр

Кхъухьлъатэхэм къемытIысэхыу гъуэгуанэ кIыхь дыдэхэр зэрызэпачыфрэ куэд щIащ. Апхуэдэу щытми, кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу уэгум сыхьэт бжыгъэ нэхъыбэкIэ итынымкIэ зэпеуэ кампаниехэр. Псалъэм папщIэ, Австралием щыщ «Куантэс» авиакомпанием иджыблагъэ хузэфIэкIар телъыджэ пщымыхъункIэ Iэмал иIэкъым. Абы и «Boeing 787-9 Dreamliner» кхъухьлъатэр уэгум сыхьэт 19-рэ дакъикъэ 16-кIэ итащ.

США-м и Нью-Йорк къалэм икIыу Австралием и Сидней лъэта а рейсым къэхутэныгъэ мурад иIащ - кхъухьлъатэм ису цIыхум гъуэгуанэ кIыхь зэпичыныр абы и узыншагъэм зэрезэгъыр зэхагъэкIыну хуейт. Кхъухьлъатэм зэ Iэтыгъуэм къыхуэщтэну цIыху 280-м я пIэкIэ а рейсым лъэтар 49-рэщ икIи абы нэгъуэщI хьэлъи иралъхьакъым. ЦIыху нэхъыбэрэ хьэлъэрэ къыщIамыщтар гъэсыныпхъэр зэрагъэзэхуэн, къемытIысэхын щхьэкIэщ.
Кхъухьлъатэм исхэм я узыншагъэр зыхуэдэр къапщытэу, я щытыкIэм кIэлъыплъу ящIыгъуащ дохутырхэр. Апхуэдэуи абыхэм я нэIэ тетащ цIыхухэм яшхми, щыжеин хуей зэманми. А псом нэмыщI, кхъухьлъатэм исхэм я Iэпкълъэпкъыр щыс зэпытым зэщIимыгъэнэн щхьэкIэ, абыхэм зрагъэукъуэдиящ. Аэробусыр зэIэпахыу зэрагъэкIуащ пилотиплIым. Абыхэми чэзууххэурэ я щхьэхэм энцефалограммэхэр трахащ.
«Куантэс»-р дунейм цIэрыIуэ щыхъуащ гъуэгуанэ нэхъ жыжьэхэр зэпычынымкIэ. 2018 гъэм къыщыщIэдзауэ абы егъэзащIэ КъухьэпIэ Австралием и Перт къалэм икIыу Инджылызым и щыхьэр Лондон кIуэ рейсхэри. Ари дуней псом щынэхъ кIыхь дыдэ уэгу гъуэгуанэхэм хабжэ - цIыхухэр сыхьэт 17-м нэблагъэкIэ уэгум итщ. А зэманым къриубыдэу абыхэм Iэмал яIэщ сыхьэтийкIэ жеинуи, кино зыбжанэ еплъынуи, тхуэ-хэ хуэдизрэ шхэнуи.
А рейсым ипэкIэ гъуэгуанэ нэхъ кIыхь дыдэ зэпызычауэ къалъытэр «Singapore Airlines»-м ­игъэзэщIа, Сингапурым икIыу Нью-Йорк кIуа кхъухьлъатэрщ. А авиакомпаниерщ дунейм щынэхъ кIыхь дыдэ уэгу гъуэгуанэ зэпызычауэ щыIэр зыгъэзэщIари - Гонгконг - Лондон маршрутыр, километр мин 21,6-рэ хъур. Абы и «Boeing 777-200»-р сыхьэт 22-рэ дакъикъэ 40-кIэ уэгум итащ.
Авиакомпание лъэрызехьэхэр абыкIи къэувыIэнукъым - абы шэч къытумыхьэми хъунущ. ЩIэ гуэрхэм зезыпщытыну, дунейм и телъыджагъэхэр нэсу зыхэзыщIэну хуейхэр къызэрыдахьэхыным, цIыхухэр арэзы зэращIыным ахэр зэрытелэжьэнур шэчыншэщ.

2020 гъэм махуи 118-кIэ
зыдгъэпсэхунущ

Урысейм цIыхухэм лэжьапIэ IэнатIэ яIэнымкIэ и къэрал къулыкъущIапIэм къищтащ дызыхуэкIуэ 2020 гъэм дызэрылэжьэнумрэ зэрызыдгъэпсэхунумрэ теухуа махуэгъэпсыр. А IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Шкловец Иван зэрыжиIамкIэ, цIыхухэр нэхъ мащIэрэ лэжьэнущ, махуэшхуэхэмрэ ахэр зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм щытехуэм деж зэрагъэIэпхъуэмрэ къыхэкIыу.

ЩIышылэ, гъатхэпэ, мэлыжьыхь, накъыгъэ, мэкъуауэгъуэ, щэкIуэгъуэ мазэхэм хеубыдэ лэжьэгъуэ тхьэмахуэ нэхъ кIэщIхэр. ЗэраубзыхуамкIэ, илъэсыщIэм и япэ тхьэмахуэм лэжьэгъуэу хэтынур махуитI къудейщ - зэкIэлъыкIуэу махуи 8-кIэ зыдгъэпсэхунущ. КъыкIэлъыкIуэ зыгъэпсэхугъуэ кIыхьхэр мазаем хуозэ - Хэкум и хъумакIуэм и махуэм и щIыхькIэ махуищкIэ зэкIэлъыкIуэу дыдэсынущ - цIыхухэр щылэжьэнур мазаем и 25 - 28-хэрщ. ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэр щагъэлъапIэ гъатхэпэм и 8-р зыхиубыдэ тхьэмахуэми дызэрылэжьэнур махуиплIкIэщ. Накъыгъэм и 1 - 5-хэм, 9 - 11-хэми цIыхухэр дэсынущ - Гъатхэмрэ лэжьыгъэмрэ, ТекIуэныгъэм Иным я махуэхэр ягъэлъэпIэнущ. Урысейм и къэралыгъуэм и махуэ мэкъуауэгъуэм и 12-м и саулыкъукIэ цIыхухэр дэсынущ а мазэм и 12 - 14-хэм. ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэ щэкIуэгъуэм и 4-р бэрэжьейуэ тохуэри, абыи зэпеуд лэжьэгъуэ тхьэмахуэр - махуитIкIэ дылэжьэнурэ зы махуэкIэ дыдэсынущ, аргуэру махуитIкIэ долажьэри, щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ зыдогъэпсэху.
Псори зэхэту махуэшхуэхэр 26-рэ, зыгъэпсэхугъуэ махуэхэр 92-рэ, ягъэкIэщIа лэжьэгъуэ махуэхэр 5, лэжьэгъуэ махуэхэр 243-рэ мэхъу. Псори зэхэту цIыхухэм махуи 118-кIэ загъэпсэхунущ.

Нобэ

Iэпхъуэшапхъуэм и дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 1990 гъэм дыгъэгъазэм и 18-м унафэ къищтащ Iэпхъуэшэпхъуэн хуейуэ къызыхудэкIа дэтхэнэ зы лэжьакIуэми абы и унагъуэм исхэми я хуитыныгъэхэр хъумэным, абыхэм къащхьэщыжыным теухуа унафэм.
♦Урысейм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм езыхэм я шынагъуэншагъэмкIэ и къудамэхэм я махуэщ
♦Урысейм и ЗАГС IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦Хьэрыпыбзэм и махуэщ
♦Молдовэм и полицэм и лэжьакIуэм и махуэщ
♦1865 гъэм
США-м и Конституцэм халъхьащ зэгъэзэхуэжыныгъэ. Абы пщылIыгъэр щымыIэж ищIырт.
1876 гъэм Петербург щекIуэкIащ Урысейм щыяпэ политикэ демонстрацэр.
1940 гъэм къащтащ фашистхэр СССР-м къызэрытеуэнум теухуа «План Барбаросса» жыхуиIэр.
1958 гъэм дунейм щыяпэу США-м щаутIып­щащ связыр къызэгъэпэщыным хуэлэжьэну спутникыр.
1921 гъэм къалъхуащ СССР-м и цIыхубэ артист, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Никулин Юрий.
1930 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Жамборэ Хьэсэнбий.
1930 гъэм къалъхуащ режиссёр, сурэтыщI, теленэтынхэр езыгъэкIуэкIыу, Урысей телевиденэм и академием и академикыу, «Сыт? Дэнэ? Дапщэщ?» нэтын цIэрыIуэм и къызэгъэпэщакIуэу щыта Ворошилов Владимир.
1931 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта Къущхьэбий Виктор.
1934 гъэм къалъхуащ совет къухьлъатэзехуэ-космонавт, Совет Союзым тIэунейрэ и ЛIыхъужь Волынов Борис.
1939 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, Урысейм ХудожествэхэмкIэ и Академием, Испанием и сурэтыщIхэм я академием, ЩIДАА-м я академик КIыщ Мухьэдин.
1940 гъэм къалъхуащ политик, жылагъуэ лэжьакIуэ, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, РАЕН-м и академик, УФ-мрэ КъБР-мрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Федченкэ Людмилэ.
1946 гъэм къалъхуащ США-м щыщ кинорежиссёр, сценарист цIэрыIуэ, продюсер, «Оскар» саугъэтыр щэнейрэ зыхуагъэфэща Спилберг Стивен.
1958 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я кандидат, «Линкор» дунейпсо компанием и генеральнэ унафэщIым и къуэдзэ Щоджэн Iэуес.
1957 гъэм къалъхуащ урысей актёр, уэрэджыIакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист Скляр Игорь.
1963 гъэм США-м щыщ актёр, продюсер, «Оскар» саугъэтыр зрата Питт Брэд и ныбжьыр илъэс 56-рэ ирокъу.
1973 гъэм къалъхуащ урысей фигурист икIи гъэсакIуэ, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Олимп Джэгухэм дыжьын медаль къыщызыхьа, дунейпсо чемпион Авербух Илья.
1984 гъэм къалъхуащ журналист Щоджэн Мурат.

Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 7 - 11, жэщым градуси 2 - 3 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Адэм имылъэгъуа къуэм елъагъу.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр