Календарь событий

01 сентября 2021

Парламентым нэхъыфIхэр щагъэлъапIэ

КъБР-м и Къэралыгъуэмрэ республикэм и къалащхьэм и махуэмрэ и пэ къихуэу, шыщхьэуIум и 31-м рес­публикэм и Парламентым щагъэлъэ­-пIащ щIыналъэм и хабзэу­бзыху органым, парламентаризмэм, щэнхабзэм, узын­шагъэр хъумэным, егъэ­джэныгъэм, социальнэ политикэм, экономикэм, щIыуэпсыр хъу­мэным, жылагъуэ гъащIэм, нэ­гъуэщI унэ­тIыныгъэхэм я зыу­жьы­ныгъэм хэлъ­хьэныгъэфI хуэзыщIа, къыхаха Iэ­щIа­гъэм хуэпэж лэжьа­кIуэ пажэхэр.

ЦIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ я мурадыр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек шыщхьэуIум и 30-м лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ политикэ ­партхэм я щIыналъэ къудамэхэм я уна­фэщIхэм.

Лъахэм и зыужьыныгъэм хущIэкъухэр

Хабзэ зэрыхъуам тету, фокIадэм и 1-м, КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щIыхь, фIыщIэ тхылъхэмрэ къэрал дамыгъэхэмрэ яритащ зыпэрыт ­IэнатIэм къыщыхэжаныкIа IэщIагъэлI пажэхэм. 

Мыхьэнэшхуэ зиIэ гуфIэгъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек

Республикэм и махуэм теухуа и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Нобэ дэ догъэлъапIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ гуфIэгъуэ - Республикэм и махуэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал ухуэкIэр, жылагъуэ-политикэ и лъэныкъуэкIэ зы­тетыну мардэхэр зыхуэдэнур а махуэрщ щаубзыхуар икIи республикэм и тхыдэ ­гъуэгуанэр абы епхащ, ар зэкъуэтынымрэ зэрыIыгъынымрэ, зэныбжьэгъунымрэ зы­зэхэщIыкIынымрэ я дамыгъэщ.