Политикэ

Езым и гъуэгу иIэжщ

Дэ десэжащ  Венгриер сыт щыгъуи  и щхьэ хуитыжу къызэрыувым. Хэбгъэзыхьмэ, зыхэт Евросоюзым хэт псоми и Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм къащхьэщыкIыу. АрщхьэкIэ и тхыдэ гъунэгъум уриплъэжмэ, абы зы телъыджэ гуэри хэлъкъым. Венгриер социалист гупкIэм щисми апхуэдэу щытащ: ар дэтащ, жыпIэнурамэ, социализмэмрэ капитализмэмрэ я зэхуакум. Абы апхуэдэ политикэр къехъулIэрт езым и унафэщI Iущ Кадар Янош и акъылIыфIагъым и фIыгъэкIэ. 

Емылыджым хуэдэщ

Политикэм ухыхьэныр шы емылыджым ушэсыным ещхьщ: псынщIэу урихьэжьэнущ, ауэ икIи игъэузуи укъыхифIихуэжынущ. Мыбдеж уанэри сэбэп къыщыпхуэхъужынукъым. Ар уигу къокI зэгуэр цIэрыIуэ хъуауэ щыта къэрал унафэщI куэдым я къекIуэкIыкIамрэ я ухыкIамрэ ущегупсыскIэ. Дэ нобэ и гугъу тщIынущ абыхэм ящыщ де Голль Шарль. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж зэпеуэм зегъэужьыным щIэгъэкъуэн хуэхъунымкIэ щыIэ Советым хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м къыдигъэкIа Указ №163-УГ-м щIэгъэбыдам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

 Урысей Федерацэм и сенатор-Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къыбгъэдэкI лIыкIуэ Ульбашев М.М. 2023 гъэм и бжьыхьэ сессием зэфIигъэкIа лэжьыгъэм теухуауэ жиIахэм я IуэхукIэ
 

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

  Урысей Федерацэм ЮстицэмкIэ и министертствэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм 2023 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм и IуэхукIэ

Урысей Федерацэм ЮстицэмкIэ и министерствэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм и унафэщI Кужонов Ж. А. Урысей Федерацэм ЮстицэмкIэ и министерствэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм 2023 гъэм  Урысей Федерацэм ЮстицэмкIэ и министерствэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм зэфIигъэкIа лэжьыгъэм  теухуауэ жиIахэм хэплъауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

Дунейр чэзущ

Зэгуэр «ди къуэшу» щыта Польшэр ящыщщ Украинэм егъэщIылIауэ Урысейм и бийуэ нэхъ ткIийуэ къэувахэм. ЛIэщIыгъуэкIэрэ зэтрихьа, ауэ языныкъуэхэм деж щIауфэн хуей хъуа гужьгъэжьхэр къызэщIэрыуэжащ, щхьэусыгъуэ зэрагъуэту. Дауи, СССР-м, абы и унафэщI Сталин Иосиф зыми имыIысыжу къэна я къэралыр зэфIагъэувэжын папщIэ хуащIа псори ящыгъуэпщэжащ, иджы зэфIэува щытыкIэм Iэмал зэриIэкIэ фейдэ нэхъыбэ къызэрыхахынум хущIокъу. Къапщтэмэ, КъухьэпIэ Украинэр, Гамлициеу щытар, зыIэригъэхьэну и напщIэ телъщ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Унагъуэм и илъэсым зыщыхуэгъэхьэзырынымкIэ икIи ар щегъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитет зэтеухуэным и IуэхукIэ
«Урысей Федерацэм и Президентым «Унагъуэм и илъэс Урысей Федерацэм щегъэкIуэкIыным и IуэхукIэ» 2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 22-м къыдигъэкIа Указ №805-р гъэзэщIэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр къызэгъэпэщын мурадкIэ:
1. 2024 гъэм Унагъуэм и илъэсым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зыщыхуэгъэхьэзырынымкIэ икIи ар щегъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитет зэтеухуэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

Урысей Федерацэм и Президентым «Кавказ инвестицэ форумым и IуэхукIэ» 2023 гъэм фокIадэм и 18-м къыдигъэкIа унафэ №697-р гъэзэщIэным теухуа лэжьыгъэр къызэгъэпэщын мурадкIэ:

 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лIыкIуэхэр Кавказ инвестицэ форумым хэтыныр зэтеухуэным икIи ар егъэкIуэкIыным щIэгъэкъуэн хуэхъуным ехьэлIа IуэхухэмкIэ лэжьакIуэ гуп къызэгъэпэщын.

2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лIыкIуэхэр Кавказ инвестицэ форумым хэтыныр зэтеухуэным икIи ар егъэкIуэкIыным щIэгъэкъуэн хуэхъуным ехьэлIа IуэхухэмкIэ лэжьакIуэ гупым хэтхэр къэщтэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж псэукIэм и фIагъым хэгъэхъуэным ехьэлIа IуэхухэмкIэ щыIэ Советым теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лъэпкъ социальнэ жэрдэмыр щыпхыгъэкIын, щIыналъэ социальнэ мардэр щыхэпщэн, цIыхухэм я псэукIэм и фIагъым щыхэгъэхъуэн мурадкIэ унафэ сощI:

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж ПсэукIэм и фIагъым хэгъэхъуэным ехьэлIа IуэхухэмкIэ щыIэ совет къызэгъэпэщын;

2. Мыбы щIыгъухэр къэщтэн:

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Урысей Федерацэм и цIыхухэр 2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дзэ учётым пэщIэдзэу щыгъэувыныр къызэгъэпэщыным теухуауэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ

«Дзэм къулыкъу щащIэну я пщэ дэлъ къалэнымрэ дзэ къулыкъумрэ я IуэхукIэ» Федеральнэ законым ипкъ иткIэ унафэ сощI:

  1. Мы Указым щIыгъухэр къэщтэн:

Урысей Федерацэм и цIыхухэр дзэ учётым гъэувынымкIэ муниципальнэ районхэм, къалэ округхэм я комиссэхэм хэтхэр;

Страницы

Подписка на RSS - Политикэ