Календарь событий

14 сентября 2021

Къэрапсо зэпеуэр къапоплъэ

ФокIадэм и 10-11-хэм Волгоград къалэм щекIуэкIащ «Динамо» урысейпсо физкультурэ спорт зэгухьэныгъэ и къэрал зэхьэзэхуэ. Абы и саугъэтхэмрэ Урысейм и зэхьэзэхуэм кIуэну Iэмалымрэ щIэбэнащ зи ныбжьыр илъэс I5-I7-м ит щIыналъэ 27-м къикIа спортсмен 400-м щIигъу.

Адыгэ лъэпкъым и цIыху щэджащэ

УФ-м щIыхь зиIэ и юрист, щIэныгъэлI цIэрыIуэ, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэ Къалмыкъ Юрэ Хьэмзэт и къуэр  (I934-I997)   Урысей Федерацэм и иджырей тхыдэм лъэужь ин къыщызыгъэна хэкулIщ. 

Кавказ расэ

Инджылызыбзэм «цIыху хужьхэр» мыхьэнэр къикIыу XVIII лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ нобэм къэс щIэныгъэ фIэщыгъэцIэу къигъэсбэпыр «Кавказ (caucasian) расэ» терминырщ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм иIыгъ щIы IыхьэмкIэ Урысей Федерацэм 79-нэ увыпIэр щеубыд – километр зэбгъузэнатIэ 12. 470-рэ мэхъу. ЦIыху бжыгъэм тещIыхьауэ УФ-м 60 увыпIэр щиIыгъщ, цIыху 858. 397-рэ (2014) щопсэу.
Километр зэбгъузэнатIэм цIыху 68,84-рэ тесщ. Къалэдэсхэр процент 54,I8-рэ мэхъу. Къалащхьэр Налшыкщ.
Лъэпкъхэр (2010 гъэ)
Адыгэхэр - 490453 (57,2%)
Урысхэр - 193155 (22,5%)
Балъкъэрхэр - I08577 (I2,7%)
Тыркухэр - 13965 (1,6%)
Осетинхэр - 9I29 (1,1%)
Ермэлыхэр - 5002
Украинхэр - 4800

Илъэс 20 дэкIауэ

Дзэ частыр и фIэфIыныгъэкIэ къигъанэу илъэс 20-кIэ зызыгъэпщкIуар яубыдащ.
КъБР-м щыIэ МВД-м Уголовнэ къэлъыхъуэныгъэхэмкIэ и управленэмрэ Урысейм и МВД-м и Управленэу Краснодар къалэм дэтымрэ я лэжьакIуэхэм я къалэныр щагъэзащIэм яубыдащ илъэс 20 лъандэрэ къэралым къыщалъыхъуэ, Прохладнэ къалэм щыщ, зи ныбжьыр илъэс 39-рэ хъу цIыхухъур.