Жылагъуэ

Хущхъуэгъуэр щIыуэпсым хэлъщ

Илъэс мин бжыгъэкIэ цIыхур кIэлъыплъащ щIыуэпсым, къэкIыгъэхэм, удзхэм, ахэр цIыхум сэбэп е зэран зэрыхуэхъу щIыкIэм. Ауэрэ къэунэхуащ цIыхубэ медицинэ жыхуэтIэжыр.

Афган зауэм теухуауэ

1979 гъэм и дыгъэгъазэм советыдзэр Афганистаным ихьащ, а къэралым и унафэщIхэм я лъэIукIэ. ЖаIэрт а зауэр илъэс нэхъыбэ емыкIуэкIыну, ауэ илъэсипщIкIэ зиукъуэдиящ а гузэвэгъуэм, советыдзэр Афганистаным къыщрашыжари 1989 гъэм мазаем и 15-рщ.

Ветеранхэм я гум къинэжа а махуэ лъапIэм ирихьэлIэу дигу къэдгъэкIыжынщ (е фыщыдгъэгъуэзэнщ) афган зауэм теухуа гуэрхэр.

Дахэу гушыIэрт нэхъыжьыфIхэр

                    Хэтлъхьаи хэтхаи щымыIэу, дигу къыдогъэкIыж нэхъыжь Iумахуэхэм я гушыIэу зэхэтхахэм щыщ. Жэрдэм фщIырэ фэри къыпыфщэмэ, ди гуапэщ.            

Совет Союзым и зэманыгъуэм уи Iэпщэ къару зыхэлърат лэжьыгъэ тэмэму къалъытэр. Артистхэм, пшынауэхэм, къэфакIуэхэм, уэрэджыIакIуэхэм къэралым улахуэ щIаритыр цIыху къызэрыгуэкI куэдым ягъэщIагъуэрт икIи къагурыIуэртэкъым.

 Апхуэдэ зэмант. Зы хьэгъуэлIыгъуэ Iэнэ лIыжь гуп здэщысым тIысыпIэ къыщылъысат ди республикэм ис щIалэгъуалэхэм фIыуэ яцIыху зы уэрэджыIакIуэм.

Iэпкълъэпкъым и щыуагъэ

Сабийм и Iэпкълъэпкъым ныкъусаныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр иIэу дунейм къыщытехьэ щыIэщ. Абыхэм ящыщщ пщэ Iушэр, тхыцIэ зэмыпцIар, Iэпхъуамбэ, лъэпхъуамбэ лейхэр, кIапэ зыпытхэр, гидроцефалиер, нэгъуэщIхэри. Сыт ахэр къызыхэкIыр, щхьэ ныбэрылъым и Iэпкълъэпкъым апхуэдэ ныкъусаныгъэхэр игъуэтрэ?

Гъуэгур зыхуей хуагъазэ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэфIагъэкI Iуэхугъуэхэм хыхьэу мыгувэу зэрагъэпэщыжынущ Тэрч къалэм къыпекIуэкI гъуэгур.

ЩIыналъэм хъарзынэу щолажьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и Унэм иджыблагъэ щызэIущIащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис, «Урысеймэкъумэшбанк» АО-м и унафэщIым и чэнджэщэгъу Филимонов Георгий, Банкым и щIыналъэ къудамэу республикэм щыIэм и тхьэмадэ Сокъур Алим.

Зызыужьхэм ядоIэпыкъу

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къыхилъхьа «Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ, уней хьэрычэт щIэн жэрдэмхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЩIыналъэ инжиринг центрым республикэм и IуэхущIапIэхэм инженер-чэнджэщ IуэхутхьэбзэхэмкIэ къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр ярет, зэрызаужьыну щIыкIэм, къыщIагъэкI продукцэмрэ ахэр зэрылажьэ технологиехэмрэ егъэфIэкIуэным, щIэуэ щыIэхэр хэпщэным, къалъыкъуэкI ныкъусаныгъэхэр гъэкIуэдыным, лэжьыгъэ IэнатIэр зегъэкIуэным хуэгъэпса Iэмалхэр фейдэ хэлъу къагъэсэбэпа зэрыхъуным, нэгъуэщIхэми ехьэлIахэмкIэ защIегъакъуэ. 

ЩIыуэпс хъыбархэр

•Урысейм илъэсым къриубыдэу кIэрыхубжьэрыху тонн меларди 5 щызэхуахьэс, икIи ар зыхуей хуигъэзэжыну хузэфIэкIыркъым къэралым. А бжыгъэм щыщу зэлэжьыжыр проценти 8-ращ, адрей 92-р зэтофыхьри зэтелъщ. Къыхэгъэщыпхъэщ УФ-м и щIым щыщу кIэрыхубжьэрыхум гектар мелуани 4 зэриубыдыр, абыи къызэрыщымыувыIэнур. 

Къэрал дэIэпыкъуныгъэ щагъэщIэнукъым

Урысей Федерацэм и Президентым къыхилъхьауэ, УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Белоусов Андрей и нэIэ щIэт «Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ, уней хьэрычэт щIэн жэрдэмхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым а IэнатIэм щылажьэхэм къэрал дэIэпыкъуныгъэу сом мелуан 200,8-рэ нэгъабэ къыхуаутIыпщащ. 

Щыхь къуэлэнхэм заужьыж

Ижь-ижьыж лъандэрэ тхыдэтххэм, тхакIуэхэм, усакIуэхэм  яфIэтелъыджэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр цIэрыIуэ зыщIар и щIыуэпс дахэращ.  Пэжу, тхыдэ щхьэхуэ зиIэ щIыпIэхэмкIэ, къэкIыгъэ, псэущхьэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ къулейщ ди хэкур. Арами, ди щIэныгъэлIхэм яIэщ щIыуэпсым ехьэлIа гукъеуэ гуэрхэр. Абыхэм ящыщщ щыхь къуэлэн лъы къабзэ зэрамыгъуэтыжыр. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ