Спорт

Джэдгъэф Къантемыр къахожаныкI

Ставрополь къалэм иджыблагъэ щызэхэтащ щIыналъэхэм бэнэкIэ хуитымкIэ я зэхьэзэхуэ зэIуха. «Зэныбжьэгъугъэ» фIэщыгъэр зезыхьа а спорт зэхуэсым кърихьэлIащ 2007 - 2008 гъэхэм къалъхуа бэнакIуэхэр.

БэнакIуэ цIэрыIуэм и фэеплъ зэхьэзэхуэм

Урысей Федерацэм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, бэнэкIэ хуитымкIэ спортсмен цIэрыIуэу щыта Кудухов Бесик и урысейпсо фэеплъ зэхьэзэхуэ Краснодар къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. «Баскет-Холл» спорт комплексым къыщызэхуэсат къэралым и щIыпIэ куэдым къикIа ныбжьыщIэу 330-м щIигъу. Я хьэлъагъ елъытауэ ахэр гупипщIу гуэшауэ щытащ.

Беслъэней Темырлан псоми ятокIуэ

Самбэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым самбэмкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыжь Уэщхъун СулътIан къызэрыджиIамкIэ, Къыргъызым и къалащхьэ Бишкек иджыблагъэ щекIуэкIащ щIалэгъуалэм самбэмкIэ я дунейпсо зэхьэзэхуэ.
Бишкек и «Газпром» спорткомплексым хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ щызэпеуащ къызэрыгуэкI самбэмрэ зэзэуэным нэхъ тегъэщIа самбэмкIэ.

НыбжьыщIэхэм я зэпеуэ

Жэпуэгъуэм и 6 – 8-хэм Ингуш республикэм хыхьэ Назрань къалэм и «Магас» спорт уардэунэм Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я ныбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ.

Урысей Федерацэм и чемпион Бекъул Миланэ

ФокIадэм и 23 - 29-хэм Адыгейм и къалащхьэ Мейкъуапэ щекIуэкIа, Урысей Федерацэм щыщ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ тхэквондомкIэ (ВТФ - Олимп джэгухэм хохьэ) я чемпионатым иджыри зы гуфIэгъуэ хъыбар къытхуихьащ.

Спорт хъыбархэр

Каратэ

КомандэкIэ ещанэ увыпIэ

Краснодар крайм Урысейм каратэмкIэ и чемпионат щекIуэкIащ. Абы хэтащ щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэу 54-м къикIа спортсмен 1000-м нэблагъэ.

Багъ Идар Урысей Федерацэм тIэунейрэ и чемпионщ!

Мейкъуапэ къалэм къикIыу иджыблагъэ хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ. ФокIадэм 23 - 29-хэм абы щокIуэкI Урысей Федерацэм щыщ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ тхэквондомкIэ (ВТФ - Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) я чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен, «Пять колец» спорт академием и гъэсэн Багъ Идар.

НыбжьыщIэхэр зэхьэзэхуащ

 Краснодар крайм щрагъэк1уэк1ащ къарукIэ зыхъумэжыным пыщIа спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ ныбжьыщIэхэм я 15-нэ Урысейпсо джэгухэр . ТхэквондомкIэ спортсмен 300 щызэпеуащ абы. Ахэр ди къэралым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэ 18-м къикIат.

 Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр 24-рэ хъурт. Абыхэм ящыщу япэ увыпIэр къахьащ Сасыкъ Исмэхьил, Науржан Ясинэ, Ахмадовэ Аминэ, Мамхэгъ Эмир, ПащIэ Заурбэч, Трегубов Герман, Гупзешэ Албэч сымэ.

Олимп Джэгухэр дапщэщ къыщыунэхуар?

Пасэрей тхыдэтххэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, япэ Олимп джэгухэр екIуэкIауэ щытащ ди эрэм и пэкIэ 776 гъэм. Ахэр ехьэлIауэ щытащ пасэрей олимп тхьэхэм. Джэгухэр щекIуэкIырт Пасэрей олимпым и губгъуэхэм. ЛIэщIыгъуэ 12-м зэрынэхьэс зэман дэкIауэ, ди эрэм и 393 гъэм Олимп джэгухэр къагъэувыIауэ щытащ урым пащтыхь Феодосие и унафэкIэ. Мажусий диным епха Iуэхугъуэу хъуар IэщIыб ящIырт. 

НыбжьыщIэхэм я зыужьыпIэ

Адыгэхэм я махуэр щагъэлъапIэм ирагъэхьэлIэ­ри, Кэнжэ къуажэм къыщы­зэIуахащ боксым зыщыхуа­гъасэ спортзалыщIэ. Абы и хэщIапIэ хъуар курыт еджапIэ №20-рщ. 

Страницы

Подписка на RSS - Спорт