Спорт

Я зэфIэкIыр Налшык щагъэлъагъуэ

Тхэквондо

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Налшык къалэм дэт «Гладиатор» спорт комплексым дыгъэгъэзэм и 1- 5-хэм щекIуэкIащ тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) Iуащхьэмахуэ и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIа 22-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэр. Абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэ 20-м я спортсмен ныбжьыщIэрэ щIалэгъуалэу 700-м щIигъу.

Спорт хъыбархэр

БэнэкIэ хуит

ФIыкIэ зыкърагъэцIыху

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, къэралым и къалащхьэм и «Олимпийская деревня-80» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ Мэзкуу бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионат. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэ зыбжанэм щыщ спортсменхэр.

ГъэщIэгъуэну къызэдожэ

Ди зэманым спортым къыхохьэ лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэнхэр. Апхуэдэщ, туфлъэ лъэдакъэ тету бзылъхугъэхэр зэдэжэныр. Уеблэмэ абыкIэ дунейпсо рекордхэри ягъэувыну хунэсахэщ. Лъэдакъэ лъагэ тет бзылъхугъэхэр зохьэзохуэ, а лъэдакъэр спортым зэран хуэмыхъуу къалъытэу. Спорт лIэужьыгъуэм цIыху куэд зыIэпишэну хунэсащ. Апхуэдэ зэдэжэм и хабзэщ сантиметри 7 мынэхъ лъахъшэ лъэдакъэ утетыныр. Языныкъуэ къэралхэм илъэс къэс зэдэжэр зэхаублэ икIи спортсмен щэ бжыгъэхэр хэту ирагъэкIуэкI.

Чемпионатым и етIуанэ медаль

Азербайджаным и къалащхьэ Баку иджыблагъэ щекIуэкIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ я 36-нэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 18-м я спортсмен 200-м щIигъу.

Къызэрыхах зэхьэзэхуэм щытокIуэ

Краснодар крайм хыхьэ Ейск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Ипщэ федеральнэ округым и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я чемпионат. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къалмыкъым, Кърымым, Севастополь, Краснодар крайм, Астрахань, Волгоград, Ростов областхэм я бэнакIуэу 140-м нэблагъэ.

УФ-м и командэ къыхэхам хагъэхьэ

Мас-рестлинг

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Урысей Федерацэм мас-рестлингымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэ­хьэ­зэхуэ иджыблагъэ Суздаль къалэм щекIуэкIащ. Я зэфIэкIхэр абы щагъэлъэгъуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 22-м я спортсмен 300-м щIигъум.

Япэ увыпIэр къехь

 БэнэкIэ хуит

Ростов областым и Красный Сулин къалэм щIыналъэхэм бэнэкIэ хуитымкIэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм             КъБР-м щыщ Прохладнэ къалэм и «Щхьэмыж» спорт еджапIэм и гъэсэн Тхьэзэплъ Къанщобий дыщэ медаль къыщихьащ. 

Ут Руслан и гъэсэным и хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым щригъэкIуэкIа зэIущIэхэр и хьэрхуэрэгъухэм къафIихьащ, и IэзагъкIэ абыхэм фIыуэ ефIэкIыу. 
 
АЛЫДЖЫКЪУЭ  Руслан.

ЩIэблэр спортым драгъэхьэхын мурадкIэ

                        Хъыбар гуапэ

Налшык къалэм дэт курыт еджапIэ №11-м иджыблагъэ къыщызэIуахащ «Авангард» баскетбол клубыр. Абы и  къызэгъэпэщакIуэхэм я мурадщ а спорт лIэужьыгъуэм щIалэгъуалэр драгъэхьэхынымкIэ, я узыншагъэр ягъэбыдэнымкIэ а клубыр къагъэщхьэпэну.

         Клубыр къызэIуахащ Налшык къалэ администрацэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и департаментым и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу икIи абы зыщызыгъэсэнур езы курыт еджапIэм щIэсхэрщ.

Гъуазджэщ, щIэныгъэщ, спортщ

Шахматхэр къытехъукIащ VI лIэщIыгъуэм щыIа «чатуранга» пасэрей индие джэгукIэм. СанскриткIэ абы «дзэ лIэужьыгъуэу плIы» жиIэу къокI, лъэсыдзэр, шууейр, пылхэр, шыгухэр хиубыдэу. Шахматым деж ахэр къыщыгъэлъэгъуащ мыпхуэдэу: лъэс, шы, пыл, ладья. Чатурангэм джэгу хъурт цIыхуиплI. VII лIэщIыгъуэм джэгукIэр Къэжэрым нэсащ, «шатранджкIэ» еджэу. Къэжэрыбзэращ «шахмат» фIэщыгъэри къызытехъукIыжар. Шахмат джэгухэм «шах» жаIэрт, пащтыхь кърагъэкIыу, «шах мат» жаIэрт, «пащтыхьыр IукIащ» жыхуаIэу. IX-X лIэщIыгъуэхэм джэгукIэр Европэм нэсащ. Шахматым и хабзэхэр нэсу щагъэбелджылар XIX лIэщIыгъуэрщ.

НэхъыжьыфIхэр къыхожаныкI

Каратэ

Балигъхэмрэ ветеранхэмрэ киокусинкаймкIэ я дунейпсо чемпионатхэр Къэзахъстаным и Алма-Ата къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ къэрал 35-м я спортсмен 650-м щIигъу.

Страницы

Подписка на RSS - Спорт