Спорт

Дыщэ медалу плIы

Мейкъуапэ къалэм и «Уэщтын» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм дзюдомкIэ я чемпион Галстян Арсен и саугъэтхэр къэхьыным хуэунэтIа урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 12-м я бэнакIуэ 200-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 18 хъууэ, гупибгъуу гуэшауэ щытащ. 

Ди ныбжьыщIэхэм дагъэгушхуэ

Гъатхэпэм и 3-м Новгород Ищхъэрэм щызэхуащIыжащ 2010 - 2011 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм папщIэ «Футбол цIыкIур - школым» урысейпсо Iуэхум и кIэух Iыхьэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу а зэхьэзэхуэм хэтащ Налшык ­къалэм и курыт еджапIэ №33-м и гупыр, Бэлэтокъуэ Астемыррэ Атэлыкъ Азрэтрэ я гъэсэнхэр.

Шэшэным зэрыкIуэнум зыхуагъэхьэзыр

 

Кавказ Ищхъэрэм дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Шэшэным и къалащхьэ Грознэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм хэтынухэр къызэрыхах зэпеуэу щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпионату Налшык къалэм и «Спартак» стадионым иджыблагъэ щызэхашар.

Абы щызэпеуащ балигъхэр икIи я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ КъуэщIысокъуэ Идар, Замбат Къантемыр, Ало Мухьэмэд, Уянаев Мухьэмэд, Абазэ Астемыр, Апхуд Сулеймэн, Быф Идар сымэ.

Мэзкуу яхуэугъурлащ

                 Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и телеграм-каналым къызэритамкIэ, Мэзкуу и «Олимпийская деревня-80» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ ди къэралым и къалащхьэм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуэщ зы ныбжьыр илъэс 21-рэ иримыкъуа щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ.

Емкъужым и гъэсэныр къыхожаныкI

Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Емкъуж Мухьэмэд и гъэсэн щIалэ иджыблагъэ къыщыхэжаныкIащ Австрием и Линц къалэм дзюдомкIэ Гран-прим хыхьэу щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэм. Ди къэралым и командэ къыхэхам хэту абы зыкъыщызыгъэлъэгъуа Мисиров Исмэхьил зыхэта гупым ещанэ увыпIэр къыщихьащ.

Налшыкдэсхэр ятокIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мас-рестлингымкIэ и 10-нэ чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Налшык къалэм. Абы хэтащ республикэм и щIыналъэ псоми я спортсмену 100-м нэблагъэ.

Медаль тхущI къытхуахь

КИФЩI-м кикбоксингымкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я спортсмен 560-рэ, я ныбжькIэ илъэсипщIым щегъэжьауэ нэхъыжьыIуэхэри. 
Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, гуп зэпеуэм япэ увыпIэр щаубыдащ Дагъыстаным щыщхэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр етIуанэ хъуащ, ещанэр Ставрополь крайрщ. 

КъуэкIыпIэ Жыжьэм къикI хъыбар гуапэ

 «Русский» хытIыгум щыIэ къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ УФ-м и щIыналъэ 59-м я спортсмен 430-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр иIэту КъуэкIыпIэ Жыжьэм щыIащ ЗэращIэ Амир икIи и хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым (кг 92-рэ) етIуанэ увыпIэр къыщихьащ. Зэпеуэм и кIэух зэIущIэр ди щIалэм дригъэкIуэкIащ мэзкуудэс Старцев Мартин икIи бжыгъэр 0:4-уэ ар къытекIуащ.

ЦIыхур узыншэмэ, къэралри узыншэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иджыблагъэ хэтащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм щекIуэкIа зэIущIэ хэхам. Абы щыхэплъэжащ «Къэралым исхэр хъумэн, цIыхухэм я узыншагъэмрэ псэукIэмрэ егъэфIэкIуэн» къэрал проектыр зэрагъэзэщIам кърикIуахэм, зэлэжьыпхъэхэм, апхуэдэуи абы щаубзыхуащ 2030 гъэ пщIондэ къапэщылъ къалэнхэр.

КаратэмкIэ зэпоуэ

Ставрополь крайм киокусинкаймкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ а щIыналъэм и къалащхьэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Хэгъэрейхэм ягъусэу абы щызэпеуащ Астрахань областым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Дагъыстэным я спортсмену 200-м нэблагъэ.

Ди республикэм и щIыхьыр яхъумэу абы щызэуащ каратист ныбжьыщIэу 11 икIи, абыхэм ящыщу, я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Таттаевэ Аминэ (кг 40), Биткаш Ашшур (кг 40), Хомченкэ Валерэ (кг 45-рэ), Шыд Ислъам (кг 60) сымэ.

Страницы

Подписка на RSS - Спорт