Жылагъуэ

ГъащIэ насыпыфIэм, зэIузэпэщым и лъабжьэ

1950 гъэм щегъэжьауэ Узыншагъэм и дунейпсо махуэр мэлыжьыхьым и 7-м ягъэ­лъапIэ. Апхуэдэ махуэ щIыхахам и щхьэусыгъуэ нэхъыщ­хьэр я узыншагъэм гулъытэш­хуэ хуащIын зэрыхуейр  цIы­ху­хэм ягурыгъэIуэнырщ, ар егъэ­фIэкIуэнымкIэ зэ­фIэхыпхъэхэр убзыхунырщ.

Урысейпсо олимпиадэм и щIыхькIэ

Урысейм и телевизионнэ радиовещательнэ сетым и Къэ­бэрдей-Балъкъэр радиотелевизионнэ центрым Налшык и телечэщанэр мэлыжьыхьым и 5-м щхъуэкIэплъыкIэу къы­зэщIигъэблащ. 

АфIэунэхэ я унагъуэ дахэр

Сабий гъэсапIэ №8-м и унафэщI АфIэунэ Дадий КъБР-м и Iэтащхьэм къыхуигъэфэщащ «Анэм и щIыхь» медалыр.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

2024 гъэм мэлыжьыхьым и 10-р щымылажьэ махуэу гъэувыным и IуэхукIэ 

«Я фIэщхъуныгъэр зыхуэдэнур езыхэм яубзыхужынымкIэ яIэ хуитыныгъэмрэ дин зэгухьэныгъэхэмрэ я IуэхукIэ» 1997 гъэм фокIадэм и 26-м къащта Федеральнэ закон №125-ФЗ-м и 4-нэ статьям и 7-нэ пунктым тету, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм зэрызыкъытхуигъэзам ипкъ иткIэ НэщIикIыж хьид махуэшхуэм теухуауэ унафэ сощI

2024 гъэм мэлыжьыхьым и 10-р Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щымылажьэ гуфIэгъуэ махуэу щыгъэувын.

Иджырей Iэмалхэм я зэфIэкIыр

ТехнологиещIэхэм я фIыгъэкIэ щIэныгъэлIхэм я зэфIэкIым хэхъуэ зэпытщ. Илъэс тIощIырыпщI ипэкIэ фIэщщIыгъуейуэ къащыхъуу щыта куэдым нобэ йоплъ дэтхэнэ зы Iуэху къызэрыгуэкIми хуэдэу. Зыужьыныгъэм и Iэужьыр гъащIэм и лъэныкъуэ  псоми зэрынэсыр нэрылъагъу тщызыщI щапхъэ дапщэ дыщрихьэлIэрэ ди хъуреягъым.

Дахагъэр зыхъумэ IэщIагъэ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым дизайнымкIэ и колледжым «Щэнхабзэ щIэинхэр зэгъэпэщыжын» («Реставрация») унэтIыныгъэмкIэ IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ зэзыгъэгъуэт и еджакIуэхэр иджыблагъэ Iуэхугъуэ дахэ хэтащ. Лапхъэмрэ пхъэмрэ къыхэщIыкIа щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр зэрахъумэ щIыкIэхэм, зэман кIыхьымрэ дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсымрэ я ягъэ зэкIа IэщIагъэхэр зэрызэрагъэпэщыжым теухуа, практикэ мыхьэнэ зиIэ лекцэ зыбжанэ еджакIуэхэм къахуеджащ Урысейм и щэнхабзэ щIэинхэр зэгъэпэщыжынымкIэ зэгухьэныгъэм хэт IэщIагъэлIхэр.

Сом мелуаным щIигъу хэщIыныгъэ

Урысей МВД-м   Лэскэн районым щиIэ къудамэм,   Урысей ФСБ-м и Упаравленэу КъБР-м щыIэм  я лэжьакIуэхэм, Урысей гвардием и щIыналъэ управленэм  и зауэлIхэр ящIыгъуу  Аргудан къуажэм  и  мэзылъэм    щаубыдащ  илъэс 36-рэ зи ныбжь, щIыпIэм щыпсэур,  къуэкIыпIэ бжей мэз жыгхэр ириупщIыкIыу.    
ЦIыхухъум зэрыжиIамкIэ, абы ар игъэхьэзырт и хуабэщхэр иригъэплъын папщIэ.  КъБР-м щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм   къызэрилъытамкIэ, абы къыхэкIыу  къэралым сом мелуан 1,1-рэ хэщIыныгъэ игъуэтащ.   

ЦIыхухэм яIущIэнущ

Урысей МВД-м КъБР-м щиIэ и управленэм и Жылагъуэ советым хэтхэр цIыхухэм яIущIэнущ. Абы щыхэплъэнущ къэрал кIуэцI органхэм я къалэнхэр зэрагъэзащIэм, хабзэхъумэхэмрэ жылагъуэмрэ я зэгурыIуэныгъэр гъэбыдэным теухуауэ лэжьыпхъэм. 

ЩIалэгъуалэр Iейм щахъумэу

Налшык къалэ полицэм и 2-нэ къудамэм и лэжьакIуэхэмрэ УМВД-м и Жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэрэ КъБР-м и колледжитIым щеджэхэм яIущIащ, экстремизмымрэ терроризмымрэ щымыгъэIэнымкIэ епсэлъэну.

«УхуакIуэхэм» я колледжымрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр автодорожнэ колледжымрэ» я студентхэм щахуэзам хабзэхъумэхэр тепсэлъыхьащ экстремизмымрэ терроризмымрэ щымыгъэIэнымкIэ, афияныр зэIэпыхыным пэщIэтынымкIэ, интернетым къыщекIуэкI гъэпцIагъэмрэ щIэпхъаджагъэмрэ щIалэгъуалэм щыхъумэнымкIэ лэжьын хуейм.

НэхъыфIыр зэхагъэкI

 

Къэбэрдей-Балъкъэрым иджыблагъэ щыхэплъэжащ Дунейпсо кооперацэмрэ экспортымрэ IэнатIэм щылажьэхэм «Илъэсым и экспортёр нэхъыфI» саугъэтыр къахьыным хуэунэтIауэ екIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэм кърикIуахэм. Абы хэтащ республикэм щатха икIи щылажьэ хьэрычэт  IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ хыхьэ IуэхущIапIэхэр.

         Зэхьэзэхуэм къыщапщытэжащ «Илъэсым и экспортёр нэхъыфI» саугъэтым щIэбэнахэм 2023 гъэм и щIышылэм щегъэжьауэ дыгъэгъазэм и 31-м пщIондэ зэфIагъэкIамрэ а лэжьыгъэм кърикIуамрэ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ