Тбилиси «Апшелавэ» къыщыфIащат

Тбилиси и «Динамо»-м хэту. 1964 гъэ

 

(Iэпщэ Александр и футболист гъащIэм теухуа етIуанэ Iыхьэ)

Къэралым и щыхьэрым топджэгу насыпыр щимыгъуэту Iэпщэ Александр Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжащ икIи Налшык и «Спартак»-м къыхыхьэжащ. АрщхьэкIэ абы зэрыхагъэтар зы илъэс закъуэщ.

ЕхъулIэныгъэшхуэхэр имыIэ пэтми, налшыкдэсхэм футбол командэ лъэрызехьэ къызэрагъэпэщат. Мэзкуу и «Динамо»-м къикIыжу къахыхьэжа Iэпщэ Александр игъэлъэща гупым и зэфIэкIыр здынэсынур куэдым наIуэ ящищIащ къэралым и лигэ нэхъыщхьэм и командэ пашэхэм ящыщ Баку и «Нефтянник»-м драгъэкIуэкIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIэм. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, абы хыхьакIэт Налшык и «Спартак»-м и япэ топыр къэралпсо зэхьэзэхуэхэм щыдэзыгъэкIа Туаев Къазбэч.
Iэпщэр зи пашэ ди щIалэхэр абы щыгъуэм бжыгъэшхуэ дыдэкIэ, 7:1-уэ, текIуат. А зэIущIэм Сашэ къыщыхэжаныкIам къищынэмыщIауэ, Iэзэу ярита топхэр дагъэкIыну яхузэфIэкIат и джэгуэгъухэу Орлов Юрийрэ ТыIэщ Хьэсэнбийрэ.
Яшин Лев, Численкэ Игорь сымэ, нэгъуэщI футболист цIэрыIуэхэм я гъусэу джэгуауэ Мэзкуу къи­кIыжагъащIэ Iэпщэ Александр къызыхыхьэжа гупым пщIэшхуэ щиIэт. Ар командэм и капитану занщIэу хахащ.
Iэпщэр зи пашэ Налшык и «Спартак»-м щысхьырабгъу имыщIэу и хьэрхуэрэгъухэр хигъащIэ хъуащ. Езы Александри щIэх-щIэхыурэ топхэр дигъэкIырт. 1963 гъэм абы и хьэрхуэрэгъухэм я гъуэр 10 хигъэщIэну хузэфIэкIащ. Япэ хет-трикри (зы зэIущIэм топищ щыдигъэкIыныр) къехъулIащ, жэпуэгъуэм (октябрым) и 6-м Новороссийск и «Цемент»-м щыIущIам.
Апхуэдэ джэгукIэфIыр гулъытэншэ хъуфынутэкъым. ИкIи 1964 гъэм и пэщIэдзэ дыдэм Тбилиси и «Динамо»-м къикIа хьэщIэм Iэпщэм зыкъыхуигъэзащ. Мэзкуу къыщыдэлэжьа Якушин Михаил куржыхэм я командэ нэхъыщхьэм и тренер нэхъыжьу ягъэувати, адыгэ щIалэр къригъэлъыхъуэжауэ арат. ХьэщIэр къызытекIухьари гурыIуэгъуэт - я щIыпIэм къыщалъхуахэм фIэкIа зыхэзымыгъэхьэ ди гъунэгъухэм Iэпщэр зыдагъэджэгуну ирагъэблагъэрт. Ар хуабжьу щIыхьышхуэт езы Iэпщэ Александр дежкIи, адыгэхэм папщIи.
А лъэхъэнэм Тбилиси и «Динамо»-р ягъэбжьыфIэрт Месхи Михаил, Метревели Славэ, Калоев Заур, Сечинавэ Георгий, Баркая Владимир, Яманидзе Шота сымэ, нэгъуэщI футболист гъуэзэджэхэм. Абыхэм уадэхъун папщIэ «щIыр натIэкIэ бвэн хуейт», уи къаруми, зэфIэкIми, зэманми ущымысхьу. Iэпщэ Александр ар хузэфIэкIащ.
Зэхьэзэхуэм иджыри зыхуагъэхьэзыру Леселидзе щыIэу Якушиным Iэпщэм теухуауэ тхьэмахуэм зэ къыдэкI «Футбол» газетым мазае (февраль) мазэм къытригъэдзащ: «Ар къыпэщытыр кIуэцIрызытхъ гъуащхьауэ лъэщщ». Мыгувэу ардыдэм къытехуащ СССР-м щIыхь зиIэ и тренер Севидов Александр ди щIалэм хужиIа псалъэхэр: «…Тбилисидэсхэм я гъуащхьауэхэм Iэпщэр зэрахыхьэм ахэр иригъэфIэкIуэнущ. Ар езэш зымыщIэ, дэнэкIи къыщыхутэ гъуащхьауэ Iэзэщ, и зэпIэзэрытыныгъэм къыпхуимышыну. Джэгур дауэ екIуэкIми, Iэпщэм и лъэр зэи щIэхуркъым икIи и къару псори абы хелъхьэ. Iэзагъ нэхъ лъагэ яIэу къыдэджэгухэм Iэпщэм я дзыхь кърагъэзмэ, псоми я фейдэ хэлъынущ».
1964 гъэм СССР-м щекIуэкIа зэхьэзэхуэм и япэ джэгугъуэм щегъэжьауэ Тбилиси и «Динамо»-м и футболистхэм дыщэ медалхэм ерыщу щIэбэнын щIадзащ. Дэтхэнэ зэIущIэми абыхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэт. ИгъащIэ лъандэрэ хэтам хуэдэу, гупым хъарзынэу хэзэгъащ Iэпщэ Александр. Ар куржыхэм фIыуэ ялъэгъуащ икIи езыхэм ящыщ зым хуагъадэу «Апшелавэ» къыфIащащ.
1936 гъэм щыщIэдзауэ Совет Союзым футболымкIэ и чемпионатыр ирагъэкIуэкIащ. АрщхьэкIэ куржыхэм абы зэи дыщэ медалхэр къащыхуэхьатэкъым. 1939, 1940, 1951 и 1953 гъэхэм чемпионыгъэр зыIэрагъэхьэным къахуэнэжар зы лъэбакъуэ закъуэт, ауэ етIуанэ увыпIэм къыщынащ. А псом ищIыIужкIэ Тбилиси и «Динамо»-м иджыри хэнейрэ дыжьын медалхэр къыхуагъэфэщат. Чемпион хъун папщIэ абы щыджэгухэм къахуэт щымыIэм хуэдэт: адрейхэм зэи яхузэфIэмыкIыну техникэ лъагэ, псынщIагъ гъуэзэджэ, щхьэмыгъэзагъэ… Апхуэдэу щыт пэтми, футбол Олимпым и лъагапIэр я хъуэпсапIэ къудейуэ къэнэжырт. АдыгэлI бэлыхь Хьэшыр Чылар Iуащхьэмахуэ и щыгум узэрыдэкIын хуей щIыкIэр адрейхэм зэрыригъэлъэгъуам хуэдэу, куржыхэри хуэныкъуэу къыщIэкIынут чемпионыгъэм и гъуэгур яхуэзыгъэлъэгъуэну щIалэ. Апхуэдэу къыщIэкIащ Къэбэрдейм щалъхуа икIи щапIа Iэпщэ Александр. Ерыщагъ ин хэлъу ар къаруушхуэкIэ сыт щыгъуи зэребгъэрыкIуэр куржыхэм я Iэзагъ лъагэм щIыбгъужмэ, я хьэрхуэрэгъухэм я сыт хуэдэ зыхъумэжыныгъэри кIуэцIратхъын хуейт. Ар фIы дыдэу къыгурыIуэрт нэхъапэми Мэзкуу и «Динамо»-м къыщыдэлэжьа Якушин Михаил. Чемпион хъун хуейуэ къалэн къыхуагъэува иужькIэ, 1964 гъэм и пэщIэдзэм тренер телъыджэр япэу зыхущIэкъуахэм ящыщщ Iэпщэр и командэм къришэлIэныр.
Адыгэ щIалэм и джэгукIэр нэхъапэми футболым дихьэххэми IэщIагъэлIхэми хуабжьу ягу ирихьырт. Абыхэм яфIэгъэщIэгъуэнт Iэпщэм и къарууфIагъымрэ, дапхуэдизу и хьэрхуэрэгъухэр лъэщми, къызэримыкIуэтымрэ. АрщхьэкIэ а фIагъ псоми унэтIыныгъэ тэмэм езытын тренер щыIэн хуейт. Языныкъуэхэм гъуащхьэхъумэу ягъэувырт, адрейхэм техникэкIэ и Iэзагъым Iэмал имыIэу хигъэхъуэн хуейуэ къыпаубыдырт. ИкIэщIыпIэкIэ текIуэныгъэхэр зыIэрызыгъэхьэну хущIэкъу тренерхэм зэмани Iэмали яIэтэкъым Iэпщэм елIэлIэну, абы и лъэщагъыр къагурыIуэу къагъэсэбэпыну. А Iуэхугъуэ мытыншыр зыхузэфIэкIар Якушин Михаилщ. Ари етIуанэ пэрыхьэгъуэм. И къарур къызэрикъуэлъыкIым папщIэ Iэпщэр Мэзкуу IэщIыб щащIами, мыгувэу Тбилиси къыщыхуэщхьэпащ.
Я хьэрхуэрэгъухэм джэгум щебзэджэкIынрэ техникэ и лъэныкъуэкIэ къапэщытхэр къыдэзымыгъэплъынрэ куржыхэм сыт щыгъуи я куэдт. АрщхьэкIэ абыхэм гъуэгур яхузэIуихын хуейт къару лъэщ зиIэ, къикIуэт зымыщIэ футболист гуэрым. Гъуащхьауэ цIэрыIуэхэу Метревели Славэрэ Баркая Владимиррэ апхуэдэ яхуэхъуащ Iэпщэ Александр. Куржы футболистхэм я вагъуэбэм адыгэ щIалэр дэгъуэу хэзэгъащ.
Дауи, Iэпщэр Тбилиси щIрагъэблэгъар я командэр къэралым чемпион хъун папщIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъун хуейуэ арат. ИкIи абы лъэкI къигъэнакъым. Iэпщэ Александр яхэлъадэурэ, джэгум и кIыхьагъкIэ бэлыхь куэд зытригъэлъ хьэрхуэрэгъухэм я гъуащхьэхъумэхэм зэIущIэм и кIэухым я лъакъуэхэр зэблахыжыф къудейуэ арат. Апхуэдэ щытыкIэр куржыхэм Iэзэу къагъэсэбэпырти, текIуэныгъэр зыIэрагъэхьэрт.
1964 гъэм зэхэта чемпионатыр Тбилиси и «Динамо»-м фIы дыдэу къыщIидзащ икIи япэ ­къекIуэкIыгъуэр Мэзкуу и «Спартак»-м япэ увыпIэр дигуэшу иухащ. АдэкIэт бэнэныгъэм и гуащIэгъуэр. Нэхъ лъэщым дыщэр и Iэрылъхьэт. Ар къалъытэри,куржыхэм я тренерыр яхъуэжащ. 1962 гъэм и кум щыщIэдзауэ Тбилиси щылажьэ Якушин Михаил и пIэкIэ ирагъэблэгъащ нэхъ цIэрыIуэж икIи зэфIэкI нэхъыбэ зиIэ Качалин Гавриил. Абы текIуэныгъэр зэрызыIэрагъэхьэ щIыкIэр фIы дыдэу ищIэрт - арат СССР-м футболымкIэ и командэ къыхэхар нэхъапэм зэи къэмыхъуауэ (иужькIи къыхутегъэзэжакъым) 1956 гъэм япэщIыкIэ Олимп Джэгухэм, иужькIэ, илъэсиплI дэкIауэ, Европэм (абы щыгъуэм «Европэм и кубок»-кIэ еджэрт) и чемпион зыщIар. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэм къагъэлъагъуэрт Тбилиси и «Динамо»-р къызэримыкIуэтынур икIи дыщэ медалхэм ерыщу зэрыщIэбэнынур.
Куржыхэм сыт щыгъуи футболист гъуэзэджэхэр къахэкIырт. Абыхэм джэгум щIэщыгъуагърэ хьэлэмэтагърэ халъхьэрт. Футболым ирипсэухэри куэду яхэтт. Арат цIыху мелуанхэм ахэр фIыуэ щIалъагъур икIи куржы командэр чемпион хъуну щIыщIэхъуэпсыр. Иджы Тбилиси и «Динамо»-р зэи хуэмыдэжу абы пэгъунэгъу дыдэт. АрщхьэкIэ къэхъужар сыт? Зэхьэзэхуэм и кIэух зэIущIэм ирихьэлIэу «Торпедо»-р зы очкокIэ япэ ищащ. Абы къыхэкIкIэ я стадионым иужьу къыщрагъэблагъэ Киев и «Динамо»-м текIуэмэ, мэзкуудэсхэм дыщэр яIэрохьэ.
…Джэгум и кIэух дакъикъэхэр йокIуэкI, бжыгъэр 1:1-щ. Мис абдежым судьяр тогушхуэри, украин командэм и гъуэм пенальти еуэн хуейуэ къегъэув. Метр пщыкIузым бгъэдохьэ «Торпедо»-м и гъуащхьауэ нэхъ Iэзэ дыдэ Иванов Валентин. Абы топыр дигъэкIмэ, и командэр чемпионщ.
Ивановыр и къару къызэрихькIэ пенальтим йоуэ. Гъуэм и плIанэпэ дыдэм кIуэ топыр, къаплъэным хуэдэу зедзри, «Динамо»-м и гъуащхьэтет Банниковым къещтэ. Мэзкуудэсхэм я лъэр щIохури, я щхьэр фIаубыдыкIауэ губгъуэм щотIысэх.
Хэгъэрейхэр Киев къикIа «Динамо»-м зэрытемыкIуэфам къигъэлъагъуэрт, зэхьэзэхуэр иуха пэтми, чемпион хэт хъуами зэхэмыкIауэ. Мэзкуу и «Торпедо»-мрэ Тбилиси и «Динамо»-мрэ очко зэхуэдиз яIэу зэпеуэр зэфIэкIати, япэ увыпIэр зыхуэфащэр абыхэм я зэпэщIэтыныгъэ щхьэхуэм щаубзыхун хуейт.
«Дыщэ зэIущIэр» лъэныкъуитIми я пэIэщIэ щIыпIэм щегъэкIуэкIыпхъэт. Бжьыхьэм и кIэухыу зэрыщытым къыхэкIыу, сыт щыгъуи дунейр щыхуабэ Узбекистаным и къалащхьэ Ташкент абы папщIэ къыхахащ.
Совет Союзым и щIыпIэ псоми икI телеграммэхэр «дыщэ зэIущIэм» хэтхэм хуагъэхьырт. Нэхъыбэр Къэбэрдейм къикIыу, ахэр къыIэрыхьэрт Iэпщэ Александри. Благъэхэм, Iыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм, топджэгум дихьэх цIыху къызэрыгуэкIхэм къатхырт ар зыхэт командэм текIуэныгъэр къызэрихьынур я фIэщ зэрыхъур икIи абы папщIэ лъэкI къимыгъэнэну трагъэгушхуэрт.
ЗэIущIэр щекIуэкIыну ягъэува пIалъэр псынщIэ дыдэу къэсащ. 1964 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 18-м «Пахтакор» стадионыр бжьэ къэпщIам хуэдэт. Абы къекIуэлIа цIыху мин 70-м щIигъум загуэшат зэпэщIэува Тбилисирэ Мэзкуурэ я командэхэм дэщIхэу. Ахэр къызэрымыкIа щIыпIэ къэралым иIэжу къыщIэкIынтэкъым. Яхэтт абыхэм ди республикэм щыщхэри.
«Дыщэ зэIущIэр» зи нэгу щIэкIахэм нобэми ягу къэгъэкIыж «Динамо»-мрэ «Торпедо»-мрэ сыт и лъэныкъуэкIи зэхуэфащэ зэхьэрхуэрэгъуу зэрызэпэщIэтар. Псоми къагурыIуэрт мы зы джэгугъуэ закъуэм лъагэ дыдэу узэриIэтыфынур икIи ар къызэхъулIэнур тIум языр зэрыарар.
 Хухаха сыхьэтрэ ныкъуэм текIуар зэхамыгъэкIыфу (1:1-уэ иухат), къыщIагъуа зэманым футболистхэр джэгупIэ губгъуэм къыщихьам щIыр къратхъуну хьэзырт. АрщхьэкIэ Датунашвили Илья дигъэкIа топым псынщIэ дыдэу я хьэрхуэрэгъухэр игъэупщIыIуащ. Абы иужькIэ мэзкуудэсхэм я лъэр щIэхуащ икIи аргуэру иджыри топитI драгъэгъэкIащ. Арати, 4:1-уэ Тбилиси и «Динамо»-р текIуащ. Куржыхэр япэ дыдэу Совет Союзым и чемпион хъуащ!
Джэгур зэриухам и щыхьэту зэIущIэм и судья нэхъыщхьэ Рубенис Микелис (Ригэ щыщщ) и кIэфийр зэригъэIуу, Тбилиси и «Динамо»-м дэщIхэр мин зыбжанэ хъууэ губгъуэм къилъэдащ. Куржыхэм япэ дыдэу чемпионыгъэр къахуэзыхьа я лIыхъужьхэм абыхэм IэплIэрэ барэ хуащIырт, къапхъуатэурэ щIаупскIэрт, драдзейрт.
Азие Курытым икIа хъыбарыфIыр аддэ жыжьэу щыIэ Кавказ АдрыщIми напIэзыпIэм нэсащ. Куржыхэм я шыгъупIастэ Iэнэр узэдауэ хьэзырыххэти, шагъыр пIащIэхэр яIэщIэту хъуэхъу кIыхьхэр ирашэжьащ. Нэху щыхукIи къыкIэлъыкIуэ махуэхэми ахэр увыIакъым. Языныкъуэхэр гуфIэгъуэ Iэнэм къыщыбгъэдэкIар жэщыр сыхьэтитIым ирихьэлIэущ - Тбилиси и «Динамо»-м и футболистхэр зэрыс кхъухьлъатэр къыщытIысыжам цIыху минхэр аэропортым щызэхуэсат. Абыхэм я лIыхъужьхэр щIым намыгъэсу ирахьэжьащ. А Iуэхугъуэ телъыджэхэр псэухукIэ куэдрэ IэфIу игу къигъэкIыжащ лъагэу яIэта, хъуэхъу щхьэхуэ зыхужаIа чемпионхэм ящыща Iэпщэ Александр.
Куржыхэр сыт щыгъуи гуапэу икIи IэфIу адыгэхэм къытхущыта гъунэгъу лъэпкъ телъыджэщ. Абыхэм фIыр зэи ящыгъупщэркъым. Ящыгъупщакъым Iэпщэ Александр я текIуэныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэри. Ар куржыхэм къуэшым хуэдэу ялъэгъуат. Тбилиси и «Динамо»-м къыщыдэджэгухэр Сашэ щалъхуа Къызбрун Езанэм щIэх-щIэхыурэ щыхьэщIэрт.
Iэпщэ Александр куржыхэм зыпащI щымыIэу фIыуэ ялъагъурт. АрщхьэкIэ абы аргуэру Налшык къафIигъэзэжащ. Тбилиси, Мэзкуу, Ереван, Киев щызэрызехьэ стадион инхэм зыщыIущIэ къэралым и командэ лъэщхэмрэ Чехословакием, Польшэм, Бирмэм, Вьетнамым я футболистхэм ядригъэкIуэкI джэгугъуэ хьэлэмэтхэмрэ я пIэ иригъэуващ и Iыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ сыт щыгъуи щилъагъуфыну Къэбэрдей-Балъкъэрыр.
Куржыхэм ар зыкъомрэ къаутIыпщакъым. АрщхьэкIэ я Апшелавэ и мурадыр зэрыбыдэр хьэкъыу щапхыкIым, сыт ящIэнт? Псом хуэмыдэу гур хэзыгъэщIт Тбилиси и «Динамо»-м къыдыхэтхэм сэлам щарихыжар - куэдым я нэпсхэр къафIекIуат.
Совет Союзым и чемпион зэрыхъурэ илъэс 50 зэрырикъур 2014 гъэм куржыхэм Iэтауэ ягъэлъэпIащ. Абы и хьэщIэ нэхъ зыпэплъа дыдэхэм ящыщт Iэпщэ Александр и унагъуэр: и щхьэгъусэ Риммэрэ и бынхэу Ладинрэ ФатIимэрэ.

 Апшелавэ йобгъэрыкIуэ.
 

Iэпщэм и унагъуэр Куржым щагъэлъапIэ. 2014  гъэ

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: