ЩIалэгъуэ

 «Адыгэхэр къокIуэ!»

    МахуитI енкIэ, къуакIи-бгыкIи къызэднэкIыу, дызыхуэкIуэм зызэрихъуэкIыу, дыздынэс къыдэIэфIэкIыу, джабэ бгъуэщIкIэ цIыху зэрымыс губгъуэ дыпхрыкIри, бгыщхьэ аранэхэр зи плъапIэ, абыхэм я щIыб къыдыхьэныр зи гуращэ гупыр ещанэ махуэм сэнтх гуэрым дыщхьэщыхьащ.
Фышт бгыжьым дыхуэкIуэу
Iуащхьэ лъащIэ бгыщIэри, адэкIэ къыщылъ хуейри пхуэмыIуэтэщIын хуэдизу дахащэт, узыIэпызышэт. Щыгъуазэ зызыхуэтщIа гъуэгугъэлъагъуэ картэхэм къыдагъэлъэгъуат, зекIуэ лъагъуэм дыкъытемыкIмэ, Щхьэгуащэ псыхъуэм и пщэдыкъ аргуэру зэ бгыщхьэхэмкIэ дызэрыщыдыхьэжынур.

Къыр дзакIэм и зыгъэзэкIэ

Мывэ скъар абрагъуэу ЩIым къыхуэблагъэм, къызыхэкIар къахуэмыщIэу, лъэныкъуэкIэ зигъэзащ.

Рубик и кубикыр

1974 гъэм Венгрием щыщ инженер, дизайнер егъэджакIуэ Рубик Эрно и студентхэм къагуригъаIуэрт математикэ нэхъыщхьэм и зы Iыхьэ. Студентхэм дерсыр къайгугъуэкIырт. Рубик мурад ищIащ зытепсэлъыхьыр щапхъэкIэ яригъэлъэгъуну: кубым и модель, куб цIыкIухэр кIэрахъуэу хэту ищIыну и ужь ихьащ. Ауэ ар кIэрахъуэу къэбгупсысыныр гугъуу къыщIэкIащ. 

Кадетхэм яхуозэ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къуэдзэ Бахъуэ Аслъэн «Нэхъыжьхэм я чэнджэщхэр» хэкупсэ Iуэхум хыхьэу яхуэзащ Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №7-м полицэм щиIэ кадет классхэм щеджэхэм.

Къэрал ныпыр школ пщIантIэм щаIэту зыщIадза зэIущIэр зэIухауэ екIуэкIащ. КъулыкъущIэр ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ IэщIагъэр къызэрыхихамрэ абы пыщIауэ къикIуа гъуэгуанэмрэ. АдэкIэ абы кадетхэм яфIэгъэщIэгъуэн упщIэхэм жэуапхэр яритащ.

Акъыл жан

Апхуэдэ фIэщыгъэ иIэу иджыблагъэ зэIущIэ-зэпеуэ хьэлэмэт щекIуэкIащ Бахъсэненкэ (Къэсейхьэблэ) и курыт еджапIэ №3-м хэт сабий садым.
ЗэIущIэр къызэригъэпэщащ илъэс куэд хъуауэ мыбы щылажьэ егъэджакIуэ-гъэсакIуэ Къущхьэкъан Тоня. Зэпеуэр теухуат адыгэ бзылъхугъэм и хьэл-щэныр, нэмысыр, цIыху хэтыкIэр, зэфIэкIхэр къэгъэлъэгъуэным.

Адыгэшым и махуэр яубзыхуакIэщ

ЩэкIуэгъуэм и 9-м Адыгэ республикэм щызэхэт «Шу Хасэ» зэгухьэныгъэм, Адыгэ республикэм и гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым, «Адыгэ Хасэ – Черкесский парламент» зэгухьэныгъэм я нэIэ щIэту, Мейкъуапэ щызэхэтащ «Адыгэшыр – дунейпсо хъугъуэфыгъуэщ» стIол хъурейр.
 ЩIэджыкIакIуэхэм гу лъатэну дыхуейщ зэIущIэм и цIэм: «Адыгэшыр – дунейпсо хъугъуэфIыгъуэщ». Иджыри къэс лъэпкъыцIэр зезыхьэ псущхьэр хъумэныр къэралкIуэцI Iуэху къудейуэ щытамэ, иджы абы и фIагъым зэрызиубгъум къыхэкIыу, къару нэхъыбэ ирахьэлIэ щIэныгъэлIхэм.

ЗэпкърытхъыкIэр зыхуэдэр

Уахэ жыжьэм увыIэгъуэ зимыIэу кIэлъыплъ астрономхэм къызэралъагъурэ куэд щIакъым «мащэ кIыфIым» (чёрная дыра) гъунэгъу зыхуэзыщI вагъуэм и зэпкърыхукIэр зыхуэдэр.

Зэманым декIу

КъБР-м и ЩIалэгъуалэ Правительствэм щэнхабзэмкIэ и министр, Къалэн куэд щагъэзащIэ центрым и лэжьакIуэ Хьэгъэжей Иринэ диплом плъыжькIэ къиухащ КъБКъУ-м и Инженер-техническэ факультетыр (иджы АрхитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ институтыр). 

Уахэ телъыджэ

    ЗэщIэузэдарэ теплъаджэу

         Дызэрыщыгъуазэщи, Сатурн уахэм къыщыдогъуэгурыкIуэ езым нэхърэ куэдкIэ нэхъ цIыкIу планетэхэр. Абыхэм ящыщ зыр, Гиперион, и теплъэкIэ адрейхэм ещхькъым. Ар плъагъунущ и джабэхэр зэхуэмыдэрэ езыр джэдыкIэм хуэдэу хэшауэ, кумб цIыкIухэр и бащэрэ и щхьэфэр къуабэбжьабэу.

ЩIалэгъуалэ насыпыфIэ

Ди зэманым къэралым щIалэгъуалэм яхуищI гулъытэр мащIэкъым. Заужьын, я къэухьым хагъэхъуэн, щIэныгъэ зрагъэгъуэтын жыпIэмэ, зыхуейр гукъыдэжым и закъуэу къыщIэкIынщ. Куэд и уасэщ абыхэм я еплъыкIэхэр къэлъытэным хуэгъэза Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр, зэхьэзэхуэхэр зэрекIуэкIми, зэфIэкI къэзыгъэлъагъуэхэм ахъшэ саугъэтхэмкIэ зэрызыщIагъакъуэми.

Страницы

Подписка на RSS - ЩIалэгъуэ