Спорт

Медалхэм ахъши щIыгъуу

Мэзкуу къалэм и «Лужники» куейм самбэмкIэ щыIэ дунейпсо центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ «ЛокоДзюдо-2023» урысейпсо зэхьэзэхуэм и кIэух зэпеуэр. Абы хэтащ республикэм и «Локомотив» командэр икIи медалитху абы къыщихьащ.

Мейкъуапэ зыхуагъэхьэзыр

Кисловодск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Ставрополь крайм кикбоксингымкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэ­хьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Хэгъэрейхэм нэмыщI, зэпеуэхэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэ­сым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Ростов областым я лIыкIуэ­хэр, я ныбжькIэ илъэсий хъухэм къыщыщIэдзауэ нэхъыжь­хэмрэ. 

ЕтIуанэми дыщытокIуэ

Гъэ джэгугъуэщIэм жы­джэру зыхуэзыгъэхьэзыр ди «Спартак-Налшык»-р ЕсэнтIыгу къалэм щыIэу етIуанэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ ири­гъэкIуэкIащ щIышылэм  и 31-м. А махуэм ар IущIащ Таганрог къалэм и «Форте» командэм.

Шэрий Иналбэч къахожаныкI

Красноярск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ Ярыгин Иван и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIа 35-нэ дунейпсо зэхьэзэхуэр.

Медаль куэд къытхуахь

Дон Iус Ростов къалэм щIышылэм и 26 - 27-хэм щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондомкIэ (ВТФ) «Доным и Кубокыр» къэхьыным хуэунэтIа 7-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 39-м я спортсмен 1500-м нэблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм псори зэхэту медаль 21-рэ зэхьэзэхуэм къыщихьащ, абы щыщу 12-р япэ махуэм.

Шахмат псынщIэмкIэ зэпоуэ

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Кубокыр шахмат псынщIэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэр. Ди республикэм и шахматистхэм нэмыщI, абы хэтащ Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Ингушым, Ставрополь крайм я лIыкIуэхэри - псори зэгъусэу спортсмени  103-рэ.

         Зэпеуэхэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь япэ увыпIэр иратащ ТекIуий Эмир, етIуанэ хъуащ Джэдгъэф Чэмал, Щыхьмырзэ ФатIимэ ещанэщ.

Ласицкене Марие лъагапIэхэр и щIэщыгъуэжкъым

Урысейм и «ГЦОЛИФК» спорт университету Мэзкуу къалэм дэтым иджыблагъэ щекIуэкIащ атлетикэ псынщIэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ар къызэрагъэпэщат Дьячков Владимиррэ Озолин Николайрэ я фэеплъу. 

Хьэщпакъ Хьэбий и цIэ лъапIэр

ЩIышылэм и 24 – 29-хэм Красноярск къалэм щекIуэкIынущ Ярыгин Иван и Кубокыр бэнэкIэ хуитымкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

Урысей чемпионатым къыщыхэжаныкIахэр

Мэзкуу щIыналъэм хыхьэ Наро-Фоминск къалэм щIышылэм и 18 - 20-хэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и чемпионат. Зэхьэзэхуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэ нэхъ лъэщхэри икIи екIуу абы зыкъыщагъэлъэгъуащ.
Уэзрэдж къуажэм щыщ Кабалоев Виталий зыхэта гупым (кг 55-рэ) япэ махуэм щытекIуащ икIи апхуэдэ щIыкIэкIэ Урысей Федерацэм тхуэнейрэ и чемпион хъуащ. Дыщэ медалыр ди щIалэм къыфIихьащ Краснодар крайм и бэнакIуэ Осипов Амаяк, зэIущIэм и бжыгъэр 2:1-уэ.

Май щIыналъэм щыщхэр къахожаныкI

Май щIыналъэм и администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Мэремкъул Разимэ и фэеплъу Налшык къалэм боксымкIэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэм куейм и гъэсэнхэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрагъэхьащ. 
ЩIыналъэм и боксерищ хэтат зэпеуэми, Iыхьэншэ зыри хъуакъым. Я хьэлъагъ елъытауэ щызэуа гупхэм япэ увыпIэр щаубыдащ Сокъур Ренатрэ Иналрэ, Самойлов Михаил дыжьын медалыр къихьащ. 
ЩIалэхэр зыгъэсэр Доминов Геннадийщ.

Страницы

Подписка на RSS - Спорт