Я лэжьыгъэр къызэщIакъуэж

КъБР-м и Правительствэм

КъБР-м и Правительствэм дыгъэгъазэм и 19-м щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хабзэр къыщызэпемыгъэудынымкIэ IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр зыхэт комиссэм и зэIущIэр. Абы къыщаIэта Iуэхугъуэхэм ящыщт къагъэсэбэпа энергоресурсхэм я уасэмкIэ ятелъ щIыхуэр зымытыж IуэхущIапIэхэм ехьэлIауэ зэфIагъэкI лэжьыгъэр.

КъБР-м и МВД-м Iулъхьэм пэщIэтынымрэ экономикэ шынагъуэншагъэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Бетрожь Мурат жиIащ 2019 гъэм республикэм и гъэсыныпхъэ-энергетикэ IэнатIэм епхауэ щIэпхъаджагъи I86-рэ къызэрыщIагъэщар. Абы щыщу экономикэ щIэпхъаджагъэр - 44-рэ, уголовнэ Iуэху къаIэтын хуей щIэхъуар - 142-рэ. ЩIэпхъаджагъэ хьэлъэу къалъытар 21-рэ мэхъу.
- Псоми зэхэту хэщIыныгъэу къахьар сом мелуани 8-рэ мин 242-рэ мэхъу. Абы щыщу япшыныжащ сом мелуани 5-рэ мин 390-р. 2019 гъэр къызэрихьэрэ КъБР-м и МВД-м и лэжьакIуэхэм административнэ протокол мини 2,1-рэ ягъэхьэзыращ УФ-м и КоАП-м и Iыхьэ 7.19-м къыщыгъэлъэгъуам ипкъ иткIэ. Хабзэм хуит имыщIу газым зэрызыпащIам ехьэлIауэ протокол 1382-рэ, апхуэдэ дыдэу хабзэм къемызэгъыу электрокъарур къызэрагъэсэбэпам ехьэлIауэ - 760-рэ едгъэтхащ, - жиIащ Бетрожьым. - КъищынэмыщIауэ, 2019 гъэм уголовнэ Iуэхуи 3 къэтIэтащ «Газпром межрегионгаз Налшык» ООО-м Аруан, Дзэлыкъуэ, Бахъсэн щIыналъэхэм щиIэ къудамэхэм ехьэлIауэ. Ахэр теухуауэ щытащ цIыхухэм къагъэсэбэпа щIыуэпс газым щIигъуу зэрыхуатхам (япэмрэ етIуанэмрэ сом мелуан плIырыплI, ещанэм - сом зы мелуаным щIигъу къемызэгъыу ятхат). И къулыкъум тегушхуэу IуэхущIапIэм и ахъшэр къызэригъэсэбэпам къыхэкIыу «Газпром межрегионгаз Налшык» ООО-мрэ «Газыр тезыгуашэ газпром Налшык» АО-мрэ я унафэщIу щытам ехьэлIауэ уголовнэ Iуэху къэтIэтащ, ар 2019 гъэм и кIэ пщIондэ судым едгъэхьыну ди мурадщ. Къыхэгъэщыпхъэщ, электрокъарум ехьэлIауэ къулыкъу зыIыгъхэм ялэжь щIэпхъаджагъэхэми ди лэжьакIуэхэм гулъытэ зэрыхуащIар. Псалъэм папщIэ, ШынагъуэншагъэмкIэ федеральнэ IэнатIэм КъБР-м щиIэ къудамэр ди гъусэу, мы гъэм къызэпыдудащ щIэпхъаджагъэ ялэжьыну мурад зиIа гупым я Iуэхур. 2017 гъэм къыщыщIэдзауэ 20I8 гъэ пщIондэ «Къэббалъкъкоммунэнерго» МУП-м и унафэщIу щытар и лэжьакIуэхэм гурыIуауэ, хьэрычэтыщIэхэмрэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэмрэ Iулъхьэшхуэ къыIахауэ щытащ, къагъэсэбэпа электрокъарур хабзэм къемызэгъыу зэрагъэмэщIам папщIэ.
Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, 2019 гъэм щэкIуэгъуэм и I-м ирихьэлIэу, «Газпром межрегионгаз Налшык» ООО-м и дебитор щIыхуэр сом меларди 5-м щIегъу: цIыхухэм ятелъыр сом меларди 3,256-рэ мэхъу, IуэхущIапIэхэм - сом меларди 2,304-рэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыщагъэсэбэпа газымкIэ щIыхуэр псори зэхэту сом мелард 14-рэ мелуан 795-рэ мэхъу. 2019 гъэм и щIышылэ - жэпуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу цIыхухэм къагъэсэбэпа газым и процент 92,2-м уасэр щIатащ, хуабэ къэзыт IуэхущIапIэхэм ар процент 49,9-кIэ ягъэзэщIащ, бюджет IуэхущIапIэхэм - проценти 101-кIэ.
ЗэIущIэм республикэ унафэщIхэр щытепсэ­лъыхьащ лъэхъуэщым кърагъэкIыж цIыхухэр гъащIэм хэзэгъэжынымкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм.
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам къыщыпсалъэм къыхигъэщащ я IуэхущIапIэм, КъБР-м и МВД-м, Тезырхэр егъэпшынынымкIэ федеральнэ IэнатIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм зэгурыIуэныгъэ зэрызэращIылIар, суд зытращIыхьа, ауэ ямыгъэтIыса цIыхухэр медицинэ Iуэхутхьэбзэ хуэныкъуэмэ, апхуэдэуи афияным дихьэхахэм якIэлъыплъын хуей хъумэ зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ.
2019 гъэм и мазибгъум къаутIыпщыжащ цIыху 92-рэ. Абыхэм ящыщу афиянафэу цIыху 15 сымаджэщым и учётым ягъэуващ, зэраныгъэ къэзышэ наркотик лIэужьыгъуэхэр зэзыхьэлIа цIыху 25-м кIэлъыплъащ.
- 2019 гъэм ямыгъэтIысу тезырыр зыпшыныну суд зытращIыхьахэм я бжыгъэр цIыху 3I6-рэ мэхъу. Абыхэм ящыщу 44-р наркотикым дишэхауэ диспансер учётым ягъэуващ, профилактикэ и лъэныкъуэкIэ цIыхуи 121-м я нэIэ тетщ, - жиIащ къэпсэлъам. - КъищынэмыщIауэ, ВИЧ узыфэ яIэу къаутIыпщыжахэр цIыху 43-рэ мэхъу, цIыху 11-м адэкIэ зыкIэлъагъэплъыну СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ пэщIэтынымкIэ центрым зыхуагъэзащ, 3-м сымаджэщым зыщрагъэIэзащ. КъБР-м и УФСИН-м и къудамэхэм цIыху 11 къаутIыпщыжащ жьэн узыфэ яIэу, ахэр учётым ягъэуващ дохутырхэр къыкIэлъагъэплъыну. Психиатр дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэм, жылагъуэм зэран хуэхъункIэ шынагъуэ зиIэхэм щакIэлъоплъ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и «Психоневрологие сымаджэщ» къэрал IуэхущIапIэмрэ район сымаджэщхэм епхауэ лажьэ психиатр кабинети 9-мрэ.
КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алим жиIащ 2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу республикэм социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ и IуэхущIапIэхэм суд зытращIыхьа цIыху 34-рэ зэрыщыпсэур. Абыхэм ящыщу 27-м япэ, етIуанэ, ещанэ гупхэмкIэ ныкъуэдыкъуагъэ яIэщ.
- Дызэрыт илъэсым республикэм «ЛэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ центр» и къэрал IуэхущIапIэхэм лэжьыгъэ IэнатIэ къыхуагъуэтынымкIэ къадэIэпыкъуну зыхуагъэзащ лъэхъуэщым иса цIыху 27-мрэ суд зытращIыхьа цIыху 13-мрэ. Лэжьыгъэ IэнатIэ къагъуэтащ япэ гупым хиубыдэ цIыхуи 6-мрэ, етIуанэ гупым щыщу зымрэ, - дыщIигъуащ Асановым.
КъБР-м и УФСИН-м и унафэщIым и къуэдзэ Къанкъул Аслъэн зэрыжиIамкIэ, 2019 гъэм суд зытращIыхьа цIыху 350-м паспорт ямыIэу къыщIэкIащ. Федеральнэ бюджетым къыхэкIа ахъшэкIэ цIыху 3I9-м ядэIэпыкъуащ дэфтэрыр ягъэхьэзырынымкIэ.
- Гулъытэ ин зыхуэтщIхэм ящыщщ ягъэкъуэншахэм я щIэныгъэм дегугъунри. БлэкIа гъэ еджэгъуэм IуэхущIапIэхэм (ИК-1, ИК-2) епха курыт щколхэмрэ чэнджэщ щрат пунктхэмрэ (ИК-4, КП-5) суд зытращIыхьа цIыху 91-рэ щедгъэджащ. Гъэ еджэгъуэщIэм цIыхуи 131-м я еджэкIэм ди нэIэ тетынущ, - жиIащ абы. - Лъэхъуэщым икIыжа нэужь цIыхур гъащIэм хэзыгъэзэгъэжыр абы и IэщIагъэращи, центриплIымрэ Урысейм тезыр зытралъхьахэм егъэпшынынымкIэ и федеральнэ IэнатIэм епха еджапIэ №214-мрэ щрагъаджэ, IэщIагъэ 22-м тещIыхьауэ (дэрбзэр, пщафIэ, гъущI зэпызыгъавэ, н. къ.). Апхуэдэу 2018 - 2019 гъэхэм Урысейм и УФСИН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм я къуаншагъэр щагъэзэкIуэж и IуэхущIапIэхэм щыIэу IэщIагъэ зрагъэгъуэтахэм я бжыгъэр цIыху 620-рэ хъууэ щытащ. 2019 гъэм ягъэтIыса цIыху 422-рэ ирагъэджэнущ. Дызэрыт илъэсым ягъэкъуэнша цIыху 259-м зыхуагъэзащ социальнэ лэжьакIуэхэм IэнатIэ къыхуагъуэтынымкIэ, пенсэ зэрагъэпэщынымкIэ, пщIэншэу автобускIэ зэрызекIуэнымкIэ къадэIэпыкъуну. ЯгъэтIысахэр къыщаутIыпщыжым ират ахъшэ дэIэпыкъуныгъэр (сом 850-рэ) мы зэманым къаIэрохьэ цIыху 845-м. А Iуэхум мы гъэм текIуэдащ зы мелуанрэ мини 150-рэ.
Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, республикэм и районхэм IуэхущIапIэ хэхахэр щыIэщ суд зытращIыхьахэр щылэжьэну Iэмал яIэу. Иджыпсту апхуэдэ IуэхущIапIэхэм я бжыгъэр 339-рэ мэхъу, квотэкIэ абыхэм IэнатIэ 972-рэ къыщыдахауэ щытщ. Я къуаншагъэр зэрагъэзэкIуэж лэжьыгъэм ирашэлIауэ абыхэм щолажьэ цIыху 435-рэ, 537-р - зэпымыууэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, тезырыр япшына нэужьи, абыхэм я нэхъыбэр адэкIи а IуэхущIапIэхэм щылэжьэну къызэрынэр.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: