|
Жылагъуэ
26 февраля, 2024 - 09:16
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къулейщ зи цIэр фIыкIэ жаIэ IэщIагъэлIхэмкIэ, щIэныгъэлIхэмкIэ, лэжьакIуэшхуэхэмкIэ. Щоджэн Аслъэнбэч зи гуащIэ и шхыгъуэ ихуэу, и хэкум хуэпэжу, лэжьыгъэм хуэIэкIуэлъакIуэу псэуа цIыху щыпкъэщ, щIэныгъэлI лъэрызехьэщ. Ар 1936 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м Тэрч куейм хыхьэ Плановскэ къуажэм къыщалъхуащ. 1954 гъэм абы къиухащ Налшык къалэ дэта республикэ школ интернатыр.
25 февраля, 2024 - 07:11
«Урысей географие зэгухьэныгъэм» хыхьэ «Альтаир» ныбжьыщIэ хасэм илъэс къэс къызэригъэпэщ щIымахуэ зекIуэхэм ящыщщ иджыблагъэ щIалэгъуалэм кърахьэлIа пэхуэщIэр (проек-тыр). НыбжьыщIэ хасэм хэтхэм Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу, 1942 - 1943 гъэхэм Кавказыр хуит къыщащIыжым Хэку зауэшхуэм зи щхьэр хэзылъхьа лIыхъужьхэм папщIэ бгыщхьэм фэеплъ пхъэбгъу щагъэуващ. ЩIалэгъуалэр метр 2879-рэ хуэдизкIэ щIыгум щхьэщыIэтыкIа Инал сэнтхым и щIыпIэ нэхъ лъагэ дыдэм кIэрыхьащ. Ар Къуршытхым хыхьэж тхыцIэхэм ящыщщ.
24 февраля, 2024 - 12:09
Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр ефIэкIуэным и Iыхьэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ медицинэ IуэхущIапIэхэр зыхуэныкъуэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщыныр. Абы и лъэныкъуэкIэ республикэм Iуэху пыухыкIахэр щрагъэкIуэкI.
24 февраля, 2024 - 07:03
ЛIыхъужьыгъэ нэсрэ хахуагъэ инрэ зыхэлъ, захуагъэмрэ пэжымрэ зи гъуэгугъэлъагъуэ икIи абыхэм я телъхьэ лъэпкъ уардэущ адыгэхэр дуней псом игъащIэми къызэрыщацIыхур. Лъэпкъыр зэрыщыIэрэ гъуэгуанэшхуэ къикIуащ, гугъуехьрэ гуауэ куэдрэ игъэващ, иIащ дэрэжэгъуэ щигъуэт, гуфIэгъуэшхуэм щызэщIищтэ зэманхэри. Зыщыпсэу лъэхъэнэм емылъытауэ, адыгэхэр ноби цIэрыIуэщ яхэлъ хабзэ екIумкIэ, лъэпкъ хьэлкIэ зэджэ фIыгъуэхэмкIэ.
23 февраля, 2024 - 10:59
Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу, къэралым и щIыналъэ псоми щызэхашэ зэIущIэ, зэпеуэ, гъэлъэгъуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм ящыщ зыуэ Налшык щекIуэкIащ зауэлI-интернационалистхэм яхуэгъэза пшыхь гукъинэж.
23 февраля, 2024 - 09:58
«Антарес» центрым и пщIантIэм егъэджэныгъэм епха IуэхущIапIэу республикэм итхэм автобусыщIэу 11 щратащ. Ахэр яIэрыхьащ Налшык, Прохладнэ, Дзэлыкъуэ, Тэрч, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм я школхэм.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Урысейм ит школхэм автобусхэр иратыныр зи унафэр Президент Путин Владимирщ. Зэман зыбжанэ ипэкIэ къэралым и лIыщхьэр муниципальнэ щIыналъэхэм я унафэщIхэм щахуэзам щыгъуэ, «Школ автобус» программэр адэкIи ягъэлэжьэну унафэ къащтауэ щытащ. Абы ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыIэрыхьакIэщ школ автобус 231-рэ.
23 февраля, 2024 - 08:57
«Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ школыщIэ къыщызэIуаха Прохладнэ, Сэрмакъ къуажэхэм щыпсэухэм ехъуэхъуащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
23 февраля, 2024 - 08:18
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
23 февраля, 2024 - 07:54
Прохладнэ, Тэрч, Аруан, Лэскэн, Шэджэм, Шэрэдж, Эльбрус муниципальнэ центрхэм я амбулаторэхэм, Налшык дэт къалэ поликлиникэхэм, Балъкъэр Ипщэ къуажэм дэт сымаджэщым КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ яритащ санитар лэжьыгъэр зэрырагъэкIуэкIыну автотранспортыщIэу 25-рэ. Ахэр къагъэщхьэпэнущ дэIэпыкъуэгъу псынщIэхэмрэ икIэщIыпIэкIэ здэкIуэн хуей Iуэхухэмрэ папщIэ.
Страницы
|