Спорт

НыбжьыщIэхэм я зэпеуэ

Жэпуэгъуэм и 6 – 8-хэм Ингуш республикэм хыхьэ Назрань къалэм и «Магас» спорт уардэунэм Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я ныбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ.

Урысей Федерацэм и чемпион Бекъул Миланэ

ФокIадэм и 23 - 29-хэм Адыгейм и къалащхьэ Мейкъуапэ щекIуэкIа, Урысей Федерацэм щыщ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ тхэквондомкIэ (ВТФ - Олимп джэгухэм хохьэ) я чемпионатым иджыри зы гуфIэгъуэ хъыбар къытхуихьащ.

Спорт хъыбархэр

Каратэ

КомандэкIэ ещанэ увыпIэ

Краснодар крайм Урысейм каратэмкIэ и чемпионат щекIуэкIащ. Абы хэтащ щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэу 54-м къикIа спортсмен 1000-м нэблагъэ.

Багъ Идар Урысей Федерацэм тIэунейрэ и чемпионщ!

Мейкъуапэ къалэм къикIыу иджыблагъэ хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ. ФокIадэм 23 - 29-хэм абы щокIуэкI Урысей Федерацэм щыщ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ тхэквондомкIэ (ВТФ - Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) я чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен, «Пять колец» спорт академием и гъэсэн Багъ Идар.

НыбжьыщIэхэр зэхьэзэхуащ

 Краснодар крайм щрагъэк1уэк1ащ къарукIэ зыхъумэжыным пыщIа спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ ныбжьыщIэхэм я 15-нэ Урысейпсо джэгухэр . ТхэквондомкIэ спортсмен 300 щызэпеуащ абы. Ахэр ди къэралым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэ 18-м къикIат.

 Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр 24-рэ хъурт. Абыхэм ящыщу япэ увыпIэр къахьащ Сасыкъ Исмэхьил, Науржан Ясинэ, Ахмадовэ Аминэ, Мамхэгъ Эмир, ПащIэ Заурбэч, Трегубов Герман, Гупзешэ Албэч сымэ.

Олимп Джэгухэр дапщэщ къыщыунэхуар?

Пасэрей тхыдэтххэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, япэ Олимп джэгухэр екIуэкIауэ щытащ ди эрэм и пэкIэ 776 гъэм. Ахэр ехьэлIауэ щытащ пасэрей олимп тхьэхэм. Джэгухэр щекIуэкIырт Пасэрей олимпым и губгъуэхэм. ЛIэщIыгъуэ 12-м зэрынэхьэс зэман дэкIауэ, ди эрэм и 393 гъэм Олимп джэгухэр къагъэувыIауэ щытащ урым пащтыхь Феодосие и унафэкIэ. Мажусий диным епха Iуэхугъуэу хъуар IэщIыб ящIырт. 

НыбжьыщIэхэм я зыужьыпIэ

Адыгэхэм я махуэр щагъэлъапIэм ирагъэхьэлIэ­ри, Кэнжэ къуажэм къыщы­зэIуахащ боксым зыщыхуа­гъасэ спортзалыщIэ. Абы и хэщIапIэ хъуар курыт еджапIэ №20-рщ. 

Республикэм и хабзэхъумэхэр токIуэ

Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием и дзэхэу Кавказ Ищхъэрэ округым щыIэхэм дзэ прикладной спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ я чемпионат Зеленокумск щекIуэкIащ. 

Медалхэр яIыгъыу къагъэзэж

Краснодар крайм иджыблагъэ щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм мас-рестлингымкIэ я 15-нэ урысейпсо джэгу зэIухахэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщхэм абы ещанэ команднэ увыпIэр къыщахьащ. Зэхьэзэхуэм хэтащ къэралым и щIынэлъэу 8-м я спортсмени ­100-м щIигъу.

Ахъмэт Амир: Псоми я лъабжьэр гъэсэныгъэрщ

Спортым зыхуэзыгъасэхэм я бжыгъэм къахэхъуэ зэпытщ иужьрей илъэсхэм, дэнэ щIы­пIэкIи клубхэр, секцэхэр къы­щызэIуах. Адэ-анэ нэхъыбэм къагурыIуэ хъуащ сабийр уэрамым зыщыIууэнкIэ хъуну ­мыхъумыщIагъэхэм пэIэщIэ щIы­нымкIэ спортым иIэ мы­хьэнэр зыхуэдизыр. Нобэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэзгъэзащ Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спортакадемием и унафэщI, УФ-м щIыхь зиIэ и тренер, Налшык къалэ округым щIыпIэ само­управленэмкIэ и Советым и ­депутат Ахъмэт Амир. 

Страницы

Подписка на RSS - Спорт