Календарь событий

05 октября 2021

Дунеяплъэм и гукъэкIыжхэр

1859 гъэм   Дрезден   нэмыцэбзэкIэ   дунейм   къыщытехьауэ   щыта   дунеяплъэ   Колетани Ф. А.   и    «Шэрджэс хэкум   сызэрыщыIар»     тхылъым  и   етIуанэ  Iыхьэр   Мейкъуапэ   урысыбзэкIэ  къыщыдэкIащ.

Япэ текIуэныгъэшхуэ

 ФутболымкIэ Лъэпкъ Лигэм и етIуанэ дивизионым хыхьэу «Алания-2»-р ЕсэнтIыгу щыдэджэгуащ «Спартак-Налшыкым». Зэхьэзэхуэм  и кIэух увыпIэм щыт «хэгъэрейхэм» зэпэщIэтыныгъэр жыджэру къыщIадзащ. Япэ дакъикъэхэм щегъэжьауэ владикавказдэсхэм хьэщIэхэм я лъэныкъуэмкIэ зыщагъэбыдат. Зы ебгъэрыкIуэныгъэм адрей къыкIэлъыкIуэу налшыкдэсхэр къыхагъэзыхьырт абыхэм.
ЗэIущIэр зэрыщIидзэрэ куэд дэмыкIауэ Владикавказ и командэр япэ ищыным зымащIэщ иIэжар. «Алания-2»-м и гъуащхьауэхэм ящыщ зыр зэуа топыр ди гъуащхьэхъумэхэм угловойм ягъэкIуащ.

Зэадэзэкъуэ IэпэIэсэ

 Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм  щагъэлъэпIащ  УФ-м и цIыхубэ, КъБР-м щIыхь ¬ зи¬Iэ я сурэтыщI, республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат, Худо¬жес-твэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент, ЩIДАА-м и ¬ака-де¬мик, Красноярск Ксилогра¬фи¬ем¬кIэ щыIэ школым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI, профес¬сор Пащты Германрэ абы и къуэ,  КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Пащт-Хъан Алимрэ я творчествэр  фIыуэ зылъагъухэмрэ  изобразительнэ гъуазджэм дихьэххэмрэ я зэIущIэ.  

Зэманым декIу пасэрей хабзэ

Налшык дэт «Акрополь» уардэунэм  иджыблагъэ  щызэхуащIыжащ  «Зэныбжьэгъугъэ»  Iуэху дахэр.  

Тхьэмахуэ хъуауэ екIуэкI  проектым унагъуэ 18 хэтащ.  А дауэдапщэм къекIуэлIа  ныбжьыщIэхэр   зызэщамыгъэнщIу зэрызэбгъэдэсыр нэрылъагъут.

Вагъуэхэм куэд къыбжаIэ

(къыпыдощэ Къашыргъэ Назир
зэхуихьэсыжа вагъуэцIэхэхэм)

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ
ЕгъэджакIуэм и дунейпсо махуэщ
Дохутырым и дунейпсо махуэщ
Архитектурэм и дунейпсо махуэщ
ПсэупIэм и дунейпсо махуэщ
УФ-м щIэпхъаджащIэхэр къэлъыхъуэным пыщIа и IэнатIэм и  лэжьакIуэм и махуэщ.
1918 гъэм цIыхубэ комиссариатым и унафэкIэ РСФСР-м къыщызэрагъэпэщащ уголовнэ Iуэхухэм елэжьыну къудамэхэр.
Адыгэ Республикэр къыщызэрагъэпэща махуэщ
Португалием щагъэлъапIэ Республикэм и махуэр
Лъэсу къэкIухьыным и урысейпсо махуэщ

Къэрэндащми гъуэгуанэ къикIуащ

    Пасэм, мывэ лъэхъэнэм, щакIуэ гуэрым мывэ папцIэкIэ бгъуэнщIагъым къыщритхъат цIыхухэмрэ псэущхьэхэмрэ я тхыпхъэ. Зэманыр кIуащ…  Тхыбзэр къежьащ. Ассирием тхыбзэ дамыгъэхэр  пхъэ упсакIэ ятIэ псыфым къыхэщIыкIа жыпхъэм къыщратхъэрт, итIанэ ар мафIэм ирагъэужырт.
ЩIыр къазэрыхуэупсар

Балеринэм и гупсысэ

Дахэу, щабэу зелъатэ хьэндырабгъуэм ебгъэщхь хъунущ балетым къыщыфэ хъыджэбзыр. Ари а хьэндырабгъуэм хуэдэу Iэсэлъасэщ, пшэм лъапэпцIийуэ къыщикIухь фIэкI умыщIэну сакъщ. АбыкIэ щапхъэу диIэщ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, КъБР-м и Музыкэ театрым и къэфакIуэ пажэ Щэбэтыкъуэ Юлианэ.