Жылагъуэ

ПщыIэпщокъуэ Къазий

Къазий теухуауэ Нэгумэ Шорэ мыпхуэдэу итхыжауэ щытащ: «Темрыкъуэ дунейм ехыжа нэужь, абы и къуэрылъхухэу Къэбэрдеишхуэр зыIэщIэлъа Къазийрэ, Джылахъстэнейр зыIэщIэлъа Щоджэныкъуэрэ, езыхэр зэгурымыIуэми, я адэжьхэм урысхэм хуаIа щытыкIэм тету псэуащ». Ауэ ар пэжкъым. Пщыхэм теухуауэ цIыхухэм къаIуэтэж хъыбархэр зэтехуэтэкъым, арауэ къыщIэкIынущ Шорэ щызыгъэуари.

IэщIагъэлIхэмкIэ зэпэщынущ

«Къуажэ дохутыр» программэмкIэ мы илъэсым республикэм медицинэ лэжьакIуэу 26-рэ IэнатIэкIэ къыщызэрагъэпэщынущ.

Анэдэлъхубзэм сабийр егъафIэ

Филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым инджылызыбзэмкIэ кафедрэм и унафэщI Дзасэжь Ларисэ студентхэм еджэныр щIэщыгъуэ ящещI, и IэнатIэм гурэ псэкIэ пэрытщ.

Зэрамыгугъауэ жыджэру къыщIэкIащ

«Урысейм щащIащ» фестиваль-жармыкIэр Ляонин хэгъэгум и къалащхьэ Шэньян Iэтауэ къыщызэIуахащ икIи щIэупщIэшхуэ иIэу мы махуэхэм щокIуэкI. Япэ махуэм Китайм зыкъыщигъэлъэгъуащ Амур областым щыщ «Карусель» ансамблым. Лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм кърагъэкIыу абыхэм жаIащ «Калинка», «Подмосковные вечера» урыс уэрэдхэр. 

ЗэманкIэ укъызэмытхьэкъу

Мы фхуэсIуэтэжыну хъыбарыр къэхъупа Iуэхугъуэщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, зэман мымащIэ абы лъандэрэ дэкIами, къызыщыщIам и цIэр къидмыIуэм нэхъыфIщ. Си зы цIыхугъэ щIалэ лъэIукIэ зыкъысхуигъэзащ ди зы къуажэ пхыдза и зы хозяйствэ си машинэмкIэ сшэну. Сэри куэд щIауэ сцIыхут, и унагъуи мызэ-мытIу сихьати, схуэгъэщIэхъуакъым.

Шордакъ гъуэгухэр щызэрагъэпэщыжынущ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэхэр зэпызыщIэ гъуэгухэм я фIагъым хэпщIыкIыу хэхъуащ, щIыпIэ-щIыпIэкIэ щыIэ щыщIэныгъэ куэд зэрагъэзэхуащ. ЦIыхубэм деж щекIуэкIа щIэупщIэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, гъуэгухэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ къэралым щекIуэкI лэжьыгъэмкIэ цIыхубэм я нэхъыбэр арэзыщ. ЗэхъуэкIыныгъэхэр зэрекIуэкIым, гъуэгухэр хэпщIыкIыу зэрефIакIуэм, цIыху зэхэзекIуапIэхэмрэ машинэ зэхэзежапIэхэмрэ дамыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ техникэ IэмалхэмкIэ зэрызэщхьэщагъэкIым гу лъымытапIэ иIэкъым.

Iуэхугъуэхэм хэплъащ

КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщI Мусуков Алий Iуэхугъуэ щхьэ­хуэхэр щызэпкъраха зи чэзу зэ­IущIэ иригъэкIуэкIащ. 

«Къэрэхьэлъкъыр» зи къежьапIэ

Илъэси 100 ипэкIэ, 1924 гъэм ма­заем и 3-м, дунейм къыте­хьащ нобэрей «Адыгэ пса­-лъэр» къы­зытехъукIыжа «Къэ­рэ­хьэлъкъ» газетым и япэ номе­рыр. 

Налшык щызэIуощIэ

Иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм  хыхьэ щIыналъэхэм лэжьыгъэмкIэ я къэрал инспекцэхэм я унафэщIхэм я зэIущIэ. Ахэр тепсэлъыхьащ КИФЩI-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я IуэхущIапIэхэм лэжьапщIэмкIэ ятелъ щIыхуэхэмрэ, ахэр зытегъэкIыжа зэрыхъуну щIыкIэхэмрэ.

Мультфильмхэр

Мультфильмхэр занщIэу тыншу трахакъым, атIэ абы епха ехъулIэныгъэхэр хуэм-хуэмурэ зэтраублащ. Пэжщ, абы тхыдэ иIэщ. Мультфильм техыным къыгуэхыпIэ имыIэу епха анимацэ къыфIэщIыныгъэ жыхуэтIэр япэ дыдэу къигупсысащ Франджым щыщ Рогет Пауль. Ар къыщыхъуар 1828 гъэрщ. Абы папщIэ Рогет къигъэсэбэпащ зы лъэныкъуэмкIэ бзу сурэт, адреймкIэ бзу хъар къыщыгъэлъэгъуа диск. Дискыр ягъэкIэрахъуэрти, мультфильмым еплъхэм къыфIагъэщIырт бзур хъарым ису.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ