Спорт

КИФЩI-м и зэхьэзэхуэм хэтынухэщ

Налшык и «Спартак» стадионым щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым дзюдомкIэ и республикэпсо зэхьэзэхуэ. Ар хуэгъэзауэ щытащ Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм щыщ спортсмен ныбжьыщIэхэм я зэпеуэм ягъэкIуэнухэр къыхэхыным.

ТекIуэныгъэ къахьащ

Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мей­къуапэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм ушу спорт лIэужьыгъуэмкIэ и чемпионатрэ бжьыпэр убыдынымкIэ къэрал зэхьэзэхуэрэ. Абы хэтащ Ростов областым, Адыгейм, Краснодар крайм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Донецк ЦIыхубэ Республикэм щыщ спортсмени 130-рэ.

ТIыбгэ и Iэшэлъашэм

Мы фIэщыгъэр зезыхьэ Iуащхьэр Адыгэ Республикэм и бгыщхьэхэмкIэ щыIэщ. Метр 3064-рэ и лъагагъщ. Кавказ биосферэ мэзкъуэдым и щIыналъэм хохьэ. Нэхъ пыухыкIауэ жытIэмэ, Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэмкIэ къыщыхэхуэж МэлкIапэ псы бгъунж цIыкIур къыщежьэхэмкIэ щыIэщ. ТIыбгэ и бгъуапIэу и нэхъ IуплъапIэр Мейкъуапэ удэту уолъагъу.

НыбжьыщIэхэм я зэпеуэ

НыбжьыщIэхэм  я  зэпеуэ

Хабзэхъумэхэм я зэпеуэ

Урысейм и Лъэпкъ гвардием Налшык къалэм щригъэкIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм IэпщэрыбанэмкIэ и зэхьэзэхуэ.

Темботымрэ Каблоевымрэ Италием щытокIуэ

КъБР-м щыщ бэнакIуэхэм Италием и чемпионатым бжьыпэр щаубыдащ.

КъБР-м и командэ къыхэхам и ехъулIэныгъэ

Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм атлетикэ псынщIэмкIэ и чемпионат Ставрополь къалэм щекIуэкIащ.

НэхъыфIхэм ящыщщ

Шабзэ

Урысейпсо зэхьэзэхуэр къапоплъэ

СпортымкIэ мастер, дунейпсо класс зиIэ, КъШР-м и депутату, дунейм самбэмкIэ и чемпиону щыта Къуныжь Мухьэмэд и фэеплъ урысейпсо зэпеуэ Черкесск къалэ щекIуэ­кIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм а зэхьэзэхуэм медалитху къыщахьащ. 

ЩIыналъэ зэхьэзэхуэ

Налшык къалэм щекIуэкIащ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ зыхэта, Къэбэрдей-Балъкъэрым стIолыщхьэ теннисымкIэ и чемпионат.
ЦIыхубзхэм я деж япэ щыхъуащ Котовэ Анастасие, етIуанэщ Дэхъу Дисанэ, Тазиевэ Даринэ ещанэщ.
ЦIыхухъухэм я деж бжьыпэр щиубыдащ Чимбарцев Владислав, Чэгъэду Ислъам етIуанэщ, ещанэ увыпIэр къихьащ Сибэч Къантемыр.

Страницы

Подписка на RSS - Спорт