Спорт

Шабзауэхэр зэпеуащ

Налшык щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и шабзауэхэм я чемпионат зэIуха. Кавказ Ищхъэрэм и нэхъ спортсмен лъэрызехьэу 70 мыбы хэтащ. А псоми ятекIуащ ди республикэм и командэр.
Псом япэу къыхэгъэщыпхъэщ текIуэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIар зи узыншагъэм сэкъат иIэ ди спортсменхэм. Дагъуэ зимыIэхэм зыкIи зыкъыкIэрамыгъэхуу зэхьэзэхуэм хэтащ ахэр. 

Спорт

Оренбург и спорт комплексым щекIуэкIащ «Евразием и кубок» зыфIаща, дзюдомкIэ III Дунейпсо зэхьэзэхуэр. Абы хэтащ Урысейм и щIыналъэхэм, апхуэдэуи, Узбекистаным, Къэзахъстаным, Таджикистаным, Къыргъызым щыщ ныбжьыщIэ 800-м нэблагъэ.

Кавказ Ищхъэрэм и гупыр етхуанэщ

Налшык къалэм и «Спартак» стадионым щекIуэкIащ Ар хыхьэрт футбол цIыкIумкIэ турнир КъызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ ведомствэхэм я спартакиадэм. Абы хэтащ Урысей МЧС-м и КъуэкIыпIэ Жыжьэ, Приволжскэ, Ищхъэрэ КъухьэпIэ, Кавказ Ищхъэрэ, Сыбыр, Урал, Центральнэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм я командэхэр.

Спорт хъыбархэр

Баскетбол

Ди командэм и ехъулIэныгъэ

Краснодар щIыналъэм щекIуэкIащ баскетболымкIэ Кавказ Ищхъэрэмрэ Ипщэмрэ я щIыналъэ зэхуаку турнир. Абы хэтащ илъэс 16 нэхърэ мынэхъыжь хъыджэбз цIыкIухэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ пщащэхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ.

ТекIуар адэкIэ мэкIуатэ

  Налшык къалэ дэт «Гладиатор» спорт комплексым мэлыжьыхьым и 29 - 30-хэм щекlуэкlащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ хэгъэгухэм я спортсмен ныбжьыщIэхэм тхэквондомкlэ я зэпеуэ (ВТФ).

Кадетхэмрэ (2010 - 2011 гъэхэм къалъхуахэр) нэхъыщIэхэмрэ (2012 – 2013 гъэхэм дунейм къытехьахэр) щызэхаша зэIущIэм хэтащ спортсмен 200-м щlигъу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и гупым щыщу зэпеуэм зи Iэзагъэр къыщызыгъэлъэгъуа Хьэщыкъуей Руслан ещанэ увыпIэр къихьащ. И хьэлъагъ елъытауэ (килограмм 32-рэ) ар зыхэхуа гупым спортсмен 16 хэтащ.

Ульбашев Iэдэм и етIуанэ увыпIэ

         Каспийск къалэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Ар еплIанэу ирагъэкIуэкIащ Суракат Асиятилов и фэеплъу. Мыбы хэтащ илъэс 21-рэ нэхъ мынэхъыжь спортсмен 200-м нэблагъэ. Урысейм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым къищынэмыщIауэ, Белорусым, Ираным, Къэзахъстаным, Къыргъызым, Армением къикIа бэнакIуэхэри щымэщIакъым.

ХъуэпсапIэхэр нахуапIэ мэхъу

БодибилдингымкIэ дунейпсо чемпион, КъБР-м физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Лъагъуэдыгъу Рамзес ящыщщ ерыщу зи хъуэпсапIэхэр зэзыгъэхъулIэну хущIэкъухэм. Дэзыхьэха спорт лIэужьыгъуэм езэши щхьэхи имыщIэу зэрызыхуигъэсарщ ар и лъагапIэхэм нэзыхьэсар.

ПсынщIэу шахмат джэгунымкIэ зэпоуэ

Мы спорт лIэужьыгъуэмкIэ республикэм нэхъ зэфIэкI щызиIэхэр иджы 13-нэу ягъэбелджылащ.
Джэгугъуэ бгъуэрыбгъуэкIэ зэрыгъэунэхуа иужь, япэ увыпIэр Налшык щыщхэу Елъкъэн Давид, етIуанэр Щыхьмырзэ ФатIимэ къахьащ, ещанэ хъуащ Прохладнэ къалэм къикIа Вулах Валерий.

Инвестицэм нэхъыбэ къыдегъэхьэхын

Минеральные воды къалэм Кавказым и япэ инвестицэ гъэлъэгъуэныгъэ щызэхэтащ. Ар иригъэкIуэкIащ Урысейм и Премьер-министр Мишустин Михаил, къэралым спортымкIэ и министр Матыцин Олеги кърихьэлIэу.

Шыгъажэхэр яублащ

Хабзэ зэрыхъуам тету, Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэ майм и япэ махуэм шыгъажэхэр Налшык щаублащ. Мыр адрейхэм къащхьэщокI. Мэзкуу и шыгъэжапIэ нэхъыщхьэр къызэрагъэщIэрэщIэжым къыхэкIыу пIалъэкIэ зэхуащIащи, къалащхьэм и шы нэхъыфIхэр ди деж къыщагъэжэнущ. Шэч хэмылъыу, мыбы щызэхэтыну зэхьэзэхуэхэр абы нэхъ гъэщIэгъуэн ищIынущ.

Страницы

Подписка на RSS - Спорт