|
ЩIалэгъуэ
26 февраля, 2024 - 09:00
КъухьэпIэ Кавказым и псы нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ Лабэ. Абы и тIуащIэхэу Лабэшхуэрэ Лабэ ЦIыкIурэ зыдэтхэр щIыпIаплъэхэм къызэрагъэунэхурэ куэд щIащ.
19 февраля, 2024 - 11:30
«ЩIыпIэцIэхэр фэеплъщ ахэр къыщызэтена щIыналъэхэр зи хэщIапIэу щыта лъэпкъхэм я дежкIэ», - щитхыгъащ географие щIэныгъэхэм я доктор Мурзаев Эдуард «Географие в названиях» и тхылъ купщIафIэм и напэкIуэцIхэм ящыщ зым.
9 февраля, 2024 - 07:55
Дызыхиубыдэ къэщIыгъэ абрагъуэу «Вселеннэ» зыфIащар арами, абы хуагъадэ адрей нэрымылъагъухэр арами, къэухь иныщэу иIэу зыхужаIэр цIыху къарукIэ зэлъэгъэIэсыным зэману текIуэдэнур дызэрыщымыгугъауэ мащIэ дыдэ щIынымкIэ хьэршым къыщахута Iэмалхэм я нэхъ пажэу астрофизикхэм мы зэманым къызэдалъытар «кротовая нора» («щIыIуб нэфым и гъуэ» е «хьэмбылу зэпрыщыпIэ») цIэр зытрагъэIукIа къэщIыгъэ телъыджэрщ.
«Мащэ хужькIи» йоджэ
31 января, 2024 - 11:12
ЦIыхум зыхуейуэ зримыгъэхъулIэфын зэрыщымыIэм, зэуэ Iэджэм и Iэ къызэрыпекIуэкIынум и щыхьэтщ мы тхыгъэр зытеухуа бзылъхугъэ цIыкIум хузэфIэкIыр.
23 января, 2024 - 11:41
Мэкъуашэ - Бырхьэм Заирэ дыщэкIщ, дэрбзэрщ.
16 января, 2024 - 12:27
Динэ фIы дыдэу илъагъурт и къупщхьэгуащэр. ЦIэуэ фIищари Гуащэдинэт. Ар и гупэ щыхэлъым деж, жэщ псом пщыхьэпIэм хэту къепсалъэрт. Хьэлэмытырати, гуащэр куэдым щIэупщIэрт. Нэхъ хьэлэмытыжырати, сыткIэ къемыупщIами, езы цIыкIуми абы жэуап иритыжын хуей хъурт.
Апхуэдэурэ Динэ и Гуащэдинэр жьы къыIэщIэхъуащ.
Зэгуэрым нанэ жьыщIэу, дадэ Iуэр къигъэкъабзэу, Муратрэ Динэрэ пщIантIэр къыздапхъэнкIым, «къегъазэт а шкIащIэ нажэм, сипхъу цIыкIу!» - жиIащ дадэ.
27 декабря, 2023 - 13:20
Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм Анетэ цIыкIу и анэшым къэкIуауэ щыIэт. Гъэ еджэгъуэр «тху» защIэкIэ къэзыуха цIыкIум Iыхьлыуэ иIэр щыгуфIыкIынтэкъэ? Псори щыгуфIыкIащ. «Феплъыт ди хъыджэбз цIыкIум и оценкэхэм», - жаIэу зэIэпахырт абы къалэм къыздриха и дневникыр.
18 декабря, 2023 - 12:25
Урысей Федерацэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я закъуэ мыхъуу мы ЩIы хъурейм адыгэу тетым я нэгур нэху, я гур ин мэхъу, ди спортсменхэр дунейпсо зэхьэзэхуэхэм щыщытекIуэкIэ.
16 декабря, 2023 - 14:13
Уахэ жыжьэм зыщызымыгъэпщкIуу астрономхэм гу зылъата къэщIыгъэхэм ящыщу я нэхъ шынагъуэ дыдэу къалъытар «квазаркIэ» зэджэхэрщ («квази» - латин псалъэщ, «ещхь» жыхуиIэщ).
Абы щыгъуэми, «Квазар» фIэщыгъэр а щIэныгъэлIхэм псалъэ зэхэухуэнэкIэу тIум: «quasi-stellar» («вагъуэм ещхь») жыхуиIэмрэ «radio source» («гуащIащэу радио-хысыджхэр къызыпкърыкI») мыхьэнэм хуагъакIуэмрэ къызэдыхахащ.
Апхуэдэ цIэ зэхэткIэ астрономхэр «зыхуэупсар» 1950 гъэм хьэршым гу зыщылъата, и зэщIэпщIыкIэкIэ зыми емыщхь къэщIыгъэ телъыджэрщ.
Страницы
|