|
Жылагъуэ
29 января, 2024 - 11:26
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIащ 2023 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэр щызэхалъхьэжа, дызыхыхьа лъэхъэнэм къапэщыт къалэнхэр щаубзыхуа зэIущIэ зыубгъуа. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
29 января, 2024 - 11:23
Пащтыхь тажышхуэр лIэщIыгъуэрэ ныкъуэкIэ Урысейм и пащтыхьыгъуэм и дамыгъэ нэхъыщхьэу екIуэкIащ. Ар 1762 гъэм ящIауэ щытащ, Екатеринэ II тетыгъуэр щиубыдым ирихьэлIэу. Пащтыхь гуащэр тахътэм щитIысхьэкIэ щхьэратIэгъэну тажым елэжьащ лъэпкъкIэ франджы дыщэкI Позье Меремирэ швейцар Экарт Георг Фридрихрэ. Ахэр Урысейм щыпсэурт, а зэманым къэралым и дыщэкI нэхъыфI дыдэуи къалъытэрт. Пащтыхь тажышхуэр щIыным кIэлъыплъыну ягъэуващ пащтыхь гуащэм и секретарь Бецкой Иван.
29 января, 2024 - 11:14
Мы гъэм илъэсищэ ирикъу «Советский спорт» газетыр зэгуэр цIэрыIуэ дыдэу щытащ. Ауэ ар зыми игъэлъэпIэну фэ теткъым. Пэжщ, иджыри къыдэкIыу жаIэ арщхьэкIэ щапIэхэм щыплъагъужыркъым. Сыту пIэрэ къызыхэкIар?
Зэуэ жытIэнщи, 1924 гъэм бадзэуэгъуэм и 20-м къыдэкIын щIэзыдза «Красный спорт» газетым («Советский») щыхъуар 1946 гъэм гъатхэпэм и 19-рщ) ипэкIэ илъэситIкIэ къыдэкIащ «Известия спорта» жыхуиIэр, арщхьэкIэ тхыдэм къызэрыхэнар иужьрей фIэщыгъэр иIэущ.
29 января, 2024 - 07:50
1950 гъэм щегъэжьауэ Кэнжэ къуажэм щылажьэ амбулаторэр здэщыIэ унэжьым и пIэкIэ щIэ щаухуэ. Мыбы я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъыфынущ абы къепхауэ жылэм дэс цIыху мини 9-м щIигъум, икIи зы лэжьгъэу махуэм къриубыдэу цIыху 76-м хуэдизым щеIэзэну яхузэфIэкIынущ. Абы нэмыщI, махуэкIэ цIыхухэм я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъу, хущхъуэхэр ирахьэлIэу щIэлъынухэм папщIэ гъуэлъыпIэ 12 щIагъэувэнущ.
29 января, 2024 - 07:43
Бгырыс цIыхухэм я дежкIэ сыт хуэдэ лъагагъэри къэгъэIурыщIэгъуейкъым. Къапщтэмэ, Iуащхьэмахуэ и жьэгъущIэсхэмкIэ гугъуехьышхуэ пылъкъым къурш щыгум нэсыным. Сыту жыпIэмэ, абыхэм фIыуэ ящIэ къуршхэм шынагъуэншэу зэрыщызекIуэну хабзэхэр. Арагъэнщ дуней псом щынэхъ лъагэ Эверест къуршым Кавказым, псом хуэмыдэу ди республикэм, щыщу зезыпщытхэм я бжыгъэм иужьрей илъэсхэм къыщIыхэхъуэр. АтIэ сыт хэтщIыкIыр а лъагапIэм и щэхухэм.
28 января, 2024 - 12:27
Тэтэрстан Республикэм и вице-премьер Шайхразиев Василий зи пашэ къулыкъущIэ гуп лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэкIуащ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ лIыкIуэхэм я пашэм икIи ди щIыналъэхэр зэрызэдэлэжьэнум тепсэлъыхьащ.
28 января, 2024 - 11:13
ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и щIэныгъэ журналым 2023 гъэм и 4-нэ къыдэкIыгъуэр дунейм къытехьащ. Абы итщ математикэмкIэ, биологиемкIэ, тхыдэмкIэ, философиемкIэ тхыгъэ купщIафIэу щIэныгъэлIхэм ягъэхьэзырахэр.
28 января, 2024 - 11:01
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ Урысей студентыгъуэм и махуэр.
28 января, 2024 - 09:00
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ республикэм щIымрэ мылъку IуэхухэмкIэ и министр Тэхъу Аслъэн. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ IэнатIэр 2023 гъэм зэрылэжьамрэ къэкIуэну лъэхъэнэм я мурадхэмрэ.
Страницы
|