Iейм щахъумэн мурадкIэ

 

Республикэм мафIэсым пэщIэтынымкIэ-къегъэлынымкIэ и IуэхущIапIэм щекIуэкIащ илъэсыщIэпежьэ зэIущIэ. Абы кърагъэблэгъат «Золотой орешек» сабий-сад №25-м и гъэсэн цIыкIухэр.

«Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэ­щIэ­ты­нымкIэ-къегъэлынымкIэ и IуэхущIапIэ»­ къэрал кIэзонэ IэнатIэм мафIэс къэмыгъэхъунымкIэ и инструкторхэм ИлъэсыщIэ махуэшхуэхэм и пэ къихуэу ирагъэкIуэкI апхуэдэ лэжьыгъэ, сабий IуэхущIапIэхэм я гъэсэнхэмрэ школхэм щеджэхэмрэ псейхэр щагъэщIэращIэкIэ, ИлъэсыщIэ зэхыхьэ щрагъэкIуэкIкIэ, мафIэм хуэсакъын зэрыхуейр гурагъэIуэн мурадкIэ.
Уае Дадэмрэ абы и дэIэпыкъуэгъухэмрэ, сабийхэм дэджэгу хуэдэурэ, гурагъэIуащ уэздыгъейхэм, абыхэм пащIэ цIуугъэнэхэм, бенгал мафIэхэм уахуэмысакъмэ, къэхъункIэ хъунур, жраIащ ИлъэсыщIэ махуэшхуэ Iуэхухэр щекIуэкIкIэ сакъын зэрыхуейр. Садым и гъэсэн цIыкIухэм къащIащ мафIэм ехьэлIа къуажэхьхэр, итIанэ ахэр ирагъэплъащ «Маша и медведь» мультфильмым.
ИлъэсыщIэр хъурэ фIыуэ ялъагъу Уае Дадэм и саугъэтхэр щымыIэу?! ЦIыкIухэм иратащ IэфIыкIэхэр, пазлхэр, мафIэсым зыщыхъумэнымкIэ чэнджэщрэ «01» зытет шар гъэпщахэмрэ. Сабийхэр зыщыгуфIыкIа а тыгъэхэр къабгъэдэкIащ «Россельхозбанк»-м и унафэщIхэм, «Жако» IэфIыкIэ фабрикэм и администрацэмрэ Налшык къалэм Граждан зыхъумэжыныгъэ IуэхухэмкIэ, къэхъукъащIэ хьэлъэхэмкIэ, мафIэс шынагъуэншагъэмкIэ и центрымрэ.
ЗэIущIэ гуапэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэу Пащты Борисрэ Къардэн Мурадинрэ. Абыхэм фIыщIэ хуащIащ зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэм.
Мыпхуэдэ Iуэху щхьэпэхэр ирагъэкIуэкIынущ дыгъэгъазэм и 26 пщIондэ.

 Сурэтхэр Холлаевэ  Марзият трихащ. 

Дыгулыбгъу Жантинэ.
Поделиться: