Спорт

Дэрэжэгъуэ къуитрэ узыIэпишэу

Грознэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МЧС-м и Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм IэпщэрыбанэмкIэ я чемпионат.

Шэшэным щытокIуэ

Грознэ къалэм  дэт «Олимпийск» спорт комплексым щекIуэкIащ Урысейм и ФСИН-м IэпщэрызауэмкIэ  и чемпионатым  и кIэух зэIущIэхэр. Абы и медаль нэхъыщхьэхэм щыщIэбэнащ IэнатIэм и щIыналъэ къудамэхэм я командэ 34-м хэта зауэлI 200-м щIигъу. Я хьэлъагъ елъытауэ цIыхухъухэм я гупыр бгъууэ, цIыхубзхэм яйр блыуэ гуэшауэ щытащ.

Ди бэнакIуэхэр къалащхьэм щытокIуэ

Мэзкуу къалэм дэт «Олимпийская деревня-80» спорт комплексым щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ къалащхьэм и зэхьэзэхуэ. Абы и алэрыбгъухэм саугъэт нэхъыщхьэхэм щыщIэбэнащ зи ныбжьыр илъэс 16-17-м итхэр. 

Ди республикэм бэнэкIэмкIэ школым и гъэсэнхэм зэхьэзэхуэм зэфIэкI лъагэхэр къыщагъэлъэгъуащ.   КъБР-м икIа спортсменхэм абы къыщахьащ медаль зэмылIэужьыгъуэу 5.

ГТО-р къызэрапщытэ Iэмэпсымэхэр

 «Спортыр гъащIэм и мардэщ» къэрал проектым и гъэзэщIэным къызэщIиубыдэу 2019 гъэ лъандэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щокIуэкI ГТО-м и мардэхэр къыщапщытэ спорт ухуэныгъэхэр зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр.

Ласицкене текIуэныгъэкIэ къыщIедзэ

Метревели Слава и цIэр зрихьэу Сочэ дэт стадионым щекIуэкIащ атлетикэ псынщIэмкIэ Урысейм и командэ чемпионат. Абы хэтащ лъагэу дэлъеинымкIэ олимп чемпион Ласицкене Марие.

ЕтIуанэ бгъэдыхьэгъуэм сантиметри 194-рэ хъу лъагапIэр къызэзынэкIыу пашэныгъэр зыубыда спортсменкэ цIэрыIуэр пэрыхьащ сантиметр 20I-м. АрщхьэкIэ лъэхъэнэм и ехъулIэныгъэ нэхъыфIым ар зэкIэ щхьэпрылъыфакъым.  

ДзыхьмыщIым и фэеплъ зэхьэзэхуэ

Налшык щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и щIалэгъуалэ зэхьэзэхуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм дэт «Гладиатор» универсальнэ спорт комплексым и алэрыбгъухэм щызэбэна зи ныбжьыр илъэс 24-м нэблагъэ спортсменхэм я зэIущIэхэр фэеплъ хуащIащ ДзыхьмыщI Мухьэмэд.

Ди щIалэхэр къыхожаныкI

Накъыгъэм и 31-м къыщыщIэдзауэ мэкъуауэгъуэм и 6 пщIондэ Коми Республикэм щекIуэкIащ атлетикэ хьэлъэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ куэдым къикIа зи ныбжьыр илъэс 15 - 23-м ит спортсмен ныбжьыщIэ 250-м щIигъу.

Снайпер цIэрыIуэм и фэеплъ зэхьэзэхуэ

Техник ныбжьы­щIэхэм я стан­цым, Нало Залым и цIэр зэрихьэу Нарткъалэ дэтым, щекIуэкIащ пневмат фочымкIэ нэщанэ еуэ­нымкIэ Аруан ­районым и зэ­хьэзэхуэ. Ар фэ­еплъ хуащIащ Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щы­зэрихьэу хэта Жамборэ Щэуал. Абы и фэеплъ зэхьэзэхуэм хэтащ Аруан ­районым и курыт еджапIэхэм щIэсхэр.

ЗэфIэкI лъагэхэр къагъэлъагъуэ

Мэзкуу областым хыхьэ Ершовэ щIыпIэм щекIуэкIащ лIэужьыгъуэ псори щызэхуэхьэса каратэмкIэ Урысей Федерацэм и кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэ. 

Урысейпсо зэхьэзэхуэ

 Налшык къалэм и «Спартак» стадионым щекIуэкIащ Урысей МЧС-м къэралым и щIыналъэхэм щиIэ управленэ нэхъыщхьэхэм я командэхэм футбол цIыкIумкIэ я урысейпсо чемпионат. Зэхьэзэхуэм хэтащ командий.

Страницы

Подписка на RSS - Спорт