Жылагъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэм теухуа и хъуэхъу

ПщIэ зыхуэсщI си лэжьэгъухэ! Сигуми си псэми ­къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэмкIэ.
Нобэ фэ фи пщэ дэлъщ жэуаплыныгъэ ин зыпылъ ­къалэнхэр. Фэ лэжьыгъэм хувиIэ бгъэдыхьэкIэрщ зэ­лъытар цIыхухэм я псэукIэр зыхуэдэнур, экономикэм зэ­рызиужьынур, республикэр зэIузэпэщ зэрыхъунур, гъащIэр зэрефIэкIуэнур. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыпIэ самоуправленэмкIэ и къулыкъущIапIэхэм узыншагъэр егъэфIэкIуэным, егъэ­джэныгъэм, гъуэгухэм, щыIэкIэ-псэукIэм епха Iуэху­хэм, къуажэхэмрэ къалэхэмрэ заужьыным хуащI хэлъхьэныгъэр гъэ къэс нэхъыбэ мэхъу. 

БзаджащIэхэм закъевмыгъэгъапцIэ

Банк Нэхъыщхьэм къипсэлъыкI хуэдэу жаIэурэ цIыхухэм зыщыхуагъазэ, ахэр къыщагъапцIэ къохъу. Дауэ-тIэ бзаджащIэхэр къызэрыщIэвгъэщыфынур? 

Ветеранхэм гулъытэ хуащI

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэмрэ къэрал кIуэцIы­дзэхэмрэ я ветеранхэм я махуэм теухуа зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ОВД-мрэ ВВ-мрэ я ветеранхэм я советым. 

Ди лъахэгъухэр кърагъэблэгъэж

Тыркум щылажьэ кавказ хасэхэм я федерацэм ­(КАФФЕД) хэтхэр мы махуэ- хэм КИФЩI-м адыгэ зэрыс и республикэхэм щохьэщIэ. Ахэр дыгъуасэ ирагъэблэгъащ ­КъБР-м и Парламентым. Хьэ­щIэ­хэм яIущIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и унафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, Дунейпсо Адыгэ Ха­сэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.

ГъэпцIакIуэр яубыдащ

Урысей МВД-м Дзэлыкъуэ районым щиIэ къудамэм зыхуигъэзащ Дзэлыкъуэкъуажэ щыпсэу цIыхухъум. Абы зэрыжиIамкIэ, 2021 гъэм къэрал IэнатIэм лэжьакIуэ увыну мурад ищIат. ЦIыхухъум и къуажэгъум къыхуигъэлъэгъуащ Iэмал имыIэу зыхуеину дэфтэрхэр хузэхуихьэсыну, сом мини 100 иритмэ. Илъэсым къриубыдэу цIыхухъум «дэIэпыкъуэгъум» ахъшэ хуиутIыпщащ лэжьапIэ увын папщIэ Iэмал имыIэу зыхуеину тхылъхэр хузэригъэпэщын папщIэ.

Iуэхур щызэфIэмыхьэм, дзэлыкъуэдэсыр республикэм икIащ, ауэ къигъэзэжа нэужь хабзэхъумэ органхэм захуигъэзащ.

Налог щIыхуэшхуэ

УФ-м и Следственнэ комитетым и Следственнэ управленэу КъБР-м щыIэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху хэхахэр зэхэгъэкIынымкIэ и езанэ къудамэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ налогхэр тыным зэрызыпыIуадзым ехьэлIауэ.

КъызэрыщIагъэщамкIэ, 2019 - 2021 гъэхэм фирмэм и унафэщIхэм налог декларацэм дыщIагъуа уасэмрэ хэхъуэмрэ пэкIуэ налогым ехьэлIа хъыбар нэпцIхэр я финанс-хозяйствэ лэжьыгъэм кърикIуахэм къыщагъэлъагъуэри, сом мелуани 151-рэ налогыу ятакъым.

Iуэхур зэхагъэкI, апхуэдэуи бюджетым хамылъхьа налогхэр зэрырагъэпшыныжыным яужь итщ.

Зыкъамыту хэкIуэдащ

УФ-м и Следственнэ комитетым и Следственнэ управленэу КъБР-м щыIэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэм Iэщэ яIыгъыу къазэрыпэщIэувам теухуауэ.

Щыуагъэм щахъумэу

ЩIэпхъаджагъэ зрахьэу тутнакъэщым исауэ къикIыжахэм яIущIащ КъБР-и и УМВД-м и Жылагъуэ советым хэтхэр. Апхуэдэ зэIущIэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэрагъэпэщ, икIи тутнакъэщым къикIыжахэм йопсалъэ, аргуэру щIэпхъаджагъэ хэмыпщIэн папщIэ.

Мы зи чэзу зэIущIэр ирагъэкIуэкIащ УМВД-м деж щыIэ Жылагъуэ советым и унафэщI Бэгъуэт Хьэмидбийрэ управленэм и инспектор, полицэм и майор Энеев Ильясрэ.

Дэчыхыныгъэм кърикIуар

Фронтым ныбжьэгъу щызэхуэхъуат куржы щIалэ Куржорэ адыгэ щIалэ Тэркъанрэ. Зауэм узыпэмыплъа куэд къыщохъу. Мазэ хъуауэ зызэфIамыхауэ, я щыгъынхэр зэрамыхъуэкIауэ, ахэр тылым пIалъэ кIэщIкIэ къагъэкIуат тIэкIу загъэкъэбзэну. Тэркъан цыбэти, и щIыфэм хьэпIацIэ цIыкIу хищIагъэнут. Хуэмышэчыжыххэ щыхъум, абы сэххэм, блынхэм зыщихъуэрт. Абы бгъэщIэгъуэни хэлътэкъым - зауэр зауэт, псори арат.  Жэщ-махуэ ямыIэу бийм пэщIэт зауэлI тхьэмыщкIэхэм зыкIэлъыплъыжыну зэман дэнэт къыздрахынур? Арати, цIэ мыгъуэжьыр етауэ псори гугъу иригъэхьырт, гъэкIуэдыпIи ямыIэу.

Мыщэ хужьхэр гугъу езыгъэхьыр

США-м и Геологие IуэхущIапIэм и щIэныгъэлIхэм мазитI ипэ къахутат и пIэм имызагъэу, псэупIэщIэ лъыхъуэу къэзущыхь мыщэ. И кIэм-икIэжым мыщэр къэмыувыIэу махуи 9-кIэ псым есащ, зытеувэн щIымыл имыгъуэту. ЩIыуэпс насыпыншагъэм, псэущхьэхэр гугъу зэрыригъэхьым и зы щапхъэ къудейуэ аращ ар.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ