Календарь событий

14 октября 2021

«Гу лъыдмытэжурэ, ди гъащIэр Ди сабий щхьэцхэм уэшхыу пыжт»…

ХъэтI щIэщыгъуэ зиIэ усакIуэм къегъэщI дуней гурыхь. Къуныжь ХьэIишэт и дэтхэнэ усэми дунеишхуэм и плIанэпэ зэрызыххэм къыдиха хъуаскIэ хэлъу къыпфIощI. Уафэри, щIылъэри, мэзри, псыежэхри, гъэм и теплъэгъуэхэри - псоми ятелъу уолъагъу усэбзэм и Iуданэ зэмыфэгъукIэ хэдыкIа тхыпхъэхэр. Сыт щипIыр Къуныжьым и усэхэм? Сыт ар зытетхыхьыр? ЩIыуэпсым, адэ-анэм, лъагъуныгъэм, сабиигъуэм, жьыгъэм, усакIуэм и гъащIэм, жэщымрэ махуэмрэ, лъахэм, лъэпкъым, бзэм… Куэдым… куэдым. Усэ къэси хьэл гъэщIэгъуэн иретыф.

Анадолэ адыгэм и псалъалъэ

Узун-Яйлэ адыгэхэм я дауэдапщэ – джэгу псалъалъэм щыщ

УсакIуэм и хъыбарегъащIэ

УсакIуэ гуэрым ныбжьэгъу хьэрычэтыщIэ иIэт. ХьэрычэтыщIэм и Iуэхухэр хъарзынэу кIуатэрт. Нэхъри зригъэубгъун папщIэ нэгъуэщI щIыпIэхэми зэщIылъигъэIэсыну мурад ищIащ. Абы папщIи и унэ лъапсэр ищэу, Iэпхъуэну и гугъэт. Ар усакIуэм елъэIуащ и унэр зэрищэжымкIэ хъыбарегъащIэм, газетым къытридзэн папщIэ,  тIэкIу хухэплъэжыну.

УнагъуэцIэхэм къахэна лъэужьхэр

Сыт хуэдэ лъэпкъми къызэщIиубыдэ унагъуэцIэхэм    я нэхъыбэм къахощ ахэр зезыхьэ цIыхухэр нэхъапэIуэкIэ зэлэжьу, зыщыщу, дэзыхьэхыу щытахэм я лъэужьхэр. Адыгэхэми  мымащIэу къытхэтщ къызытекIар апхуэдэу нэрылъагъуу  къозыгъащIэ унэцIэхэр. Гурыгъуазэу сызыхэплъа унэцIэ мащIэм къахэзгъуэтащ зи гугъу сщIыхэм хуэди, «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм садогуашэ. Хэт ищIэрэ, зыгуэрхэр си тхыгъэм къыпэджэжынкIи хъунщ.
1.    ЛъэпкъыцIэхэм къатехъукIа унэцIэхэр:

«Удзыфэхэм» я унафэщI УнащIэ Джем

  Хамэ   щIыналъэ   цIэрыIуэ    щыхъуа     адыгэхэм     язщ   Германие    къэралыгъуэм     и    жылагъуэ      лэжьакIуэ,    «Удзыфэхэм  я   парт»  зэгухьэныгъэм        щыпашэ       Оздемир (УнащIэ) Джем.

ЩIыналъэхэм я чемпионхэр

Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм футбол академиехэмрэ спорт школхэмрэ я ныбжьыщIэ командэхэм  я зэхьэзэхуэр иухащ. Ди республикэм щыщу Урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм хэтащ Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ олимп резервым и школ хэхар, «Спартак-Налшык» ПФК-р, «Школа №3I-ФШ «Налшык» командэр.

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 14
Махуэку

Мардэхэм я дунейпсо махуэщ
1860 гъэм
Петербург опернэ театр къыщызэIуахащ.
1964 гъэм Брежнев Леонид КПСС-м и ЦК-м и Секретарь Нэхъыщхьэ къулыкъум ягъэуващ.
1948 гъэм къалъхуащ режиссёр, КъБР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Темрокъуэ Риммэ.

*Дыгъэр къыщIэкIынущ сыхьэти 6-рэ дакъикъэ I8-м, къухьэжынущ сыхьэт 17-рэ дакъикъэ 25-м.
*Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэт 11-рэ дакъикъэ 7-рэ.

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и транспорт системэм зегъэужьын» къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

202I гъэм жэпуэгъуэм и 5-м
Налшык къалэ           №I97-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и транспорт системэм зегъэужьын» къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм шыщхьэуIум и I7-м къищта унафэ №I79-ПП-м, мыбы дэщIыгъу  зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэныр къэщтэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI                                         Мусуков Алий