25 сентября 2021
25 сентября, 2021 - 16:21
УФ-м и Правительствэм и ЗэзыгъэуIу центрым къэралым и вице-премьер Новак Александр щригъэкIуэкIа зэIущIэм республикэхэм я Iэтащхьэхэу КIуэкIуэ Казбекрэ Меликов Сергейрэ къыщыхалъхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Дагъыстэнымрэ экономикэ и лъэныкъуэкIэ зегъэужьыным ехьэлIа проект нэхъыщхьэхэр.
25 сентября, 2021 - 14:21
«Iэщ лъэпкъыфIхэм ятеухуауэ» КъБР-м и Законыр зэрагъэзащIэм иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым. ЗэIущIэр къызэригъэпэщат Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ комитетым.
25 сентября, 2021 - 12:42
Мэрем жэщым ирихьэлIэу Iуащхьэмахуэ и щыгум дунейр хуабжьу къыщызэIыхьащ: жьапщэ ин зыщIэт уэшхымрэ уэсымрэ зэхэзэрыхьыжауэ зы секундым метр 70-м нэс я хуабжьагъыу борэныр зэрызохьэ. Апхуэдэ щытыкIэм хиубыдащ Европэм и къурш нэхъ лъагэ дыдэм хуэкIуэ альпинист 19-р. Метр 5300-м нэблэгъауэ абыхэм яхуэмыхьыжыххэ хъуащ икIи икIэщIыпIэкIэ дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэу къэлъэIуащ.