121-нэ къыдэкIыгъуэр яIэрохьэ

«Зыщ ди блэкIари, зыуэ щрет ди къэкIуэнури» псалъащхьэм щIэту «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» лъэпкъ газетхэм зэгъусэу ягъэхьэзыр номер зэхэтхэм я зи чэзу 121-нэ къыдэкIыгъуэр дунейм къытехьащ. Ар траухуащ а Iуэху щхьэпэр къызэрырахьэжьэрэ илъэс 30 зэрырикъуам. Адыгэ газетхэм я журналистхэр ириплъэжащ илъэс 30 хъу гъуэгуанэм, а Iуэхум нэхъ жану хэтахэм я цIэ къраIуащ.
Мы тхыгъэри а къыдэкIыгъуэм кIуэн хуеят, ауэ номерыр хьэзыр хъуа иужькIэ къызэрытIэрыхьам и щхьэусыгъуэкIэ идмывгъэувэу къэнащ. Апхуэдэу щытми, «Черкес хэкум» и редактор нэхъыщхьэм и псалъэр щIэджыкIакIуэхэм зэралъэIэсын нэгъуэщI IэмалыфIи щыIэщ - «Адыгэ псалъэм» и зи чэзу электрон къыдэкIыгъуэм апхуэдэ Iэмал къыдетри, ар къыдогъэсэбэп.

Къэрал Iуэху - лъэпкъ Iуэху

1989 гъэм бадзэуэгъуэм и 18-м къыдэкIа «Ленин нур» газетым и япэ напэкIуэцIым мыпхуэдэу дыкъыщоджэ:
«Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Нобэрей ди газет номерыр адрейхэм ящхькъым - ар ягъэхьэзыращ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым адыгэбзэкIэ къыщыдэкI газетищым я лэжьакIуэхэм икIи зэш областхэм, республикэм я гуащIэрыпсэухэм я IуэхущIафэхэм, псэукIэм теухуащ. Журналистхэм я мурадщ илъэс къэс мыпхуэдэ номер зэгуэт тIэунейрэ къыдагъэкIыну. Дыщогугъ ар щIыпIэ зырыз щыпсэу зэлъэпкъэгъухэр зым и псэукIэм адрейр щыгъуазэ щIыным, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэу бэм я духовнэ гъащIэм мыхьэнэ ин щызиIэ IуэхугъуэхэмкIэ зэчэнджэщыным, зэдэIэпыкъуным, зэдэпсэуным сэбэп хуэхъуну».
Мыпхуэдэ пэублэ псалъэм щIэту къыдэкIауэ щытащ зэкъуэш хэгъэгуищым я адыгэ газетхэм я япэ номерыр. Абы лъандэрэ псы куэд ежэхащ, гъащIэми къыщыхъуащ зэхъуэкIыныгъэ зэхуэмыдэхэр. Псалъэм папщIэ, абы щыгъуэм япэ номерыр зытета – «Ленин гъуэгу», «Социалистическэ Адыгей», «Ленин нур» газетищми я цIэхэр яхъуэжащ «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» фIэщыгъэхэмкIэ. А зэхъуэкIыныгъэхэми, зэрытщIэщи, щхьэусыгъуэ яхуэхъуар СССР-у щыта къэрал щэджащэр зэхакъутэжу коммунист гупсысэм къигъэщIа зэхэтыкIэр IэщIыб зэращIаращ.
Совет лъэхъэнэм и иужьрей илъэсищым къыдэхъуа, нобэрей Урысей къэралым и зэхэтыкIэм хэзагъэу лъэпкъ Iуэху зезыхуэ ди къыдэкIыгъуэ зэгуэтхэм ди хэгъэгухэр нэхъри зэрызэрашалIэм шэч хэлъкъым. Иужьрей пIалъэм къэунэхуа Интернет, телефон зэпыщIэныгъэхэм зэлъэпкъэгъухэр зэрызэрапхым и мызакъуэу, ди газетхэм я фIыщIэкIи нэхъ гупсэхуу дызэрощIэ, адыгэбзэм и къэпсэлъыкIэ зэхуэмыдэхэр нэхъ гурыIуэгъуэ тщохъу. Апхуэдэ зэпыщIэныгъэм ди лъэпкъым щыщ зэчиифIэхэр, хэкупсэхэр егъэгушхуэ, сыт и лъэныкъуэкIи ехъулIэныгъэхэм хущIэкъуным хуеунэтI.
Ауэ щыхъукIэ, ди къалэнщ хабзэ тхуэхъуа мы IуэхуфIым дяпэкIи зедгъэужьыну, лъэпкъым и зэкъуэтыныгъэм папщIэ тлъэкI къэдмыгъанэу дытелэжьэну.

ТХЬЭГЪЭПСЭУ Увжыкъуэ, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ
Поделиться:

Читать также: